«Мэртэзей» жыг хадэ.

Иджыблагъэ Тэрч къалэм къы­щызэIуахащ «Мэртэзей» жыг хадэ зыгъэпсэхупIэр.
А Iуэхум хэтащ КъБР-м и Прави­тельствэм и унафэщI Мусуков Алий, Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщI Дадэ МуIэед, щIыналъэм ис нэхъыжьхэм я Советым и тхьэмадэ Хьэжу Анатолэ сымэ, нэгъуэщIхэри.
ХьэщIэхэр фIэхъус псалъэкIэ къригъэблэгъа нэужь, Дадэ МуIэед жи­Iащ 2017 гъэ лъандэрэ яухуэ зыгъэ­псэхупIэр зэрызэфIагъэхьар. Дадэм къыхигъэщащ КъБР-м и унафэщIхэм я фIыщIэкIэ щIыналъэр федеральнэ программэ зыбжанэмрэ лъэпкъ ­проектхэмрэ зэрыхагъэхьар. Абы фIыщIэ яхуищIащ паркыр зыухуа «СК-Строй» IуэхущIапIэм и лэ­жьакIуэхэм. Лэжьыгъэр зыхуей хуэзэу зэрызэфIахам папщIэ абыхэм иратащ щIыналъэ администрацэм къыбгъэдэкI щIыхь тхылъхэр.
Мусуков Алий Тэрч щIыналъэм щыпсэухэм ехъуэхъуащ, узыншагъэ, дэрэжэгъуэ щымыщIэну, жыг хадэр цIыху кIуапIэ хъуну. Правительствэм и УнафэщIым я цIэ къриIуащ илъэс куэд ипэкIэ мы къалэм и паркым и ­лъабжьэр зыгъэтIылъахэм. Абы къыхигъэщащ мы зэманым щIыналъэм унэтIыныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэмкIэ зыужьыныгъэ зэригъуэтым ущымыгуфIыкIынкIэ Iэмал зэримыIэр.
«СК-Строй» ухуакIуэ IуэхущIапIэм и унафэщI Быж Суфьян зэрыжиIамкIэ, 2019 гъэм зыгъэпсэхупIэ хадэм ехьэлIа лэжьыгъэм и ещанэ (иужьрей) Iыхьэр гъэзэщIэным яужь ихьэри, ­къарууэ яIэр ирахьэлIащ: метр зэб­гъу­зэнатIэ 280-м ­асфальт тралъхьащ, плиткэ екIухэр метр зэбгъузэнатIэ 580-м иралъхьащ, гъуэгубгъухэм уэздыгъэ щагъэуващ. Абы къищы­нэмыщIауэ, паркым жыгыщIэ цIыкIу­хэр хагъэтIысхьащ, итахэр яухъуэн­щIащ. Псори зэхэту зыгъэпсэхупIэ паркым гектарищым нэблагъэ хуха­хащ.
Къалэхэр зэIузэпэщ щIыным теу­хуа къэрал программэм и фIыгъэкIэ джылахъстэнейхэм ­хуаухуа зыгъэпсэхупIэ хадэм и фIэщыгъэр езы къалэдэсхэм я деж щрагъэкIуэкIа щIэупщIэмкIэ къыхахащ.
«Мэртэзей» жыг хадэр къызэрызэ­Iуахым иращIэкIа гуфIэгъуэм щIыналъэм и уэрэджыIакIуэ, къэфакIуэ гупхэр хэтащ.

Инэрокъуэ Данэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.