Балъкъэр Аслъэн и щIыхькIэ.

Фэеплъ пэкIум хэтащ Урысейм и ЛIыхъужь, Урысей Федерацэм IэщIэкIэ ЗэщIэузэда и Къарухэм я полковник, етIуанэ шэшэн зауэм хэта, Мэзкуу дзэ округым ракетнэ дзэмрэ артиллериемкIэ и унафэщIым и къуэдзэ Корольков Аркадий, Урысейм и ЛIыхъужь, Ингуш Республикэм щыIэ МВД-м и лэжьакIуэ, полицэм и подполковник Костоев Абубакар, «Мы патриоты России» урысейпсо слётым и штабым и унафэщI, Ветеранхэм я комитетым и тхьэмадэ, запасым щыIэ полковник Балъкъэр Хьэсэн, КъБР-м Зауэм, лэжьыгъэм, IэщэкIэ ЗэщIэузэда Къарухэмрэ хабзэхъумэ IэнатIэхэмрэ я ветеранхэм я советым и тхьэмадэ Шыхъуэбахъуэ Мухьэмэд, Урысейм и МВД-м Налшык къалэм щыIэ и Управленэм, «Бахъсэн» къудамэм я унафэщIхэр, муниципалитетым, жылагъуэ IуэхущIапIэхэм я тхьэмадэхэр, къыдэлэжьахэмрэ къыдеджахэмрэ, ныбжьэгъухэмрэ Балъкъэр лъэпкъым щыщхэмрэ.
- Нобэ дигу къыдогъэкIыж, и фэеплъым пщIэ худощI ди Хэкум и цIыху нэс, ди республикэм и мамырыгъэм папщIэ зи псэр зыта ди лъахэгъур,-жиIащ Бахъсэн район администрацэм и Iэтащхьэ Балъкъыз Артур къыщыпсалъэм.
Полицэм и лэжьакIуэ щIалэр хэкIуэдащ 2019 гъэм и щIышылэм ДПС-м и гупым бзаджащIэхэр къащытеуам. Дохутырхэм яхузэфIэкI къагъэнакъым, ауэ Аслъэн къахуегъэлакъым.
Абы къигъэлъэгъуа лIыхъужьыгъэм тепсэлъыхьащ хьэщIэхэр, Iыхьлыхэмрэ ныбжьэгъухэмрэ, псалъэ гуапэ куэди хужаIащ.
 ДакъикъэкIэ щымри, школакIуэхэм шар хужьхэр яутIыпщащ, усэхэм къеджащ.
Фэеплъ пхъэбгъур къызэIуахащ Балъкъыз Артуррэ Балъкъэр Хьэсэнрэ.
Балъкъэр Каринэ и щхьэгъусэм и фэеплъыр мыкIуэдыжын зыщIахэм фIыщIэ яхуищIащ.

Чылар Аринэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.