Ар зыIэщIэбгъэкI хъунт?

Урысейм Кърымыр къы­зэрыгухьэжар яхуе­гъэхыркъым а хытIыгу­ныкъуэм нэгъуэщI гуращэ хузиIахэм. Псом хуэмыдэу США-м.
IэщIагъэлIхэм зэрыжаIэмкIэ, Америкэм мурадышхуэ ищIат и дзэ ба­-зэ абы щиухуэну. Ар къэ-хъуатэмэ, хы ФIыцIэм текIыу нэгъуэщI хы те­мы­хьэфу Урысей флотыр ­даубыдэнут, зыгуэр къэ­хъу хъужыкъуэмэ и къалэныр хуэмыгъэзащIэу. Иджы зэ­рыхъуаращи, Къры­мым­рэ Севастополрэ Урысейм къызэрыгухьэжам и фIыщIэкIэ «Ис­кандер»-м и «нэIэ» щIэтщ хы ФIыцIэ Iуфэ псор, Босфори хиубыдэу. Абы къикIращи, урысеи­дзэм и кхъухьхэр хы ФIы­цIэм зыми къыщигъэувыIэфынукъым.
Кърымым щхьэкIэ Урысейр, Тыркур, США-р, Европэ Зэгухьэныгъэм хэт къэралхэр щIызэныкъуэкъум и щхьэусыгъуэр гу­рыIуэгъуэщ - а хытIыгу­ныкъуэр зейм и Iизы­нын­шэу мы щIыпIэшхуэм зы Iуэхуи щекIуэкIынукъым. Аращ лIэщIыгъуэ-лIэщIыгъуэкIэрэ мы щIыналъэм щхьэкIэ къэралхэр щIы-­зэ­зэуар. 1783 гъэм пащ­тыхь гуащэ Екатеринэ Кърым хытIыгуныкъуэр (Тавридэ), Таманыр, Псыжь лъэныкъуэр Урысейм и щIыналъэу зэригъэбелджылы Ма­нифес­тым Iэ ­зэ­ры­щIи­дзрэ, Къры­мыр къи­зэуну хэт къэ­­мыкIуами ар къе­хъу­лIа­къым - ­Урысейм ейуэ къэ­нэжащ, СССР-р лъэ­лъэжыху.
Хы ФIыцIэ флотым щхьэ­хуэу утепсэлъыхьмэ, Ук­раинэм илъэс къэс доллар мелуани 100 етту щытащ Кърымым базэ щыдиIэн щхьэкIэ. А зэгу­рыIуэныгъэм 2049 гъэ пщIондэ къару иIэныр зэрыщIагъэбыдар газым и уасэмкIэщ - Урысейм ар Украинэм зэрырищэр процент 30-кIэ нэхъ пудт. Абы къыхэкIыу Урысейм ику иту доллар мелардиплI фIэкIуэду щытати, иджы апхуэдэ хэщIыныгъэ иIэжкъым - газыр Украинэм зэрыращэр дунейм щызекIуэ уасэм хуэдизкIэщ. Доллар мелуан 15 гъэ къэс Урысейм итырт Керчь псы­­дэлъэдапIэр къигъэ­сэ­бэ­пыфын папщIэ. Зэ­рыт­лъа­гъущи, ди къэралым къы­хуэнэжыр мащIэкъым, ауэ фейдэр здэ­щы­Iэр зи гугъу тщIахэм я за­къуэкъым.
Кърымыр Урысейм къы­зэрыгухьэжам и фIыщIэщ хы ФIыцIэмрэ Азоврэ я Iуфэм щыIэ щIыдагъэ, газ гъэтIылъыгъэхэм я Iыхьэ плIанищыр ди къэралым и щIыналъэ зэрыхъужар. Къапщтэмэ, а щIыпIэхэр газкIэ апхуэдизкIэ къулейщи, Урысейми нэгъуэщI къэралхэми илъэс куэдкIэ щащэфынущ.
Мы хытIыгуныкъуэр ­къу­лейщ фIамыщIкIэ, шыгъукIэ, ухуэныгъэм къыща­гъэсэбэп мывэфIхэмкIэ, дыщэкIэ, мывэ лъапIэ­хэм­кIэ. Абы и зыгъэпсэ­ху­пIэхэм щымыгъуазэ къэ­гъуэ­ты­гъуейщ. Километр минитIрэ ныкъуэрэ хы Iуфэм щыщу я хэщIапIэ ­хъуащ узыншагъэр щра­гъэ­фIа­кIуэ, зыщагъэпсэху IуэхущIапIэ мин бжыгъэ­хэм. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, федеральнэ, щIыналъэ бю­джетхэм абыхэм хэ­хъуэш­хуэ къыхуахь.
Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: Кърымыр бейщ щэнхабзэ щIэинхэмкIэ. Къапщтэмэ, щэнхабзэ-тхыдэ фэ­еплъу хытIыгуныкъуэм щыIэщ мини 9-м нэс. Ар узэрыгушхуэнщ, нэгъуэщI къэралхэм щыщ куэд зып­лъыхьакIуэ къы­щIэ­кIуэми и щхьэусы­гъуэхэм язщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж