Мусуков Алий Правительствэм и УнафэщI къулыкъур зэдэарэзыуэ иратыж.

КъБР-м и Парламентым жэпуэгъуэм и 15-м щекIуэ­кIа зэIущIэм депутатхэм Iэ щаIэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI къу­лыкъум ягъэувыну Мусуков Алий къызэра­гъэ­лъэгъуам теухуауэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и УнафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд жи­Iащ Мусуков Алий и Iуэху бгъэдыхьэкIэм псори зэры­щыгъуазэр икIи и зэфIэкIыр дяпэкIи республикэм и зыужьыныгъэм хуигъэ­щхьэ­пэну абы зэрыщыгугъыр. «Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Правительствэм и УнафэщI къулыкъур хуигъэфащэу ­къигъэлъэгъуащ Мусуков Алий. Ар зымыцIыху къы­т­хэткъым, нэхъ ипэкIэ зыпэ­рыта къэрал IэнатIэхэм жэуа­плыныгъэ хэлъу, абы щы­гъуэми ткIийуэ лэжьыгъэр иубзыхуфу зыкъигъэ­лъэ­гъуащ. ДызэреплъымкIэ, абы и зэфIэкIыр хуиунэ­тIыфынущ республикэм и зыужьыныгъэм. Абы къы­хэкIыу тфIэкъабылт депутатхэм мы Iуэхур дэфIыгъыну», - жиIащ Къуэдзокъуэм.
Мусуков Алий псалъэ щратым, депутатхэм ехъуэхъуащ КъБР-м и Парламентым и еханэ хэхыгъуэм и лэжьыгъэм зэрыщIидзамкIэ, апхуэдэуи КъБР-м и Iэтащхьэм и дзыхь къригъэзу а IэнатIэр къызэрыхуигъэлъэгъуам папщIэ фIыщIэ зэры­хуищIыр къыхигъэща
- Пэжыр жыпIэмэ, фIыуэ зыхызощIэ ар жэуаплыныгъэ зыпылъ къулыкъуу зэрыщытыр икIи фыкъызогъэгугъэ ди мурадхэр къы­дэхъулIэн щхьэкIэ си къарум семыблэжыну, - жиIащ Мусуковым. - Иджыблагъэ ­КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек къэкIуэну илъэси­тхум ди щIыналъэм зэрызиужьыну программэр утыку кърихьащ. Абы, зэрыфщIэщи, лъэныкъуэ куэд къы­зэщIеубыдэ икIи республикэм и Правительствэм и УнафэщIым и къалэн нэхъыщхьэ хъун хуейщ цIыху­хэм я псэукIэр егъэфIэ­кIуэныр, республикэм и хэхъуэр нэхъыбэ щIыныр, шынагъуэншагъэмрэ хабзэм­рэ къызэгъэпэщыныр, нэ­гъуэщI­хэри.
Мусуковым жиIащ УФ-м и Президентым иубзыхуа лъэпкъ проектхэр гъэзэ­щIэным гулъытэ хэха зэры­хуащIынур. ЩIыналъэм и экономикэм зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхухэм нэмыщI, абы къыхигъэщащ цIыхухэм къэралыр зэрадэIэпыкъуми я нэIэ трагъэтын зэрыхуейр. «КъБР-м и Iэтащхьэм къызэрыхигъэщащи, мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэ­рыр унэтIыныгъэ зэхуэмы­дэхэмкIэ иужь итщ, къэралым адрей и щIыналъэхэм елъытауэ. Абы щыгъуэми и промышленностымкIэ, мэкъумэш IэнатIэмкIэ, туриз­мэмкIэ ехъулIэныгъэфIхэр къигъэлъэгъуэфыну Iэмал иIэщ, - жиIащ Мусуковым. - Абы къыхэкIыу республикэм и Правительствэр хэплъэ­жын хуей хъуащ социально-экономикэ зыужьыныгъэр къэзыгъэлъагъуэ программэм. Псом хуэмыдэу щIыналъэм къыщIигъэкIыр нэхъыбэ зэрищIынур абы къыщылъытащ. Къэбгъэ­лъа­гъуэмэ, щIыналъэм и IэнатIэ псори къызэщIиубыдэу программэ 25-м долэжь. Ди гугъэщ КъБР-м и Парламентымрэ Прави­тельствэмрэ а къалэн мытыншхэм зэ­гъусэу пэлъэщыну».
Депутатхэм упщIэ зыбжанэкIэ зыхуагъэзащ къэ­псэлъам. Депутат Пономаренкэ Роман щIэупщIащ зи гугъу ящI пIалъэм къриубыдэу республикэм и хэ­хъуэр зэрырагъэфIэкIуэну Iэмалхэр зыхуэдэм, лэжьыгъэ IэнатIэ мин 12-м нэблагъэ къызэрагъэпэщыну зэ­ры­траухуэм.
- КъБР-м и Iэтащхьэм иубзыхуа лэжьыгъэр зэдгъэ­хъулIэныр - ар псом хуэ­мыдэу 2025 гъэм ирихьэлIэу щIыналъэм къыщIигъэкIым хуэдитIкIэ хэгъэхъуэнымрэ лэжьыгъэ IэнатIэщIэхэр къы­зэIухынымрэ епхащи - тыншу уи нэгу къыпхущIэмыгъэхьэми, тхузэфIэмыкIын хэлъу къыщIэкIынкъым, - къыхигъэщащ Мусуков Алий. - Абы щхьэкIэ, псалъэм папщIэ, 2022 гъэм ­ирихьэлIэу республикэм къыщалэжь псоми проценти 10-кIэ хэдгъэхъуэн хуейщ. Мыбдеж куэдкIэ ущыгугъ ­хъунущ республикэм и промышленностым. Ар проценти 2,3-кIэ хэдгъэхъуэну тхузэфIэкIмэ, 2025 гъэм ирихьэлIэу а IэнатIэм къы­щIигъэкIыр сом меларди 150-м нэдгъэсыфынущ. Ап­хуэдэуи мыхьэнэшхуэ иIэщ электроэнергетикэм зэры­зе­дгъэужьым, абы бюджетым къыхуихь налогым. Мэкъумэш IэнатIэм и гугъу пщIымэ, сэ сызэреплъымкIэ, иджыпсту дызэрыхуейм хуэдэ дыдэу абы зиужьыркъым. Аращи, 2025 гъэм ирихьэлIэу хуэди 2,5-кIэ хэдгъэхъуэн хуейщ абы къыщIигъэкIым. Апхуэдэуи экономикэм и хэхъуэр зыIэтыфыну Iэмалхэм ящыщщ туриз­мэр. Абы и лъэныкъуэкIэ тщIапхъэр зэфIэдгъэкIмэ, республикэм зыгъэпсэхуа­кIуэ къакIуэхэм я бжыгъэр 2025 гъэм ирихьэлIэу цIыху мелуанрэ ныкъуэм илъэсым тхунэгъэсынущ. Дауи, апхуэдэ мурадхэр къыдэхъу­лIэныр епхауэ щытынущ инвестицэ Iуэхухэми. Шэч хэмылъу, а Iэмалхэр псори сэбэп хуэхъунущ IэнатIэ­щIэхэр къызэIуха хъунми.
КъБР-м и Парламентым ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Емуз Нинэ лъэпкъ щэнхабзэхэмрэ анэдэлъхубзэхэмрэ хъума зэрыхъунум къыщытеувыIэм, къыхигъэщащ мы зэманым школакIуэ псоми пщIэншэу зэрырамытыр зэреджэну тхылъхэр икIи щIэупщIащ абы хэ­кIыпIэу къыхуагъуэтыфынум. Мусуковым жиIащ илъэс куэд хъуауэ ныбжьы­щIэхэр пщIэншэу учебник­хэмкIэ къызэрагъэпэ­щыныр проценти 100-м зэрахунэмыгъэсыр, ауэ нэгъабэ ар процент 91-кIэ зэ­рагъэзэщIар. АрщхьэкIэ 2019 гъэм зэре­джэну тхылъ­хэм я бжыгъэм къызэрыхэхъуам гугъуехь­хэр къишэжащ икIи процент 50-м щIигъукIэ къызэрагъэпэщыфауэ аращ.
- КъБР-м и Iэтащхьэм и унафэкIэ мы гъэм сом мел­уани 180-рэ хухэтхащ тхылъ­хэр къэщэхуным. АхъшэмкIэ тхылъыщIэ мин 430-рэ зэрагъэпэщащ, анэдэлъхубзэ­хэмкIэ учебникхэри хэту (мин 47-рэ). Ауэ, зэрыжы­фIауэ, диIэщ иджыри гугъуехь­хэр, абыхэм делэ­жьын ­хуейщ, - къыхигъэщащ Мусуковым.
Депутатхэм я упщIэхэр теухуауэ щытащ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм, туризмэм, щIыналъэ те­левиденэр спутник Iэма­-лым зэрыхагъэхьэным, нэ­гъуэщI­хэми. Дэтхэнэми и упщIэм Мусуков Алий жэуап иритащ. КъыкIэлъыкIуэу ­депутатхэм зэIухауэ Iэ яIэтащ икIи псори зэдэарэзыуэ абы хуагъэфэщащ КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщI къулыкъур.
 КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ Мусуковым ехъуэхъуащ ­ехъулIэныгъэ иIэу лэжьэну.
Мусуков Алий депутатхэм фIыщIэ яхуищIащ, пщIэ зы­пылъ IэнатIэ дзыхь къызэ­рыхуащIым папщIэ.
ЗэIущIэм и етIуанэ Iыхьэм депутатхэм Iэ яIэтащ Шэ­джэм районым и суд IуэхущIапIэ №3-м и зэзыгъэкIуж хеящIэу КIагуэ Джульеттэ, Аруан суд IуэхущIапIэ №3-м - Лъэпщокъуэ Хъусен ягъэ­кIуэным теухуауэ. Ап­хуэдэуи и депутат къалэнхэр щхьэщахащ Къанокъуэ Арсен, Урысей Федерацэм и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым республикэм къыбгъэдэкIыу зэрыхагъэхьам къыхэкIыу.
КъБР-м и Парламентым Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ и комитетым ­ха­гъэхьащ Ксанаевэ Еленэ (ар иужькIэ абы и унафэщIу ягъэуващ), УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ IэнатIэмрэ гъэсыныпхъэ-энергетикэ IуэхущIапIэхэмкIэ комитетым - Кебеков Владимир, Къэпщытэныгъэмрэ регламентымкIэ, Экономикэ политикэмкIэ, зыужьыныгъэм­рэ хьэрычэт IуэхумкIэ комитетхэм - Парафилов Дмит­рий.
Депутатхэр япэ еджэгъуэу хэплъащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм лэжьыгъэ IэнатIэм щыIэ и щхьэ­хуэныгъэхэр къэзыгъэлъа­гъуэ ко­эффициентыр гъэ­бел­джы­лыным теухуауэ» ­КъБР-м и Законым и проектым.
КъБР-м финансхэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Лисун Еленэ тепсэлъыхьащ щIыналъэ бюджетыр 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм зэрагъэ­зэщIам.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, зи гугъу ящI пIалъэм республикэм и хэхъуэр сом мелард 15,6-рэ хъуащ, къигъэсэбэпар - сом мелард 14,6-рэ. Профицитыр сом мелуан 970,5-рэ хъурти, ар къэрал щIыхуэр гъэмэ­щIэ­ным хуаутIыпщащ (2019 гъэм бадзэуэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу сом меларди 8,6-рэ мэхъу). Налогымрэ нэ­гъуэщI хэхъуэхэмрэ процент 49-кIэ ягъэзэщIащ (сом меларди 5,7-рэ).

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)