ХэкIуэдахэр ягу къагъэкIыж.

Мэлбахъуэ Тимборэ и цIэр зезыхьэ къэрал лъэпкъ библиотекэм республикэм и щыхьэрым и курыт еджапIэ №8-м и школакIуэхэмрэ Налшык къалэ администрацэм дэлажьэ ЩIалэгъуалэ советым и волонтёрхэмрэ щахуэзащ полицэм и къудамэ №1-м балигъ мыхъуахэм я IуэхухэмкIэ и IэнатIэм и лэжьакIуэ Яковлевэ Галинэрэ Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Хьэмырзэ Хьэзэрталийрэ. ЗэIущIэм хэтащ къалэ администрацэм Физическэ щэнхабзэмкIэ, спортымрэ щIалэгъуалэ IуэхухэмкIэ и управленэм и IэщIагъэлI пэрыт ГъукIапщэ Линэ.
2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуа гуауэр ягу къыщагъэкIыжа зэIущIэр хуэгъэпсат сабийхэр цIыхугъэм и дерсым щIэгъэдэIуным, ахэр гущIэгъуншагъэмрэ залымыгъэмрэ пэIэщIэу къэгъэтэджыным.
Налшык къалэм бзаджащIэхэхэр къыщытеуам хэкIуэда хабзэхъумэхэмрэ цIыху мамырхэмрэ я фэеплъым пщIэ хуащIу дакъикъэкIэ щымри, зэIущIэм щIидзащ. Лъэпкъ библиотекэм и къудамэм и унафэщI Харенкэ Светланэ 2005 гъэм хэкIуэдахэм я цIэхэр зырызу къриIуащ, итIанэ тепсэлъыхьащ хуитыныгъэмрэ хабзэмрэ ущыгъуэзэным мыхьэ­нэш­­хуэ зэриIэр. Ягу къигъэкIыжащ хабзэм къемызэгъ зылэжьхэм яхь уголовнэ, административнэ жэуапхэр зыхуэдэр.
«Сэ сощIэж а махуэ гуауэхэр. Нобэ дэ дызэщIыгъуу ди къалэнщ апхуэдэ шынагъуэ къэдмыгъэхъужыну. Си фIэщ мэхъу 2005 гъэм республикэм и цIыхухэм псэкIэ  ягъэвар зэрызыхэфщIэр. Фэри зыфхъумэ, фи Iыхьлыхэми фахуэсакъ,- жиIащ Хьэмырзэ Хьэзрэталий.
ЗэIущIэм и кIэухыу япэу ягъэлъэгъуащ «Будущее без терроризма, терроризм без будущего» фильмыр, «Нападение на Нальчик. 13 октябрь 2005» документальнэ видеороликым ирагъэплъащ.

Урысей МВД-м Налшык къалэмкIэ и управленэм и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)