Илъэс 74-м щIигъуащ Хэку зауэшхуэр зэриухрэ, ауэ абы и лъэужьыр нобэми яхуэгъэгъущыркъым. Прохладнэ щIыналъэм хыхьэ Черниговскэ къуажэм и губгъуэм иджыблагъэ къыщагъуэтащ топышэ зыбжанэ.
«Кавказ гъунапкъэ» къэлъыхъуакIуэ гупым и зи чэзу ежьэм иунэтIат Прохладнэ щIыналъэм и Черниговскэ къуажэм. Абы и Iэгъуэблагъэм 1942 гъэм зэхэуэ гуащIэхэр щекIуэкIат икIи, губгъуэ лэжьыгъэ- хэр щрагъэкIуэкIкIэ, хэкIуэда совет сэлэтхэм я къупщхьэхэм нобэр къыздэсым щрихьэлIэрт мэз лъапэм щыIэ ягъэсеижа щIытIхэм и деж. Ахэр зэхуэхьэсыжыныр, яхузэфIэкIмэ, хэтми къэщIэныр, итIанэ, Хэкум и хъумакIуэм хуэфэщэн пщIэ хуащIу, щIалъхьэжыныр лъыхъуакIуэхэм къалэн зыщащIыжат. Iуэхум кърашэлIат МВД-м и оперативно-следственнэ гупыр. АрщхьэкIэ япэ ма- хуэр яфIихьащ зрихьэлIа щIым щIэлъ топышэхэр убзыхуауэ къыщIэхыным.
Пщыхьэщхьэм ирихьэлIэу къагъуэтахэр зы щIыпIэм щызэхуахьэсы-жащ. Ахэр узыгъэшынэт: мм 82-рэ зи гъумагъ топышэ 17, къэзыгъауэ-хэр ядэщIыгъуу, лагъым килограммищрэ ныкъуэрэ, нэгъуэщIхэри.
Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэ лъандэрэ щIым щIэлъ а къомыр дапщэ-щи «къэушыфынут» икIи зы гъащIэтэкъым ихьынур, а губгъуэр бэджэнду къащтауэ цIыху куэдым гъавэ зэрыщащIэр къэплъытэмэ. Иджы, «Кавказ гъунапкъэ» гупым и фIыгъэкIэ, шынагъуэр ящхьэщыкIащ.
-БлэкIа зауэшхуэм и лъэужьыр гъэкIуэдыжыным езыхэм яфIэфIу телажьэ гуп зэкъуэту дызэхуэсащ, - жеIэ а Iуэхум сыт щыгъуи хуэжы-джэр Гулэжын Беслъэн. - Хэкум, ди къэкIуэну дахэм папщIэ зи псэ емыблэжахэм я щIыхуэ сыт щыгъуи щIэблэм ттелъщ. Псом ящхьэращи, ахэр къэдгъуэтыжу, хэтми дгъэбелджылыжу яхуэфэщэн хуэдэу щIэтлъхьэжын, я Iыхьлыхэм хъыбар едгъэщIэн хуейщ.
Прохладнэ щIыналъэми нэгъуэщI щIыпIэхэми «Кавказ гъунапкъэ» гупым къэлъыхъуэныгъэхэр илъэс зыбжанэ хъуауэ щрегъэкIуэкI икIи хузэфIэкIар мащIэкъым. Абы и фIыгъэкIэ совет сэлэт зыбжанэм я къупщхьэхэр къагъуэтыжри, пщIэ хуащIу щIалъхьэжащ. КъищынэмыщIауэ, топышэ, лагъым, бомбэ куэд къызэщIакъуэжри, шынагъуэншэ ящIащ.