|
КIыщокъуэ Алим зэи ящыгъупщэнукъым.
14 октября, 2019 - 06:50
Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, РСФСР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIыхубэ усакIуэ, Горький Максим и цIэр зезыхьэ Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща КIыщокъуэ Алим къызэралъхурэ илъэсищэрэ тхурэ щрикъум ирихьэлIэу, дыгъуасэ сыхьэт 11-м пэкIу щекIуэкIащ абы и фэеплъым деж, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэща «Всадник чести» усыгъэ фестивалым хыхьэу.
КIыщокъуэ Алим и цIэр зезыхьэ уэрамым, Налшык къалэ администрацэм и гупэм деж хуэзэу щыт фэеплъым деж щызэхуэсат жылагъуэ, политикэ Iуэху зезыхьэхэр, гъуазджэмрэ щэнхабзэмрэ я лэжьакIуэхэр, лъэпкъ интеллигенцэр, усакIуэм и благъэхэр, Iыхьлыхэр, ныбжьэгъухэр, и усэхэр фIыуэ зылъагъухэр.
- Къэзахъстаным, Къыргъызым, Дагъыстэным, Ингушым, Шэшэным, Осетие Ищхъэрэ - Аланием, Тыркум, нэгъуэщI щIыпIэхэм къикIа хьэщIэ лъапIэхэр зыхэт фестивалым хыхьэ зэIущIэхэр щызэхэтшэ нобэрей махуэр дыгъэпсу къызэрыдэхъулIар гуапэщ. Мы зэхуэсым зыкърезыгъэхьэлIа дэтхэнэ зыми фIыщIэ фхуэфащэщ, - жиIащ КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумахуэ Мухьэдин зэхыхьэр къыщызэIуихым.
Тхылъыр фIыуэ зылъагъухэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Шинкарёвэ Наталье къыхигъэщащ КIыщокъуэ Алим и фэеплъым деж гъэ къэси цIыхухэр нэхъыбэу зэрыщызэхуэсыр, усакIуэшхуэр ягу къагъэкIыжын папщIэ.
- УсакIуэшхуэм и щIэинхэмрэ щIэблэр фэеплъым къызэрекIуалIэмрэ ар пщIэншэу дунейм зэрытемытам и щыхьэт наIуэщ. Ди ужь къинэну щIэблэрщ КIыщокъуэм и гупсысэхэмрэ и усэхэмрэ адэкIэ гъащIэм щыпхызышынур, - жиIащ абы.
КъБР-м и цIыхубэ усакIуэ Гуртуев Сэлихь и псалъэм къыхигъэщащ КIыщокъуэ Алим зэращымыгъупщэр икIи ар зэи цIыхухэм ягу зэримыхунур.
- Лъэпкъ щэнхабзэр хъума мэхъу, абы къыхэкIа тхакIуэ, усакIуэ, сурэтыщI цIэрыIуэхэм я фэеплъыр яхуэхъумэху, - жиIащ филологие щIэныгъэхэм я доктор Гъут Iэдэм.
Къумахуэ Мухьэдин и гуапэу къыхигъэщащ усыгъэм республикэм щIэупщIэ ин зэрыщиIэр икIи къызэхуэсахэм яжриIащ фестиваль нэужьым ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, Тхьэгъэзит Зубер, Зумакуловэ Танзиля, нэгъуэщI усакIуэхэм ятеухуа зэхыхьэ хьэлэмэтхэр мы гъэм къызэрызэрагъэпэщынур.
Фестивалым зэхуишэсахэр КIыщокъуэ Алим зы дакъикъэкIэ хуэщыгъуащ икIи и фэеплъым удз гъэгъахэр бгъуралъхьащ. ИужькIэ ахэр Шэджэм районым кIуэри, и кхъащхьэм удз гъэгъахэр тралъхьащ, усакIуэм и музейр къыщалъхуа Щхьэлыкъуэ къуажэм щызрагъэлъэгъуащ. Зэхыхьэм хэтхэр ирагъэплъащ Шэджэм къалэм щрагъэкIуэкIа литературэ-макъамэ пшыхь гъэщIэгъуэным.
Сыхьэт 14-м щIидзэу Налшык щекIуэкIащ усакIуэшхуэхэу КIыщокъуэ Алим, Кулиев Къайсын, ЩоджэнцIыкIу Алий, ПащIэ Бэчмырзэ, Мечиев Кязим, Лермонтов Михаил, Пушкин Александр сымэ я IэдакъэщIэкIхэм къыщеджэ зэIущIэхэр. Ахэр щызэхэтащ усакIуэхэм я фэеплъхэр зэрыт утыкухэм.
Пщыхьэщхьэм сыхьэт 18-м фестивалым щыпащащ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм. Абы къыщызэрагъэпэщащ «УсакIуэ ныбжьыщIэхэм я клуб» зэгухьэныгъэр зыхэт «Стихиатрия осени» литературэ-макъамэ пшыхь щIэщыгъуэр.
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|