Зэи ящыгъупщэнукъым.

2014 гъэм Тыркум щыдгъэкIуа махуэхэм ящыщ зыр зытедухуар, ди гупым и пашэ, КъАХ-м и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» ­газетым и редактор нэхъыщхьэ, тхакIуэ Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд ищIа унафэм тету, тырку литературэм и новеллэ жан­рым и лъабжьэр зыгъэ­тIылъа, зи Iэдакъэ­щIэкI­хэм дунейпсо литерату­рэм увыпIэшхуэ щиу­быд тхакIуэ цIэрыIуэ, адыгэ лъэпкъым къыхэкIа Сейфеддин Омер (Хьэткъуэ Умар) къыщалъхуа щIы­пIэмрэ Гёнен къалэ дэт и фэеплъымрэ зэдгъэ­лъагъунырт.
Истамбыл брам (паром) абрагъуэм дыщитIыс­хьэри, Мрамор хым сы­хьэ­титIым щIигъукIэ ды­зэп­рысыкIащ. ЦIыху 800-рэ машинищэм щIигъунрэ къы­зэщIикъуэу псыщхьэм теува кхъухьым техникэ и лъэныкъуэкIэ и лъэщагъым уемыгупсысынкIэ Iэ­­мал иIэкъым, брамым ущис­кIэ.  Хы щхьэфэр зэгуипхърэ лъэужь къэу­къу­беяр къигъанэу кIуэцI­рыкI паромым ис цIыхухэр зэ­шыр­къым, балигъхэр тхылъ йоджэ, щхьэгъубжэм доплъ, мэуэршэр, сабийхэр щыджэгун плIанэпэ хэха яIэщи, я унэ щIэсыж хуэдэщ - мэкъакъэ-мэп­щIыпщI. Шха­пIэр щхьэ­хуэщ, тыкуэн хэтщ, кIэщIу жыпIэмэ, сы­хьэтищым нэб­лагъэр щыбгъэкIуэныр гугъукъым икIи зэшыгъуэкъым.
Брамыр Бандырма ­кхъухь тедзапIэм есылIэри, щхьэж и машинэ исыжу щIым къытелъэдэжащ я Iуэху здэщыIэм кIуэну. Дэ километр 44-кIэ Бандырма пэIэщIэ Гёнен къалэ ды­кIуащ. Абы къыщытIущIащ а къалэм щылажьэ Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ГъущI Гюролрэ (убыхщ) абы и ­къуэдзэ Аслъэн Гъазми-    рэ (къэбэрдейщ). Хасэм драгъэблагъэри я Iуэху зыIут, я зэхыхьэкIэ-зэхэты­кIэм ды­­щагъэгъуэзащ. Тхьэмадэр щылажьэ, цIыху­хэр щызэхэс, шей щефэ пэш­хэр къэтплъыхьащ, адыгэм и тхыдэр къызэрыщ сурэтхэр, картэхэр блынхэм фIэдзати, зэдгъэлъэгъуащ, Хасэм и тхьэмадэу щытахэм я сурэтхэр фIэлъти, абыхэм я цIэри зэдгъэщIащ.
- Унагъуэ щитI хуэдиз дэсщ Гёнен, къуажэ 15 къепхащ, - къыддогуашэ Аслъэн Гъаз­ми. - Абыхэм нэхъыбэу абазэхэхэр, шапсыгъхэр, убых­хэр щопсэу. Сэ схуэдэу нэхъ жыжьэ къикIауэ, къэбэрдей унагъуэ зытхух дэсу аращ. Сэ сыкъыщыхъуар Къайсэрщ, мыбы сыкъэIэпхъуауэ илъэс 20-м щIигъуауэ сыщопсэу, сыщолажьэ.
Гупыж зиIэ псори мы Ха-сэм къыщызэхуосри, я бзэр зэрагъащIэ, сабийхэр лъэпкъ къафэм щыхуагъасэ. ЦIыху нэхъыбэ къыщекIуалIэр щэ­бэт, тхьэмахуэхэрщ, адрейхэм мэлажьэри, щIалэгъуа­лэ куэд ущрихьэлIэнукъым. Ауэ зи ныбжь хэкIуэтахэр сыт щыгъуи къыщIыхьэу, щызэ­дэуэршэру, нэхъыщхьэра­­-щи, я анэдэлъхубзэкIэ щы­зэпсалъэу апхуэдэщ. Ди жагъуэ зэрыхъущи, илъэс 40-м нэмысахэм бзэр фIыуэ ящIэ­жыр­къым, ауэ адыгэбзэр зэ­зыгъэщIэжыну хуей щIа­лэ­гъуалэ куэд щыIэщи, егъэджакIуэхэр ядолажьэ.
Кирилл алыфбейращ ныбжьыщIэхэр зэредгъаджэр. А иджы къежьа псалъэмакъым дэри дегъэщхьэжа­гъуэ. Латин алыфбейм техьэну жызыIэхэр лъэпкъым и епцIыжакIуэу къызолъытэ сэ. Пэжщ, Адыгэ Хасэм къе­кIуалIэ цIыкIухэм къохьэ­лъэкI, ауэ хуейм зригъэщIэнущ. Хьэрфыпкъ зэмыщхь Iэджэм тет бзэ зэмылIэу­жьы­гъуэхэр зэрагъащIэ цIыху­хэм. Дэ адэжь хэкум къи-кIыу къытIэрыхьэ адыгэбзэ тхылъ­хэр псори зэрытхар ­кириллщ. Сэ сызэреплъымкIэ, дэнэ къэрали щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм адыгэбзэр кириллкIэ яджын хуейщ.
Гюролрэ Гъазмирэ ди зэманыр тхузэрагъэзахуэу ды­щIэкIуа псори зэрытхузэфIагъэкIыным егугъуащ. Хасэм щедгъэкIуэкIа зэпсэлъэныгъэм къыкIэлъыкIуэу бысым­хэм дашащ Сейфеддин Омер и фэеплъым деж. КъызэрыщIэкIымкIэ, ар зэ­рыт утыкуми, абы бгъурыкI бульварми ди лъэпкъэгъу тхакIуэ телъыджэм и цIэр зэрахьэ.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэдщ хэкурысхэм Хьэткъуэр дэзыгъэцIыхужар. Сейфеддин Омер и новеллэхэр адыгэбзэм дахэу иригъэзэгъащ тхакIуэ Къэрмокъуэ Хьэмид.
ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ бысым щIалэхэмрэ Хьэт­къуэм и фэеплъым удз гъэгъа Iэрамэ тралъхьащ.
АдэкIэ дэ дыщыIащ дунейпсо литературэм и классикым и цIэр зэрихьэу Гёнен дэт библиотекэм. Абы студентхэр щоджэ, щолажьэ, Умар и IэдакъэщIэкIхэр иту къыдэкIа тхылъ псори, нэгъуэщI куэди щыбгъуэтынущ. Мы къалэм къыщыхъуа щхьэкIэ, Хьэткъуэм и гъащIэм и нэхъыбэр щигъэ­кIуар, щы­лэжьар Истамбылщ, щы­щIалъхьари аращ. Щыхьэ­рыш­хуэм дгъэзэжа нэужь, ­ дэ зэдгъэлъэгъуащ Зинджирлик  хьэблэм дэт кхъэм щыIэ и кхъащхьэри.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж