Кусовэ Сулиетэ ягу къагъэкIыж.

Налшык щокIуэкI «Ныбжьэгъу зэхуэхъуахэр» 13-нэ Кавказ Ищхъэрэ кинофестивалыр. Мы гъэм ар фэеплъ хуащIащ абы и къызэгъэпэщакIуэ икIи и президенту щыта, культуролог, журналист Кусовэ (Выхъуэ) Сулиетэ. Фестивалыр къыщызэIуахым ягъэ­лъэгъуащ абы теухуа документальнэ фильмыр.
Форумым и унафэщI, журналист Багъэтыр Ильяс зэрыжиIамкIэ, мы гъэм псори зэхэту къагъэхьа лэжьыгъэ 368-м щыщу 56-р зэпеуэм хагъэхьащ. Абыхэм ящыщу плIыр Къэбэрдей-Балъкъэрым и режиссёрхэм я IэдакъэщIэкIщ. «Иджырей фестивалыр адрейхэм къащхьэщокI зытеухуахэмкIэ, къа­Iэт IуэхухэмкIэ фильмхэр зэры­зэмыщхьымкIэ. Фильмхэр кърашащ Урысейм и щIыналъэ зэ­мылIэужьыгъуэхэм, Сербием, ­Къэ­захъстаным, Къыргъызым, Эс­тонием, Абхъазым», - жиIаж Багъэтырым.
«Си анэм и дежкIэ мыхьэнэшхуэ иIэт кавказ лъэпкъхэм я нэ­мысыфIагъымрэ щэнхабзэмрэ нэгъуэщIхэр щыгъуазэ ищIыным. ИкIи сыщогугъ Урысейм и щIыналъэхэмрэ нэгъуэщI къэралхэмрэ къикIа цIыхухэм ди лъахэр хьэ­щIэкIэ зэрыфIыр, абы щыпсэухэр зэрыбжьыфIэр псэкIэ зыхащIэну» - къыхигъэщащ Сулиетэ ипхъу Кусовэ Эланэ
Мы гъэм фестивалыр ирагъэкIуэкI КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я щIэгъэкъуэну. Апхуэдэу къызэгъэпэщакIуэ комитетым къыдэIэпыкъуащ Урысейм и Журналистхэмрэ Кинематографистхэмрэ я зэгухьэныгъэхэр, КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и ми­нистерствэр, Кавказым ис лъэпкъ­хэм я Урысейпсо конгрессыр.

НафIэдз Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.