Кэнжэдэсхэр жыжьэ маплъэ.

Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я дунейпсо махуэм ирихьэлIэу ди республикэм щыIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщ зыт Кэнжэ щекIуэкIар. Пшыналъэ дахэр къыдэIукIрэ щIалэгъуалэр адыгэ фащэкIэ зэщыхуэпыкIауэ къуажэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм и пщIантIэм жылэдэс нэхъыжьхэр, нэгъуэщI щIыналъэ къикIа хьэщIэхэр щрагъэблагъэрт.
Уардэунэм и пэIущIэ пэшым Къаскъул Мухьэмэд и IэдакъэщIэкIхэр щыфIэдзат, хьэщIэхэм щIэщыгъуэ ящыхъуа гъэлъэгъуэныгъэ ин хъуат ар. ГуфIэгъуэ пшыхьыр ирагъэкIуэкIащ Къанкъул Ислъамрэ Къуэныкъуей Залинэрэ.
Адыгэхэм я махуэр лъэпкъым и щхьэр лъагэу щилъагъуж махуэшхуэу, гугъуехь куэд зышэча, гуныкъуэгъуэ куэд зи нэгу щIэкIа адыгэм мыпхуэдэ махуэ иIэну куэд щIауэ игъуэу къызэрилъытэр къыхэщу къэпсэлъащ Кэнжэ къуажэм и администрацэм и Iэтащхьэ Пщынокъуэ Олег. Къуажэдэс нэхъыжьыфI, Кэнжэм и Ветеранхэм я советым и унафэщI ЖьэкIэмыхъу Борис жиIащ я жылэр зэрыдахэр, мамырыгъэрэ зэгурыIуэныгъэрэ зэрыдэлъыр, зыхэпсэукIын зэраIэр, адэкIэ абы и къэкIуэнур езы цIыхухэм зэрелъытар. Апхуэдэ псалъэ гуапэхэмкIэ жылэдэсхэм зыхуагъэзащ Джэрыджэ Арсен, Къаскъул Мухьэмэд сымэ, нэгъуэщIхэми.
-Адыгэр сыт щыгъуи лъэпкъ щIагъуэу, уардэу щытащ, - жиIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм и унафэщIым и къуэдзэ Балэ Людмилэ. - Ар дэ дызыщытхъужу жытIэ къудейкъым, хамэ лъэпкъ къыхэкIа куэдым къытхужаIащ апхуэдэхэр. Нобэ дэнэ дынэса жыпIэмэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, ди блэкIам зридгъэщIэгъуэжу дыкъызэхэнащ. Апхуэдэу емыкIуэкIын щхьэкIэ лъэпкъым ухуэлэжьэн хуейщ. Дауэ? Унагъуэм щIэс нысащIэ цIыкIухэм я деж щегъэжьауэ, сабий гъэсакIуэхэм, егъэджакIуэхэм я пщэ дэлъ къалэныр зыхащIэн хуейщ щIэблэр къызыхэкIар ищIэжу, и анэдэлъхубзэр Iурылъу къэхъун папщIэ. Аращ дэ нэхъыщхьэ дыдэу дызытелэжьапхъэр.
Курыт школхэм сабийр бзэм дихьэхыу щрагъэджапхъэщ. Ауэ унагъуэм ущемыгугъумэ, а дакъикъэ 40-м зыри къикIынукъым. Адыгэбзэм хухах сыхьэт бжыгъэр мащIэщ жыпIэу псалъэмакъ пщIынри къезэгъыркъым, сыту жыпIэмэ, физикэмрэ математикэмрэ иратри нэхъыбэкъым. Адыгэбзэр еджапIэхэм зэрыщаджыр щIэныгъэ къудейуэщ, гъэсэныгъэ тIэкIу и гъусэу. Аращ унагъуэри абы дэIэпыкъун щIыхуейр. Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм проектыщIэ щедгъэжьэнущ. «Анэбзэ» аращ а Iуэху дахэм фIэтщар. Сабий гъэсапIэм дыгурыIуэнурэ, абы щыIэ цIыкIухэри, зи сад кIуэгъуэ мыхъуахэри къекIуалIэу дерсхэр къызэIутхынущ. Адыгэ джэгукIэ, псэлъэкIэ, дуней тетыкIэ и цIыкIугъуэм щегъэжьауэ едгъэщIэну ди мурадщ.
Утыкум щыжаIащ ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэхэр адрей лъэпкъхэм къахэзыгъэщ хабзэ, псэукIэ, зэхэтыкIэ зэраIэр, ар зыплъыхьакIуэ куэдым ягъэщIагъуэу зэратхыжар. Кавказым къэкIуа куэд тетхыхьыжащ адыгэ нэмысым, адыгэ напэм, адыгэшым, адыгэлIым, псоми къыхагъэщу гуапэу зи гугъу ящIхэм ящыщщ адыгэ пщащэр. Къэбэрдей Адыгэ Хасэмрэ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэмрэ илъэс зыбжанэ хъуауэ ирагъэкIуэкI «Адыгэ пщащэ» республикэ зэпеуэм и мыхьэнэмрэ абы жылагъуэм и пащхьэ щигъэзащIэ къалэнымрэ и гугъу ящIри, махуэшхуэр а пщащэхэм зэхьэзэхуэм щагъэлъэгъуа Iуэхугъуэ нэхъыфIхэмкIэ зэрагъэдэхэнур жаIащ Ислъамрэ Залинэрэ.
Адыгэ пщащэ нэсым и теплъэр, и фащэр, и Iэдэбагъыр, и IэкIуэлъэкIуагъыр, и зэфIэкIыр, Iурылъ адыгэбзэмрэ зыхуэIэзэ Iуэхухэмрэ ягъэлъагъуэу утыку къихьащ ЖьэкIэмыхъу Даринэ, Тхьэлыджокъуэ Сюзаннэ, Шокъум Iэминэ, ПIаз ФатIимэ, Борсэ Саидэ, Дыгъужь Сарэ, Гъуэт Миланэ, Молэ Миланэ сымэ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ уэрэджыIакIуэхэу Кумыщ Атмир, Хъуп Марианнэ, Вындыжь Аскэр, Иуаз Азэмэт сымэ.

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.