Тхьэкъуахъуэ Iэуес и адыгэ бгъэхэIухэр.

Илъэс зыбжанэ ипэкIэ Тхьэкъуахъуэ Iэуес адыгэ дамыгъэхэр зытет пасэрей хьэпшыпхэр зэхуихьэсын щIидзати, дихьэхри, езыми лъэпкъ бгъэхэIухэр иригъэщI хъуащ. Абы ищIауэ щыIэщ Адыгэ­хэм я щы­гъуэ-щIэж, Адыгэ тхыбзэм, Адыгэ ныпым, Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэхэм, ди лъэпкъым ­игъэлъапIэ нэгъуэщI махуэми я дамыгъэхэр зытет бгъэхэIу екIу­хэр. Ап­хуэдэуи абы шархэм адыгэ ныпхэр, зэрытхэ тет­радхэми адыгэ дамыгъэ­хэр трегъадзэ. Нобэ ди хьэ­щIэщ КъБР-м и Коллекционерхэм я зэ­гу­хьэ­ныгъэм, Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэм хэт, хэкупсэ нэс зиIэ щIалэ Тхьэ­къуахъуэ Iэуес.
- «Къэбэрдейр Уры­се­йм зэрыгухьэрэ илъэс 400 ­ирокъу» стIо­лыщхьэ медаль телъы­джэр япэу къыщыс­Iэрыхьам адыгэбзэкIи уры­сыбзэкIи тетхауэ зэрытетыр ­хуабжьу гъэщIэгъуэн сщыхъуат. Iыхьэлейуэ сыщыгуфIыкIат совет зэманым и лъэ­хъэнэм адыгэбзэм ап­хуэдэ пщIэ лъагэ зэры­хуащIам. Ар къежьапIэ ­хуэхъури, адыгэбзэ зытет ­па­сэ­рей дамыгъэхэм лъы­хъуэн щIэздзащ. Абы лъан­дэрэ ­солъыхъуэри, зыбжанэ фIэкI згъуэтакъым. Ап­хуэ­дэщ Япэ дунейпсо щIалэ­гъуалэ фестивалым и да­мыгъэр, нэгъуэщIхэри. Абы­хэм сигу къагъэкIащ адыгэ­хэм я махуэ лъапIэхэм я щIыхь дамыгъэ цIыкIухэр езгъэщIыну. Зэман дэкIмэ, сэ схуэдэу абыхэм щыгуфIыкIын, зыфIэгъэщIэгъуэ­нын зэрыщыIэнум фIэщ­хъуныгъэ къысхелъхьэ, - же­Iэ абы.
- Къэбэрдей уэрамыр илъэ­си 170-рэ щрикъум хуэгъэпса дамыгъэращ япэу езгъэщIар. Дамыгъэм «Победа» кинотеатрым и сурэ­тыр тезгъэуващ. Кинотеатрыр мылэжьэжми, зи ­щIалэгъуэми нэхъыжьхэми фIы­уэ яцIыху щIыпIэщ ар. Абы иужькIэ Адыгэхэм я ­щыгъуэ-щIэж махуэм и дамыгъэр езгъэщIат, адэкIэ ­ады­гэм и махуэ лъапIэхэр къы­кIэлъыкIуащ.
Языныкъуэ дамыгъэхэм я теплъэр Интернетым къисхащ, языныкъуэхэм ейр къэгупсысыни хуейтэкъым.
Япэ дамыгъэр 2017 гъэм езгъэщIауэ щытащ, абы яужь сыкъэувыIэжыфакъым.
- СызэрыщыгъуазэмкIэ, зи щIыкIэр нэхъ тынш бгъэхэIу лIэужьыгъуэхэр езым пщIыуэ зебгъэсащ…
- Пэжщ, лъэпкъым хуэгъэпса сурэт дахэхэр слъагъу­мэ, сощI. Абыхэм я щIыкIэкIэ гугъукъым, нэхъыщхьэр сурэтыр абы хуэ­кIуэу теплъхьэнырщ.
- Мыхэр зэрыщыIэр цIыху­хэм я деж дауэ зэ­рынэпхьэсыр, щапIэ щхьэ­хуэ уиIэ?
- Дунейр зэщIэзыщта Инстаграмым напэкIуэцI дыщиIэщ (numizmat07). Абдеж щыдогъэлъагъуэ, щыдощэ. КъищынэмыщIауэ, «Дет­с­кий мир» тыкуэным деж щыт газет щапIэ цIыкIуми сыгурыIуауэ изот. Дызэры­хуейм хуэдэу псынщIэу тхуэ­мыщэми, щIэупщIэ иIэщ. Сыхуейт щIалэгъуалэм мы дамыгъэхэр нэхъыбэу яIэ­рыхьэну, къызыхэкIа лъэп­къым и нагъыщэр унэм щызэрахьэу, лъэпкъ Iуэхур зэрагъэкIуэтэным я гупсы­сэр хуэунэтIауэ псэуну. Бы­дэу си фIэщ мэхъу, зэман дэкIмэ, мы дамыгъэхэр яфIэ­гъэщIэгъуэну къызэралъыхъуэжынур.
- КъищынэмыщIауэ, ­КъБР-м и Коллекционерхэм я зэгухьэныгъэм ­ухэтщ, шэч хэмылъу гъэтIылъыгъэ гъэщIэгъуэн Iэджэ уиIэ къыщIэкIынщ...
- ИлъэситI хъууэ аращ а ­зэгухьэныгъэм сызэры­хэт­ри, коллекционеркIэ сызэ­джэ­жыну сфIэпасэщ. Ауэ щыхъу­­кIи, сэ, зэры­жыпIауэ, гъэ­тIылъыгъэ зыкъом си­Iэщ. Нэхъыбэу зэхуэсхьэсыр Къэ­бэрдей-Балъкъэрым теу­хуа фэеплъхэрщ. Совет зэма­ным къыдэкIа бгъэ­хэ­Iухэм ящыщу 1400-рэ зиIэ соцIыху, сэ сиIэр 600-м нэсщ. Кол­лекционерхэм бгъэ­хэIур ­къызы­хэщIыкIа гъу­щIы­кIэкIэ, и плъыфэкIэ зэщ­хьэ­щагъэ­кIри зэте­мы­хуэу зэ­хуахьэс. Къищы­нэ­мыщIауэ сэ столыщхьэ медалхэри сфIэфIщ. 30-м ­щIигъу сиIэщ мы зэманкIэ. Пощт карточкэхэр, маркэхэр зэхузохьэс, абы теухуауэ тхылъ пIащIэ цIыкIуи къы­дэзгъэкIащ. Пись­моулъэхэм маркэ тетуи темытуи зэзгъэпэщри, абыхэм ятеухуа­-уи тхылъ мыин дыдэ дунейм къытезгъэхьащ.
- Уи гъэтIылъыгъэхэм ящы­щу уи дежкIэ нэхъ лъапIэ дыдэм, ар зэрызыIэ­рыбгъэхьам и хъыбар къыд­жепIамэ арат.
- Коллекционерым имыIэ гуэр къыщыхэхъуэм деж, ехъулIэныгъэшхуэщ. Пэжым ухуеймэ, уасэншэу къызолъытэ адыгэбзэкIэ тету япэу къысIэрыхьа дамыгъэр. Псом нэхъ сфIэфIри Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, адыгэ лъэпкъым ехьэлIа хьэпшып­хэрщ.
- Сыт хуэдэ дэрэжэгъуэ къыпхалъхьэрэ а зэхуэп­хьэс хьэпшыпхэм? Къа- ру къуат­рэ, гушхуэныгъэ къып­халъхьэрэ?
- Коллекционерым гупсэ­хугъуэ къезытыр имыIэ гуэр къыхэхъуэнырщ (зэхуихьэ­сым елъытауэ). Къапщтэмэ, а бгъэхэIу цIыкIухэр гъущIыкIэ пудщ къызы­хэщIы­кIар, ауэ щыхъукIи зэхуэп­хьэсхэм къахэхъуа иужькIэ къызэрымыкIуэу уегъэгуш­хуэ, гурыфIыгъуэ ин къует. А дакъикъэм дамэ къыптекIа хуэдэщ.
- Пасэрей хьэпшыпхэм я щIэупщIэри, уасэри махуэ къэскIэ нэхъ ин мэхъу. Ахэр зэхуэпхьэсынми мылъку лей токIуадэ. Абы и IуэхукIэ дауэ ухъурэ?
- Дауи мы Iуэхур сомын-шэу зэфIэкIыркъым. Ди ­республикэм щызмыгъуэту хамэ къэралхэм щащэу ИнтернеткIэ сызрихьэлIэ щыIэщи, Iэмал зэриIэкIэ, сызы­пэлъэщ гуэрхэр къызощэху. Си щхьэ закъуэкIэ Iуэхур къызэмыхъулIэнкIи хъунт, акъылэгъу къыздэхъу ныбжьэгъухэр симыIамэ. Зэры­зыхуэсхьэсыр зыщIэхэм къы­зэзыти яхэтщ, ауэ, шэч хэмылъу, си соми хызолъхьэ. КъБР-м апхуэдэ зыбжанэ фIэкIа имылъу, дамыгъэ гъэщIэгъуэнхэр тыгъэ къысхуищIащ «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор ­нэхъыщхьэ, КъАХ-м и тхьэмадэ, нэхъыжьыфI Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд. Iуэху ­къепхьэжьамэ къыбдэзы­Iыгъ, къыбдэзыгъэпсынщIэ, узыунэтIу диIэ а лIым фIы­щIэ лей хуэсщIыну сы­-хуейщ. «НэхъыжьыфI уасэншэщ»,- жаIэ. Мухьэмэд хуэдэ пэрыт дыщымыщIэу, дефIакIуэу дыпсэуну си гуа­пэщ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж