Егоровэ Татьянэ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIу хах.

КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм и япэ зэIущIэр дыгъуасэ ирагъэ­кIуэкIащ. Абы хэтащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек, КъБР-м и Конституцэ Судым и уна­фэщI Геляхов Абдулыхь, республикэм къегъэ­щIы­лIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, КъБР-м и Прави­тельствэм, Жылагъуэ палатэм, прокуратурэм я лIы­кIуэхэр.ЗэIущIэм щыщIидзэм депутат Кебеков Владимир къызэхуэсахэм къахуеджащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэ­сым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщI Матвиенкэ Валентинэ депутатхэм закъызэрыхуигъэза хъуэхъу тхыгъэм. Матвиенкэ абы къыщыхигъэщащ депутату хаха гупыщIэм я зэфIэкIыр Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэм и зыужьыныгъэм ­хуаунэтIыну, КъБР-м и Парламентыр УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым жыджэру дэлэжьэну зэрыщыгугъыр.
КъБР-м и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм щылэжьэну цIыхухэм дзыхь къы­зэрыхуащIамкIэ депутатхэм ехъуэхъуащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
- Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэкIуэнур куэдкIэ зэ­лъытауэ щытынур фэращ, - захуигъэзащ депутатхэм КIуэкIуэм. - Абы къыхэкIыу сынывэхъуэхъуну сыхуейщ фызэгурыIуэу лэжьыгъэм фи къарур хуэвунэтIыну. ­КъБР-м и Парламентым политикэ парти 5-м я лIыкIуэхэр хыхьащ. Си фIэщ мэхъу дэтхэнэри фызэрыхущIэкъунур щIыналъэм сэбэп фызэ­рыхуэхъуным. Шэч хэмылъу, лэжьыгъэ гугъу къыфпэ­щылъщ, псом хуэмыдэу ­УФ-м и Президентым и накъыгъэ унафэхэм къыщыгъэлъэгъуахэр гъэзэщIэным епхауэ. Ди гугъэщ къы­хэфлъхьэ законхэмрэ жэрдэмхэмкIэ жэуаплыныгъэ зыпылъ Iуэхугъуэшхуэхэр зэфIэвгъэкIыну. Гулъытэ хуэтщIын хуейщ хьэрычэ­тыщIэхэм щIэгъэкъуэн да­зэрыхуэхъуну Iэмалхэмрэ инвестицэ Iуэхухэмрэ егъэ­фIэкIуэным. Къищынэ­мы­щIауэ, КъБР-м и Парламентым и нэIэ тригъэтыпхъэщ цIыхухэм социальнэ Iуэху­хэмкIэ ядэIэпыкъуным, егъэ­­джэныгъэм, узыншагъэр хъумэным, нэхъыжьхэм защIэгъэкъуэным епха Iуэхугъуэхэми. Мыбдеж цIыхухэм я сыт хуэдэ гугъуехьри жэуаплыныгъэ тхэлъу щызэпкъ­рытхын хуейщ, хэкIыпIэр къэдгъэлъэгъуэфын хуэдэу. Ди мурадхэр къыдэхъулIэн папщIэ, щIыналъэм и жылагъуэ-политикэ щытыкIэр зэпIэзэрыту тхъумэн хуейщ. Дыщогугъ КъБР-м и Парламентым щызэуIуа гупыщIэр а къалэнхэм пэлъэщыну, КъБР-м и Правительствэм, адрей къэрал къулыкъущIапIэхэмрэ жылагъуэ зэгу­хьэныгъэхэмрэ зэIухауэ ядэлэжьэну.
КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхуэсыгъуэм политикэ парти 5 къыщыгъэлъэ­гъуащ. «Урысей зэкъуэт» партым мандат 50 иратащ, КПРФ-м - 9, «Захуагъэ здэ­щыIэ Урысей»-м - 7, ЛДПР-мрэ «ЩхъуантIэ­хэмрэ» - тIурытI. Мы зэхуэсыгъуэм хэт цIыхубзхэм я бжыгъэр нэхъыбэ хъуащ - 13.
ЗэIущIэм щыхахащ ­КъБР-м и Парламентым къэ­зыбж и комиссэр. Абы и унафэщIу ягъэуващ ТекIушэ Артур.
КъыкIэлъыкIуэу хахащ ­КъБР-м и Парламентым и УнафэщIыр. «Урысей зэ­къуэт» политикэ партым и секретарь АфэщIагъуэ Михаил жиIащ иджыблагъэ партым иригъэкIуэкIа конференцым а къулыкъур Егоровэ Татьянэ хуэфащэу къызэрыщагъэлъэгъуар. КъБР-м и Парламентым щылажьэ адрей парти 4-ми а Iуэхур зэрыдаIыгъыр зэ­IущIэм щыжаIащ икIи зэ­Iухауэ Iэ яIэтри, псори арэзы те­хъуащ Егоровэ Татьянэ УнафэщIу хахыным.
Егоровэм кърагъэза дзы­хьым папщIэ фIыщIэ ­яхуищIащ КIуэкIуэ Казбеки депутатхэми. Абы къигъэ­лъэгъуащ зэман гъунэгъум КъБР-м и Парламентым гулъытэ зыхуищIынухэр, и нэIэ зытригъэтыпхъэхэр.
Апхуэдэуи зэIущIэм щагъэбелджылащ КъБР-м и Парламентым и комитет 12. КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэу хахащ Жанатаев Сэлимрэ­ ­Къардэн Муратрэ.
Егоровэм депутатхэм ягу къигъэкIыжащ жэпуэгъуэм и 3-м мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ къазэрыпэщылъыр - Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэр хахын зэрыхуейр. ФокIадэм и 5-м УФ-м и Президент Путин Владимир ­КъБР-м и Парламентым къыхуигъэлъэгъуащ ­КъБР-м и Iэтащхьэр хахын папщIэ цIыхуищ: мы зэманым а ­къалэныр зыгъэзащIэ КIуэ­кIуэ Казбек, КъБР-м щIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министр Шаваев Ильяс, «РусГидро» IуэхущIапIэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Кладько Игорь сымэ.
Депутатхэм яубзыхуащ КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэIущIэр фокIадэм и 23-м екIуэкIыну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж