ЩIэдзапIи кIэухи иIэкъым.

Ди газетым зэрытетащи, Урысейм ХудожествэхэмкIэ академием хэт, профессор, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым и цIыхубэ сурэтыщI СэвкIуий Хьэмид «Адыгэ псалъэ» газетым и редакцэм къызэреблэгъар къэдгъэсэбэпри, и творчествэм, мурадхэм, Iэдакъэ­щIэкIхэм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ. ГРАФИКЭМ, живописым, скульптурэм зэхуэдэу щылъащэ адыгэлI щэджащэм и IэдакъэщIэкIхэм философием и дуней куум ухашэри, гупсысэ архъуанэм урахьэ. Хьэмид дунейр къызэритхьэкъуа и лэжьыгъэхэм дэтхэнэ адыгэми пэгъунэгъу къыщи­гъуэтынущ. Уеблэмэ, зы художественнэ тхыгъэ псо зытумытхы­хьыфын яхэткъым абыхэм. Ауэ щыхъукIи, абы къигъэщI образхэм ящыщ языныкъуэ литературэ тхыгъэхэм я иллюстрацэ хьэзыру зэры­щытри нэм къыщIоуэ. А лэ­жьыгъэхэр щIуплъыкIа, зы­хэпщIа иужькIэ къыбгуроIуэ ахэр зы гупсысэм и лъагъуэм зэрытетыр, зы Iэм зэ­рищIар, зы гукъеуэм, е гурыфIыгъуэм къызэрытехъукIар.
И IэдакъэщIэкIхэм хуэдэу, езыри гупсысэ куу зиIэ, гъащIэм и лъэныкъуэ куэдым фIыуэ хэзыщIыкI, ауэ а псоми я щхьэу адыгэ лъэпкъыр зыгъэув Хьэмид къигъэщI нэрымылъагъу дунейм удимыхьэхынкIэ Iэмал иIэкъым. Узэ­рыдихьэхыуи, гъэр уащI­ри, гурыгъуа­зэкIэ дахагъэу къигъэщIам улъагъэIус. Мыри пэжщ, Хьэмид и Iэдакъэ­щIэкIхэр нэсу къызыгурыIуэнур абы и гукъеуэхэм пэджэжырщ, ар зыхэсыхьа дунейм къыхэхъукIарщ, ар зытеп­сэ­лъыхьым щыгъуазэрщ. Сыту пIэрэ абы теухуауэ езы СэвкIуий Хьэмид жиIэнур?
- Хьэмид, уэ куэд къыптетхыхьащ, уи Iэдакъэ­щIэкIхэм хужамыIа псалъэ лъагэ къэгъуэтыгъуейщ, сэ сы­хуейщ нобэ СэвкIуий Хьэмид нэ­гъуэщI лъэныкъуэкIэ къэдбгъэ­цIыхуну.
- А псалъэ лъагэхэм гупсы­сэкIи псэукIэкIи хуабжьу сапэщIэхащ сэ. Уеблэмэ, щытхъу псалъэм къызэры­мы­кIуэу сегъэукIытэ, схуэмыфащэ гуэру къысщохъури. Зи IэщIагъэм хэзыщIыкI су­рэ­тыщIу зыкъызолъытэж, ауэ си IэрыкIхэми хуэдэ щы­мыIэу къысщыхъуркъым, икIи зей къысщыхъуакъым. Гъуазджэм а и къудамэм махуэ къэс зеужь, йофIакIуэ, ар зи лъа­гапIэм зэи улъэ­мыIэсыфын унэ­тIыныгъэщ. Аракъэ насыпри! Абы къы­хэкIыу узыхуэарэзыжу утIы­сыжкIэ Iуэхур зэфIэкIыркъым, а гъуазджэм удэ­джэ­рэзын, зыдэбужьын хуейщ.
- Творчествэм уи гъащIэм сыт хуэдэ увыпIэ щиубыдыр?
- Творчествэм и цIыхум дежкIэ абы увыпIэ щхьэхуэкъым и гъащIэм щиубыдыр, атIэ и гъащIэр зэрыщыту творчествэм ей мэхъу армыхъу. Сыт хуэдэ Iуэху сщIэми, цIыхухэм сахэтми, уэрамым сыдэтми, лэжьапIэм сыщы­Iэми, сэ зэи лэжьыгъэм ехьэлIа гуп­сы­сэхэр сIэ­щIэ­хур­къым. СызэреплъымкIэ, нэгъуэщIуи хъунукъым, твор­чествэм зэ къыхэча ­ухъуамэ, ­хы­хьэжы­гъуейщ, зэбгъэтIылъэкIам лъэ­Iэ­сы­жыгъуафIэкъым. Творчествэр гупсысэ, образ нэрынэу зэрыхъа дунейщ, абы щIэдзапIи кIэухи иIэкъым.
- Хабзэ зыбжанэм и су­рэтыщIкIэ къоджэхэри зэ­рыщыIэм сыщыгъуа­зэщ. Абы теухуауэ сыт къыджепIэн?
- Сурэт щIыным (живописым) ­къищынэмыщIауэ, графикэми скульптурэми сы­зэрыщылажьэр арагъэнщ абыхэм зи гугъу ящIыр. Арамэ, пэжщ (мэ­дыхьэшх).
- Нарт эпосым и сурэтхэр телъыджэу хуэпщIауэ 2017 гъэм дунейм къытехьащ. А Iуэхум узэрытегушхуам и гугъу уэзгъэщIынут.
- Санкт-Петербург щыIэ «ВитаНова» тхылъ тедзапIэм бгырысхэм я IуэрыIуа­тэ тхыдэжьым и тхылъ къыдагъэкIынум и сурэтхэр сщIыну къызэлъэIуати, арэзы сыхъуащ, ауэ ар Адыгэ ­лIы­хъужь IуэрыIуатэу зэ­рыщы­тыр Iэмал имыIэу къа­гъэ­л­ъэгъуэну яхуэзгъэуващ. АбыкIэ дызэгурыIуэри, Нарт эпосым и сурэтхэр сщIыри, тхылъ телъыджэу дунейм къытехьащ.
- Бгырысхэм я IуэрыIуа­тэр, уеблэ­мэ лIыхъужьхэм я цIэхэри зэтехуэу сюжеткIэ зэподжэж. Уэ узэреплъымкIэ, сыт хуэдэ щхьэ­хуэныгъэ Адыгэ нарт эпо­сым иIэр.
- Нарт эпосыр дунейм тет эпос нэхъ инхэм яхохьэ. Ар зейм ехьэлIауэ зэдауэ куэд щыIэщ, псоми езыхэм яйуэ къыщIагъэкIыну хуейуэ. Дэ абы ди псалъэ хэтлъхьэркъым IуэхукIэ, лэ­жьы­гъэкIэ дыхоувэ армыхъу. Сэ адыгэ­хэм я эпосым теухуауэ сху­жыIэнуращи, ар ящыщщ рифмэ зиIэ зырызхэм. Абы къыбжеIэ а текстым гъащIэшхуэ зэриIэр, гъуэгуанэ ин къы­зэрикIуар. Аращ Адыгэ нарт эпосыр тегъэщIапIэ щIэсщIыр.
- Сыт хуэдэ уи Iэдакъэ­щIэкIра уи творчествэм и лъагапIэу къэп­лъытэр? Хьэ­мэ, апхуэдэ бгъэды­хьэкIэр щыуагъэ?
- Гугъущ абы жэуап ептыну. Дэтхэнэ си лэжьыгъэри гъащIэм къыпхысха гупсы­сэщ, зэманым къызита щы­тыкIэщ. Къапщтэмэ, ахэр псори зы дунейщ, зы къе­жьапIэщ.
- Гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым уи сурэтхэм къатещ нэщхъеягъэм. Ауэ щыхъукIи, сурэтым и гупсысэм ухэзышэри, абы и щIа­гъыб­зэр къыпхузэIузыхри аращ. УзэIэпишэу сурэтхэм яхэлъ мэгъу къарур езыр арауэ къысщохъу.
- Ди жагъуэ зэрыхъунщи, дэ дыщыпсэу зэманыр икъу­кIэ зэман хьэлъэщ, гущIэ­гъуншэщ. Махуэ къэс ди ­нэгу щIэкI зауэхэмрэ зэрыу­кIымрэ лIэныгъэм, хэ­щIы­ны­гъэм дригъэсэжащ. ЦIы­­ху­хэм кърадзэжыркъым укIы­гъэр, лейр. Ахэр ­цIы­хугъэм, зэ­хэщIыкIым, гу­щIэ­гъум, гулъытэм, ­гу­­ма­­щIа­гъэм къызэ­рымы­кIуэу щы­хуэ­ныкъуэ лъэхъэнэм дитщ. А гущIэ­гъур къэзгъэлъэгъуэну, абы къызэ­рыхуезджэнум, къарууэ щыIэм я нэхъ иныр къыщежьэр абдежу зэрыщытыр сотх. Аращ сурэтхэм къатещ нэщхъеягъэм и къежьапIэр.
- Лэжьыгъэм сыт утезы­гъэ­гуш­хуэр?
- Езы лэжьыгъэм хуэдэу сытезыгъэгушхуэ щыIэу къы­щIэкIынкъым. Лэжьэн зэрыщIэздзэу сызэщIешэ, абдеж гупсысэр къоукъубейри, зи ужь сихьар къы­щызэхъулIэм деж, дунейм сызэрытетым мыхьэнэ гуэр иIэу къысщегъэхъуж.
- СызэрыщыгъуазэмкIэ, иужьрей илъэсхэм егъэ­джэныгъэ Iуэхуми зупщытащ. Уеблэмэ, абы апхуэдизкIэ удихьэхащи, сурэт щIыныр мащIэу IэщIыб пщIауэ къэзылъыти щы­Iэщ. Зэребгъаджэ щIыкIэм, а IэнатIэм гъэщIэгъуэнагъыу хэплъа­гъуэмкIэ къыд­дэгуашэ.
- Пэжщ, сэ илъэс зыбжанэ хъуауэ щызогъаджэ Санкт-Петербург дэт Художест­вэхэмкIэ академием. Ауэ сурэт щIыныр нэхъ мащIэ хъуар-пцIыщ, уеблэмэ, студентхэм я фIыгъэкIэ, абы­хэм къызат къарум, гуп­сысэщIэм и хьэтыркIэ нэхъыбэрэ сылажьэ хъуащ.
Си студентхэм си лэжьэ­гъухэм хуэдэущ сазэрепсалъэр. Егъэджэныгъэ Iуэхури творческэ лэжьыгъэ инщ. Мастерскойм ущриуна­фэ­щIым абы щащI дэтхэнэ сурэтымкIи, диплом лэжьыгъэмкIи жэуаплыныгъэ бохь.­ Пэжщ, ар къызэ­рымыкIуэу лэжьыгъэшхуэщ. Сэ абыхэм ябгъэдэслъхьэм и фIагъымрэ и куэдагъымрэ езы студентхэращ жызы­Iэ­фынур. Абыхэм яхэтщ узыгъэгуфIэхэр, ехъулIэныгъэ ин зыIэрызыгъэхьахэр. Ди къэралым и мызакъуэу, хамэ щIыпIэ къикIахэри яхэтщ абы.
- Мы зэманкIэ сытым уелэжьрэ?
- Нэхъ ипэкIэ зэрыжысIауэ, творческэ лэжьыгъэм пэщIэдзи кIэухи иIэкъым, пыухыкIауэ зыкъым сэ сы­зэлэжьыр, зэуэ куэд дыдэм зызопщыт. ИджыкIи ап­хуэдэщ, творчествэм и зэры­хьзэрийм сфIэфIыпсу сы­хэтщ. УнэтIыныгъэкIэ ахэр гъуазджэм сыт щыгъуи щы­ятэ Iуэхухэм теухуащ.
Си хъуэпсапIэхэм ящыщщ илъэс куэд щIауэ зи яужь сит Iуэхухэр нэзгъэсыныр. Ап­хуэдэщ адыгэлI щэджащэхэу Нэгумэ Шорэ, ХьэтIохъущокъуэ Кургъуокъуэ сы­мэ я фэеплъхэр Налшык щыгъэувыныр. Псори хьэ­зырт, щагъэувыну щIыпIэмкIэ зэгурыIуамэ…
- Адыгэ лъэпкъым и блэкIар, тхыдэм къытещ напэкIуэцI гуауэхэр, ди адэжьхэм я псэм телъа бэ­лыхьыр, цIыху щхьэхуэхэм я щыIэкIэр зы сурэтым къыщогъэлъэгъуэф…
- А зи гугъу пщIы щхьэусыгъуэм къыхэкIыу си сурэтхэр я лъабжьэу кино трахащ. Илъэс зыбжанэ ипэ ВГИК-м щеджэ студентхэм зыкъыс­хуагъазэри си лэжьыгъэхэмкIэ анимацэ фильм трахыну хуитыныгъэ сIахауэ щытащ. Си сурэтхэм апхуэдэ ассоциацэ ­къазэрыритыр сощIэ, ар тэмэмщ, сурэтхэр блынгъэдахэ къудей щыхъум дежщ ущыгузэвэн хуейр. Абыхэм гупсысэ гуэр цIыхум иратмэ, къохъу­лIауэ аращ. Сэ дунейм сызэ­реп­сэлъэфыр си IэщIагъэращи, абыкIэ схузэ­фIэкIыр жызоIэ, ауэ «къемы­джэфхэр» хэзгъэзыхьыркъым, «гур мыплъэм нэр плъэркъым».
- Сурэт щIыным, творчествэм дихьэха ди щIэ­джыкIакIуэхэм сыт хуэдэ псалъэкIэ захуэбгъэзэнт?
- Адэжь Iэужьу зэманым гущIэ­гъуншэу исейж щэнхабзэр, гъуазджэр, бзэр, щIы­уэпсыр зэрахъумэным ­ху­щIэ­къуну сыхуейщ. Дунейм зыдащIу лъэпкъ щхьэ­хуэныгъэхэр IэщIыб зэращIыр щыслъагъукIэ, сигу хощI. Апхуэдэхэм къагурымыIуэр зыщ - дэ ди беягъэр а щхьэхуэныгъэхэращ, ди адыгэбзэ гугъурщ, ди хабзэ ткIийрщ, ди гупсысэкIэ нэмыщIырщ.
Псалъэм папщIэ Налшык и пасэрей ухуэныгъэхэм защызгъэнщIыркъым. Сыт и уасэ ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрыр! Ап­хуэдэ ухуэныгъэ екIухэр, ­хуабагъэ инхэр къызыпкъ­рыкIхэр ди мащIэкъым, сыщогугъ ар къагурыIуэу ди цIыхухэм яхъумэну.
- Налшык хуиIэ фIылъагъуныгъэр шэч къы­зы­тумыхьэжынщ. Илъэсым дап­щэрэ укъэкIуэжыфрэ?
- Дауэ сымылъагъунрэ, дауэ сыкъэмыкIуэжынрэ, мыращ си унэр, си къежьапIэр. СыкъэкIуэжыху си адэш­хуэр щыпсэуа щIыпIэм сокIуэ, си егъэджакIуэр, ныб­жьэгъухэр со­лъагъу. Лъа­бжьэр быдэ хъуамэ - гъэIэп­хъуэжыгъуейщ…

ЩОМАХУЭ Залинэщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)