Террористхэм яIэщIэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжащ.

Шэджэм районым и щIыналъэ администрацэм и жэрдэмкIэ Шэджэм къалэм щрагъэкIуэкIащ Терроризмэм ебэнынымкIэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм теухуа пэкIу. Район администрацэм и унафэщIхэм, жылагъуэ лIыкIуэхэр, Шэджэм къалэм дэт курыт школ №2-м и еджакIуэхэр, республикэм щыIэ МВД-м къикIахэр, Урысейм и МВД-м и IуэхущIапIэу Шэджэм районым щыIэм и унафэщIхэмрэ абы щылажьэхэмрэ зэхуэсат террористхэм яIэщIэкIуэдахэр ягу къагъэкIыжын папщIэ.
УФ-м и МВД-м и IуэхущIапIэу районым щыIэм и унафэщI, полицэм и полковник Щоджэн Тимуррэ а IуэхущIапIэм и Жылагъуэ советым и тхьэмадэ Уэрыш Владимиррэ къызэхуэсахэр къыхураджащ я къулыкъур ягъэзащIэурэ хэкIуэда лэжьакIуэхэм, террористхэм яIэщIэкIуэда къызэрыгуэкI цIыхухэм зы дакъикъэкIэ яхуэщыгъуэну.
ПэкIуэм и кIэухым абы хэтахэм удз гъэгъахэр тралъхьащ Шэджэм районым и хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэхэу я къалэныр щагъэзащIэм хэкIуэдахэм я мемориалым.

КъБР-м щыIэ МВД-м и пресс-IуэхущIапIэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.03.2024 - 14:28

ДЫЩЭ МЕДАЛУ ПЛIЫ

Мейкъуапэ къалэм и «Уэщтын» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм дзюдомкIэ я чемпион Галстян Арсен и саугъэтхэр къэхьыным хуэунэтIа урысейпсо зэхьэзэхуэ.

18.03.2024 - 14:27

ШХАПIЭХЭМ Я ХЭХЪУЭР

2024 гъэм Къэбэрдей-Балъкъэрым и шхапIэхэм псоми зэхэту фейдэуэ кърагъэщIам и куэдагъымкIэ къэралым и щIыналъэ нэхъыфIипщIым яхыхьащ.

18.03.2024 - 08:59

ДИ НЫБЖЬЫЩIЭХЭМ ДАГЪЭГУШХУЭ

Гъатхэпэм и 3-м Новгород Ищхъэрэм щызэхуащIыжащ 2010 - 2011 гъэхэм къалъхуа ныбжьыщIэхэм папщIэ «Футбол цIыкIур - школым» урысейпсо Iуэхум и кIэух Iыхьэр.

18.03.2024 - 08:58

ПСЭУКIЭР ЗЭРЫЩЕФIАКIУЭР НЭРЫЛЪАГЪУЩ

Урысейм и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Голиковэ Татьянэрэ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ лэжьыгъэ IуэхукIэ зэхуэзащ.

18.03.2024 - 08:58

СУРЭТЫЩI, ЕГЪЭДЖАКIУЭ

Налшык дэт Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ ­ГъуазджэхэмкIэ музейм Нарткъалэ щыщ су­рэтыщI Чернощёковэ Ольгэ и IэдакъэщIэкIхэр щагъэ­лъагъуэ. Ар IэщIагъэм зэрыхэтрэ илъэс 30 зэрырикъуам теухуащ.