Пенсионерхэм ящыщу нэхъ хуэмыщIахэм ахъшэ хущIагъуну?.

КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэхуэсыгъуэм зи пIалъэр нэмыса и зэIущIэм депутатхэр щыхэплъащ «Пенсэхэм 2020 гъэм щIагъуну социальнэ ахъшэр яубзыхун мурадкIэ пенсионерыр ­КъБР-м щыпсэун папщIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуей ахъшэм и бжыгъэр гъэувыным и IуэхукIэ» республикэ законым и проектым. Ар ­КъБР-м ­законхэр къы­дэзыгъэкI и органым къыщыхилъхьащ республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Законопроектым депутатхэр щы­гъуазэ ищIащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ ­социальнэ дэIэпыкъуныгъэмкIэ и министр Асанов Алим. Пенсэхэм социальнэ ахъшэ хущIагъун мурадкIэ пенсионерыр 2020 гъэм КъБР-м щыпсэун пап­щIэ нэхъ мащIэ дыдэу зыхуейр сом 9598-рэ мэхъу. Ар ику иту къэралым сом 9311-рэ хъууэ щагъэуващ. Абы къыхэкIыу ди деж пенсионерхэм яхуримыкъу ахъшэр зэхуагъэхъужын папщIэ зыхуейр КъБР-м и бюджетым къыхагъэкIынущ. КъызэрабжамкIэ, респуб­ликэ бюджетым къиутIыпщын хуейщ сом ме­луани 147-м щегъэжьауэ мелуан 550-м нэс. ИпэжыпIэкIэ зыхуеину ахъшэр елъытащ федеральнэ прави­тельствэм къы­хилъ­хьэнур зыхуэдизым. Асанов Алим зэрыжиIамкIэ, иджыпсту лъэпкъ проектхэм япкъ иткIэ зыхуеину ахъшэм щыщу Урысей Федерацэм и бюджетым процент 93-рэ къыхокI икIи рес­публикэм ахъшэшхуэ фIэмы­кIуэ­дын­­кIэ хъунущ.
КъызэрабжамкIэ, 2020 гъэм ахъшэ зыхущIагъун хуей пенсионерхэр 62020-рэ мэхъу икIи абыхэм псори зэхэту ды­зыхуэкIуэ гъэм хущIагъун хуейщ сом2.103.795,3-рэ.
КъБР-м и Парламентым Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмкIэ, узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым и уна­фэщI Къэжэр Хъусен зэIущIэм щыжиIащ законопроектым халъхьэн пап­щIэ зэхъуэ­кIыныгъэхэр зэрыщымыIэр. Документыр зэкIэ япэ, етIуанэ къеджэгъуэу пхагъэкIащ.
ЗэIущIэм и кIэухым республикэм законхэр къыдэзыгъэкI и орган нэ­-хъыщ­хьэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхуэ-сыгъуэм хэхуа депутатхэм лэжьыгъэ тэ­мэм ирагъэкIуэкIыну ехъуэхъуащ, ап­хуэ­дэу КъБР-м и Парламентым и етхуанэ зэ­хуэ­сыгъуэм и депутатхэм тэмэму зэ­ры­лэжьам папщIэ фIыщIэ яхуи­щIащ.

Белгъэрокъуэ Марьянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым. 

17.04.2024 - 16:05

ДУНЕЙПСО ЩIЭИНЫМ И МАХУЭ

«Тхыдэ мыхьэнэ зиIэ щIыпIэхэр дывгъэхъумэ» къыхуеджэныгъэм щIэту а махуэр гъэ къэс гъэлъэпIэным теухуа унафэр 1982 гъэм ЮНЕСКО зэгухьэныгъэм Фэеплъхэмрэ щIыпIэ хьэлэмэтхэмрэ хъумэнымкIэ и дунейпсо

17.04.2024 - 09:01

ЩIЫХЬЫЦIЭ КЪЫХУАГЪЭФАЩЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс, Адыгэ, Ингуш, Осетие Ищхъэрэ - Алание республикэхэм я цIыхубэ артист, «Адыгейм и ЩIыхь» медалыр зыхуагъэфэща уэрэджыIакIуэ цIэрыIуэ Нэхущ Чэрим иджыблагъэ къра

17.04.2024 - 09:01

ДУНЕЙ ПСОМ ЩЫЦIЭРЫIУЭ АДЫГЭ БЗЫЛЪХУГЪЭМ ТЕУХУАУЭ

Котляровхэ Мариерэ Викторрэ я тхылъ тедзапIэм къыщыдэкIащ дунейм щыцIэрыIуэ бзылъхугъэ Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан теухуа «Черкешенка» тхылъыр.

17.04.2024 - 09:00

ВАГЪУИЩЫМ Я НЭХЪ ЦIЫКIУМ

Астрономхэм къызэрахутауэ, ди Дыгъэм хуэдгъэдэну нэхъ тпэгъунэгъуу уахэм зыщызыгъазэр вагъуищу зэхэт Альфа Центаврэ гуэрэным хыхьэ Проксимэ Центаврэщ.