Сатур зыIэщIэлъхэм я лэжьэкIэм топсэлъыхь.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек фокIадэм и 10-м иригъэкIуэкIащ щIыналъэм сатур щызыIэщIэлъхэм яку дэлъ зэхьэзэхуэм зегъэужьынымкIэ КъБР-м и Iэтащхьэм деж щыIэ Советым и зэIущIэ. Абы хэтащ Урысейм и ФАС-м и унафэщIым и къуэдзэ Доценкэ Андрей. Хабзэубзыху IуэхущIапIэхэм, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм, еджапIэ нэхъыщ­хьэхэм, щIыпIэ администрацэхэм я лIы­кIуэхэр зыхэта зэIущIэм щытепсэлъыхьащ сатум щызэдэлажьэхэм я зэфIэкIым хэгъэхъуэнымкIэ лъэпкъ проектхэр щIы­налъэм щыгъэзэщIэнымкIэ, конкуренцэм зегъэужьынымкIэ щыIэ Iэмалхэм.
- Урысей Федерацэм и Президентым и накъыгъэ унафэхэмкIэ къытхуагъэуващ ди къэралым зиужьыным хуэунэтIа лэжьыгъэшхуэ едгъэкIуэкIыну. Абыхэм ящыщщ цIыхум и щыIэкIэ-псэукIэмрэ щIэ­ныгъэ-технологие унэтIыныгъэхэмрэ зегъэужьыныр. Ауэ къыдгурыIуэн хуейщ а псори дызэрыхуейуэ къызэрыдэмыхъу­лIэнур, конкуренцэ тэмэм щымыIэмэ. Ди нобэрей зэIущIэр зытеухуэжари аращ - сатур зыIэщIэлъхэм я лэжьыгъэр къай­хъулIэн папщIэ, псом япэу убзыхун хуей лъабжьэрщ: конкуренцэрщ. Ди гуапэ зэрыхъунщи, УФ-м и ФАС-мрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Правительствэмрэ ­зэгурыIуэныгъэ зэращIылIауэ мы Iуэхум долэжь, сызэреплъымкIи, ехъулIэныгъэфIхэр щыIэщ. Нобэ къэтIэта Iуэху­гъуэмкIи, апхуэдэ дыдэу, ди къару къихьыр етхьэлIэну согугъэ. НэгъуэщIуи ­хъунукъым, - къыхигъэщIащ КIуэкIуэм, зэIущIэр къыщызэIуихым.
УФ-м и щIыналъэхэм конкуренцэм зыщегъэужьынымкIэ егъэкIуэкIыпхъэ лэ­жьы­гъэм тепсэлъыхьащ УФ-м и ФАС-м и Правовой управленэм и унафэщI Молчанов Артём. А лэжьыгъэр КъБР-м зэры­щагъэзащIэм и гугъу ищIащ КъБР-м ­экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Борис. ФАС-м и хабзэхэр КъБР-м зэрыщылажьэр утыку кърихьащ УФ-м и ФАС-м и КъБР-м щиIэ къудамэм и уна­фэщI Пшыншэ Казбек.
КъулыкъущIэхэм зэIущIэм къыщап­сэ­лъам тепщIыхьмэ, 2022 гъэ пщIондэ конкуренцэм зегъэужьынымкIэ егъэкIуэ­кIыпхъэ дауэдапщэхэр япэу къызэзыгъэпэщахэм ящыщщ ди щIыналъэр икIи КъБР-м утыку кърихьа лэжьыгъэм къы­­зэщIеубыдэ унэтIыныгъэ 33-м щы­зэфIэхыпхъэхэр. Абы хеубыдэ мэкъумэш щIэныр, жылэ гъэкIыныр, ухуэныгъэр, егъэджэныгъэр, узыншагъэр хъумэныр, къинэмыщIхэри.
- СызэрыщыгъуазэмкIэ, КъБР-м сатум епха цIыхухэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ я ­лэ­жьыгъэр тэмэму зэтеублащ, иужьрей ­зэманми хабзэр къызэпызыудхэм я бжыгъэр куэдкIэ нэхъ мащIэ щыхъуащ. Ар и щыхьэтщ КъБР-м и ФАС-м лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэкIуэкIам. Къыхэгъэщыпхъэщ апхуэдэ ехъулIэныгъэ щIыналъэ куэдым зэрыщамыгъэлъэгъуэфыр. Ауэ щы­хъукIэ, хьэрычэт Iуэху цIыкIумрэ курытымрэ егъэ­фIэкIуэнымкIэ зыри зэ­ран къыфхуэхъуркъым, - жиIащ Доценкэ, КъБР-м и къулыкъущIэхэм зэIущIэм къыщапсэлъам едэIуа нэужь.

Фырэ Анфисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

15.04.2024 - 16:03

АГУИЙ И IЭХЭЛЪАХЭМ

Испы-унэ телъыджэ

15.04.2024 - 12:51

«БАЙКОНУР» КОСМОДРОМЫР

 «Байконурыр» дуней псом и япэ космондром нэхъ ин дыдэщ. Абы телъэтыкIащ Гагарин Юрий зэрыса «Восток» кхъухьыр, ЩIым и япэ спутник IэрыщIыр, «Восход», «Союз» хьэрш кхъухьхэр.

15.04.2024 - 08:35

МАХУЭШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ зэIущIэ иригъэкIуэкIащ, ­КъБР-м и Прави­тельствэм и Уна­фэщI Мусуков Алийрэ муниципалитетхэм я Iэтащхьэхэмрэ ­кърихьэлIэу.

15.04.2024 - 08:34

ЗЭГУХЬЭНЫГЪЭМ ЗЭФIИГЪЭКIАР

КъБР-м и Правительствэм иджыблагъэ ще­кIуэкIащ «КъБР-м и муниципальнэ щIыналъэ­хэм я совет» зэгухьэныгъэм (КъБР-м и АСМО) и правленэм и зэIущIэ.

14.04.2024 - 09:03

КУЭД КЪЭЗЫМЫГЪАЩIЭУ КУЭД ЗЫЛЭЖЬА

Налшык дэт Лъэпкъ музеймрэ Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ СурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музеймрэ къыщызэIуахащ су­рэтыщI цIэрыIуэ, КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат, Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ и с