«Iуащхьэмахуэ и Кубок» саугъэтыр Даймонд Линк къехь.

КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэр щагъэлъапIэм хыхьэу Налшык шыгъэжапIэм щэбэт кIуам ще­кIуэкIащ «Iуащхьэмахуэ и кубок» 14-нэ шыгъажэр. Дунейр жьапщэми, бжьы­хьэ уэшхми къызэтригъэувыIакъым махуэшхуэ шыгъажэ екIур.
Шыгъажэм бжьыпэр щызыубыдхэм иратыну ахъшэр (мылъкур къызыбгъэдэкIари къызэгъэпэщакIуэри КъБР-м Мэкъу­мэш хозяйствэмкIэ и министерствэрщ) сом мелуанитIым щIигъурт. Зэпеуэу 10-м щыщу 9-м шы лъэпкъ къабзэхэр къыщызэдагъэжащ, къызэхуэсахэм я гукъы­дэжыр къиIэтащ къы­зэра­гъэпэща концертым.
Налшык ипподромым къыщызэхуэса цIыхуищэхэм яхэту махуэшхуэ шыгъажэ­хэм кIэлъыплъащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, федеральнэ инс­пек­тор нэхъыщхьэу КъБР-м щыIэ Ткачёв Евгений, УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэр, республикэм и Парламентымрэ Правительс­твэм­рэ щыщхэр, Урысей Федерацэм и ЛIыхъужь, кхъухь­лъатэзехуэ-космонавт Ре­вин Сергей.
Шыгъажэр къызэIуахри, КъБР-м и Къэралыгъуэм и махуэм и щIыхькIэ ягъэува саугъэтым (ар сом мелуан ныкъуэ хъурт) щIэбэныну Налшык ипподромым и пшахъуэ гъуэгум техьащ илъэсищ, нэхъыбэ хъу ший. КилометритI гъуэгуанэм и хьэрхуэрэгъухэр къы­щызэ­ринэкIри, бжьыпэр иубыдащ «Малка» шы заводым и пцIэгъуэплъ Нью-Йорк Сити. Ар зэпеуэм хуигъэхьэзыращ мастер-тренер Алокъуэ Аслъэнджэрий, къэзыгъэжар мастер-шууей Сыжажэ Русланщ. ТекIуа­хэм къахьа саугъэт нэхъыщ­хьэр Iэ­гуауэшхуэм щIэту яритащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.
КъыкIэлъыкIуэу Урысейм ис лъэпкъхэм я зэныбжьэ­гъугъэр ягъэлъапIэу ягъэува саугъэтым (сом мелуан ныкъуэ) метр 1600-м къы­щызэдэжа зэпеуэм псори къызэщIиIэтат. Битокъу Мухьэмэдрэ Къудей Хьэ­сэнрэ я пцIэгъуэплъ Проуд Мейкер ерыщу ипэкIэ кIуат, арщхьэкIэ ахэр къы­зэринэкIри зи чэзу текIуэныгъэ дахэр зыIэригъэхьащ Волчаро. Алокъуэ Аслъэнджэрийрэ Сыжажэ Русланрэ я гъэсэным хуагъэфэща саугъэтыр щаритым абыхэм ехъуэхъуащ Ткачёв Евгений.
«Iуащхьэмахуэ и Кубок» саугъэт нэхъыщхьэм щIэ­бэныну утыку къихьа шы­гъажэшхэр щызэпеуэн хуейт метр 2400-рэ гъуэгуанэм. Ерыщу къыпэщIэта и хьэрхуэрэгъухэр секунд бжыгъэм къызэринэкIри, «Iуащ­хьэмахуэ и Кубокыр» къихьащ Даймонд Линк. ­КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий мастер-тренер Яков Ман, мастер-шууей Пэнжокъуэ Рустам, шыр зейхэм ехъуэхъури, саугъэтыр яритащ.
АдэкIэ къызэхуэсахэм я гукъыдэжыр къаIэтащ хабзэ хъуауэ ирагъэкIуэкI шы­гъажэ зэмылIэужьыгъуэ­хэм.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, къыкIэлъыкIуэ шыгъажэр, Адыгэхэм я махуэм хуэгъэпсар, Налшык ипподромым щекIуэкIынущ фокIадэм и 21-м.

Дыгулыбгъу Жантинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж