ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ.

УФ-м и Президентым мы гъэр Театрым и илъэсу ­игъэуващ. Абы ехьэлIауэ ди деж щекIуэкI Iуэхухэм тедгъэпсэлъыхьыну, и лэ­жьы­гъэхэми я гугъу ед­гъэ­щIыну «Адыгэ псалъэ» ­газетым и хьэщIэщым ­къедгъэблэгъащ КъБР-м щIыхь зиIэ и артист, Що­джэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым и джэгуакIуэ Хьэ­мырзэ Ахьмэд.
- Ахьмэд, мы илъэсыр зэревгъэкIуэкIым, фы­зэлэжьхэм я гугъу къытхуэпщIамэ ди гуапэт.
- 2019 гъэр Театрым и илъэсу зэрагъэувам теухуа гуфIэгъуэ зэхыхьэр Путин Владимир 2018 гъэм дыгъэгъазэм и 18-м къыщызэIуихауэ щытащ Ярославль дэт, Волков Фёдор и цIэр зе­зыхьэ театрым. Урысейм и щIыналъэхэм я Театрхэм я лэ­жьа­кIуэ куэд зыхэта, ди къэ­ралым итхэм я нэхъы­жьу къалъытэ а теат­рым щекIуэ­кIа зэхуэсышхуэм къе­кIуэ­лIахэм сэри сахэтащ. Мыри къыхэгъэщыпхъэщ: мып­хуэдэ Iуэху дахэр УФ-м и Президентым къы­щыхилъ­хьа гуфIэгъуэ пшы­хьыр екIуэ­кIыным мазитI-щыкIэ япэ иту а пэш хуитыш­хуэм адыгэ театрыр ды­щыджэгуат, Вол­ковым и цIэр зезыхьэ саугъэтри ди актрисэ пажэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артисткэ ЖьакIэ­мыхъу КIунэ къы­щыхуа­гъэ­фэ­щат.
- Волковым и саугъэ- тыр къы­п­хуагъэфэщэныр къы­зэрыгуэкI Iуэхукъым…
- Ар зратыр сыт и лъэныкъуэкIи зи лэжьыгъэм хуэ­Iэижь, зэчиишхуэ зыбгъэ­дэлъу къалъытэ цIыхурщ. Дауи, ди КIунэ ар хуэфащэ дыдэщ. МыдэкIэ, Волковым и цIэр зезыхьэ театрым и­ ­гугъу пщIымэ, сыт хуэдэ актёрри къащти - ар Москва, Санкт-Петербург, нэ­гъуэщI къалэшхуэхэм дэт театрхэм я лэжьакIуэхэрауи ирехъуи, я хъуэпсапIэхэм ящыщщ Ярославль дэт а театрым щыджэгуныр.
Театрым и илъэсымкIэ къэзгъэзэжынщи, иужьрей зэманым IэщIагъэ къэс зы гъэ хухахыныр хабзэ хъуащ. Нэгъабэ Литературэм и илъэ­су щытащ. Мы гъэр Теат­рым ейуэ зэрыщытым мыхьэнэшхуэ иIэу къызолъытэ. А Iуэхугъуэм дигъэгушхуауэ нэхъ жыджэру долажьэ. Къапщтэмэ, зы илъэси дэкIыркъым спектаклыщIэу плIы, тху дымыгъэуву, ауэ мы гъэм театр­еплъхэр нэхъыбэкIэ дгъэгуфIэну дыхуейщ. Ди режис­сёрхэм ягъэувми, нэгъуэщI щIыпIэ режиссёр кърашми, ди лэжьыгъэр зыубгъуауэ, нэхъ хуиту утыку къызэритхьэнум, театреплъым щIэ­щыгъуэ зэрыщытщIынум и Iуэху зыдохуэ.
- Сыт хуэдэ спектаклы­щIэхэр вгъэува?
- Москва дэт, Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтыр къэзыухыу къэзыгъэзэжа ди щIалэгъуалэм я егъэджакIуэ Дубровская Ан­нэ къакIуэри, спектакль гъэщIэгъуэн дгъэуващ. Ост­ровский Александр и «Таланты и поклонники» жы­хуиIэрщ къызытрищIы­кIар. Артист щIалэхэри нэ­хъыжь­хэри хэту гъэува ­хъуащ - езы пьесэри ныбжь-ныбжькIэ гуэшауэ цIыху куэд зыхэт спектаклыш­хуэщ. Ар фIы дыдэу гъэува хъуауэ къызолъытэ. Езы Островскэри дра­матургие и лъэны­къуэкIэ нэхъ жыжьэ дыдэ нэ­сыфахэм ящыщщи, абы къигъэнэIуа образхэр къе­хъу­лIауэ, егъэлеяуэ спектакль гъэщIэгъуэн ­хъуауэ къыт­щыхъуу делэ­жьащ. Утыку къызэритхьэ­ри куэд щIакъым. Абы нэмыщI, Осетие Ищхъэрэм щыщ, режиссёр щIалэ Джелиев Казбек дыдэлэжьащ. Абы игъэуващ Булгаков Михаил и пьесэм къытращIы­кIауэ щыта «Иван Васильевич меняет профессию» спек­талыр, ар, псоми зэ­рыф­щIэщи, Гайдай Леонид триха кино цIэрыIуэрщ, цIыху­бэми фIыуэ ялъэ­гъуащ. Абы хэт дэтхэнэ ар­тист­ми иджыри къэс гу зы­лъыдмыта джэгукIэ хьэлэ­мэ­­тыщэхэр ядэт­лъагъуу ягъэ­уващ. Абы нэмыщI, илъэ­с тIо­щIы­рыпщI ипэкIэ ягъэувауэ щIэуп­щIэшхуэ зиIахэм ящы­щу, цIыху куэ­дым ягу ирихьауэ нобэр къыздэсым ягу къагъэкIыж американ драматург Нэш Ричард и «Уэшх зыщэ» спектаклыр. Мис а пьесэр но­бэрей гъащIэм, нобэрей артистхэм ди еплъыкIэкIэ зэпкърытхыфу тхуэгъэувэными деплъынщ жытIэ­ри, щIэддзэжауэ долэжь. Мис а спектаклхэр Театрым и гъэм режиссёр, актёр зэмыщхьхэм я еплъы­кIэкIэ утыку къралъхьэжыну хэтщ. Ахэр Iэмал хъар­зы­нэщ спектаклхэм еплъхэми, ар зыгъэувхэми я гупсысэм зиужьын папщIэ. Театрыр сэ IэшрыIым изогъэщхь. НэгъуэщI лъэпкъым къы­хэкIам итхар е нэгъуэщIхэм къагъэсэбэпа гуэрхэр адыгэ лъэпкъым ди еплъы­кIэм, ди гупсысэкIэм къы­зэредгъэ­зэгъыфым, къы­зэридгъэ­тIэсхъэфым гъэ­щIэгъуэн тщещI ди лэжьыгъэр. Мы дунейм лъэпкъыу тетыр зэ­мыщхьми, а зэ­мыщхь псоми я Iуэху еп­лъыкIэр теат­рым зэрешэ­лIэф, гъащIэр зэтезыIыгъэ Iуэхугъуэхэр зэхуэдэу псоми ди фэм ­докI.
- Ахьмэд, актёр IэщIагъэм иджы ущыхэгъэрей дыдэщ - дауэ ухуэкIуат абы, сыт щIэдзапIэ пхуэ­хъуар?
- IэщIагъэ схуэхъунум сэ куэдрэ сегупсысакъым. Ар си хъуэпсапIэу къекIуэкIырти, дзэм къулыкъу щысщIэщ къэзгъэзэжри, Кавказ Ищхъэрэм ГъуазджэмкIэ и ­институтым актер IэщIагъэм сыхуеджэну сыщIэ­тIыс­хьащ. Ар къэзуха нэужь, 1991 гъэм ди театрым лэ­жьэн щыщIэздзащ. Мы лэ­жьыгъэм си акъылкIэ сыкъыхуэкIуащ.
Дэтхэнэ IэщIагъэми и пщIэр зыIэтыр а IэщIагъэр фIыуэ зылъагъу, зи псэм хэлъ абы и лэжьакIуэрщ. Артист псалъэм и мыхьэнэр сыт хуэдэ бзэкIэ зэпкърытх­ми, абы къикIыр утыкуа­кIуэщ. Адыгэбзэжь дыдэмкIэ дыIэбэнщи - хьэтиякIуэщ. Сэ мыпхуэдэу согупсыс: актёру ущыщытым деж, нэгъуэщI цIыхум и пIэм уиувэфыныр, абы и ­гъащIэр къэбгъэ­щIэ­фыныр Iэмал имыIэу къохъу­лIэн ­хуейщ. Ар уи лэ­жьыгъэу щы­щыткIэ, бгъэзащIэ ролым нэгъэсауэ ухуэ­фащэу ущы­тыпхъэщ. Утыкум укъы­хуигъэщIамэ, абы ехьэлIа гупсысэм зэи уиутIыпщын хуейкъым. Уи дуней зыхэ­щIэкIэр зы лъагапIэ гуэрым щынэсам деж, лэжьыгъэр фIыуэ умылъагъумэ, абы убгъэдэтыфынукъым.
- БгъэзэщIа ролхэм ящыщу нэхъ гукъинэж пщы­хъуа­хэм я гугъу уэзгъэ­щIынут.
- «Хэхауэ мыр нэхъ гунэс сщыхъуащ» схужыIэнукъым. ЗгъэзэщIа ролхэр сщыщ Iыхьэ хъуащ. Уи IэпхъуамбипщIым дэтхэнэр къыхэпхыфыну, е бынхэм уахэ­дэфыну - щыжаIэ щы­Iэщ. Ауэ, ролхэр зэхуэдэу фIыуэ плъагъуми, абы къикIыркъым псори зэхуэдэу къохъулIауэ. Сахэдэу сценэм зыгуэр щызгъэзэ­щIэжын хуей хъужыкъуэмэ, си фIэщ хъуртэкъым Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIым» хэта Албэч и ролыр япэ измыгъэщыну. IэфIынэ сабийуэ псым къыхэзыхыжауэ щыта Албэч лъагъуныгъэ хуищIри, балигъыпIэм иувэхукIэ а гурыщIэр къызд­рихьэкIащ. Албэч IэфIынэ хуищIа лъагъуныгъэм ап­хуэ­дизкIэ дзыхь трищIэртэкъыми, лъэбакъуэ лей с­чырэ сызыщымыгугъа пхъа­шагъэ гуэр кърикIуэмэ - жиIэу тегузэвыхьырт. АдэкIэ дыIэбэнщи, IэфIынэ и адэ ХъупIиц Албэч къытеплъэ хъуртэкъым. Къыптеплъэ мыхъум и быныр фIыуэ плъагъуу - гъэщIэ­гъуэну ухуа тхыгъэщ мыр. А ролыр щызгъэзэщIам щыгъуэ сынэхъ щIалэт. Егъэлеяуэ сыдэзыхьэх ролхэм ящыщщ Налом и тхыгъэхэм хэт адрей лIыхъужьхэри. А тхакIуэм и IэдакъэщIэкIхэм щIилъхьэ гупсысэмрэ и бзэм и кууагъымрэ уда­мы­хьэхын плъэкIыркъым. «Къру закъуэм» къыхэщыж Хьэбалэ делэу къызыщыхъу щыIэми, нэгъуэщI дуней еплъыкIэ зиIэж цIыхущ ар. Нэхъыбэм къащхьэщыкIыу зи дуней еплъыкIэ зиIэж цIыхур делэу къыщалъытэ къызэрыхъум и зы щапхъэу мыри сыхуейт къэсхьыну. БжьыхьэлI Лиуан, Бжьы­хьэлIокъуэуи жаIэ абы и унэцIэр, и ныбжьыр илъэс плIыщIым нэблэгъэху сабийхэм яхэту чыш тесу джэгуу псэуауэ яIуэтэж. Ар зыфIэделэ щыIами, къэхъуну-къэщIэнур ищIэу тхьэгурымагъуэт. Балигъхэм яхыхьэу, епсэлъылIэу щыттэкъыми, абы и щхьэусы­гъуэмкIэ къыщеупщIын, сэ сыщIэмыпсалъэр фщIамэ, фэри фы­мыпсэлъэнкIэри хъунт жи­Iэри, пщым жэуап иритыжауэ щытащ. Аращи, зи дуней еплъыкIэ зиIэж дэтхэнэри гъэщIэгъуэны­щэу зэхэлъу къигъэщIауэ къэплъытэ хъунущ. Мис апхуэдэ гупсы­сэрэ Iуэху бгъэдыхьэкIэрэ къытхуэзыгъэнэн цIыху губзыгъэрэ гъэщIэгъуэн куэд­рэ къыт­хокI.
Дунейпсо драматургие и лъэныкъуэкIэ уегупсысмэ, адыгэбзэр икъукIэ къулейщ, уры­сыбзэм кърагъэ­тIэса тхыгъэхэр шэрыуэу ди пащхьэ кърилъхьэфу, ауэ абы къыпхуимыгъэтIасэ тхыгъи щыIэщ. ПхузэмыдзэкIыну къысщохъу Лермонтов Михаил и «Странный человек» пье­сэр. А пьесэм щызэ­хуэхьэса гупсысэхэр сэ си дуней зыхэщIэкIэмрэ гупсы­сэ­кIэм­рэ техуэу щытщ. Ар сфIэхьэлэмэтщ. Шекспир и драматургиеми хуабжьу сыдехьэх - псом хуэмыдэу «Гамлет», «Король Лир».
- ЦIыху Iейм и роль щыбгъэзащIэм деж уэ дауэ а щытыкIэм уиувэрэ?
- Ролыр фIырэ IейкIэ зэхэздзыркъым. Дэтхэнэми и пIэм уиувэфу щытын ­хуейуэщ къызэрыслъытэр. Сэ роль зэхэдзи сщIыр­къы­м. ФIыуэ е Iейуэ зэхэ­мылъ зыри щыIэкъым. Хьэ­Iу­цыдз­рэ пэт и шырыр епI, абы фIагъ гуэри бгъэдэлъщ. ЦIыхум ищIэ Iуэхугъуэми фIагъ е Iеягъ гуэр кърокIуэ. Аращи, а Iуэху Iей зылэжьам и пIэм сиувэн хуей хъумэ, сиувэфынущ. «Сэ мыбы щхьэ­кIэ нэгъуэщI нэкIэ къы­зэплъынущ», - жысIэу се­гупсысыркъым. ЖызоIэри, мы IэщIагъэм сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи ухуэ­мыхьэ­зыру урилэжьэфынукъым.
- Театрым гъэсэныгъэ и лъэныкъуэкIэ ди гъащIэм увыпIэшхуэ щеубыд…
- «Мы дунеишхуэр зэры­щыту театрщ, цIыхухэр абы щоджэгу», - жиIащ Шекс­пир. Театрым и мыхьэнэ нэхъыщхьэр цIыху­хэм я нэгу зегъэу­жьы­ныр­къым. Ар гъэ­сакIуэ-ущиякIуэщ, цIы­хур зыщIэзыгъэгуп­сысыж Iэ­малхэм ящыщ зыщ.
Нэгузегъэужьынри гъащIэм щыщ зы Iыхьэщ, ауэ театрыр цIыхур зыгъэгупсысэ, абы зезыгъэузэщI къарууэ зэрыщытырщ япэ игъэщыпхъэр. ГъащIэр ­нэхъ гугъу хъуащ, абы и нэпкъыжьи театрым къы­щIеху, игъэув спектакл­хэми захъуэж. Псалъэм папщIэ, гушыIэхэр, цIыхум и гукъыдэжыр къэзыIэтыфынухэр нэхъыбэу утыку кърахьэ. Ауэ, цIыхухэм нэхъ яфIэ­фIым дытелажьэу, я гум дэмыхьэж хъуам деIу­сэнкъым жытIэ хъунукъым.
- АтIэ, театрыр къыщежьауэ къалъытэ «ан­тич­нэ дунеймкIэ» дыIэбэнщи, ар нэгузегъэужьыпIэ къудейуэ къагъэсэбэпу щы­тауэ къэплъытэ хъуну?
- А зэманым щегъэжьауэ, ди нобэм къэс театрым зиужьащ икIи зихъуэжащ. ­Нэгу зегъэужьын къалэныр ­игъэзащIэу къежьагъэнри хэлъщ, ауэ абы къикIыркъым а театрым гъэсэныгъэ къалэн имыгъэзэщIауэ. Пасэм щыгъуэ пьесэ зытхахэми, ар зыгъэувахэми гъэ­сэ­ныгъэ гуэр цIыхум ябгъэ­дэслъхьарэт жаIэу ап­хуэдэ зыгуэр я пщэм дамылъхьэжамэ, театр мы­хьэнэр иIэу зэфIэувэну щытауэ фIэщ­щIыгъуейщ. Мыпхуэдэу зыгуэрым жиIауэ щытащ: доху­тырыр Iэпкълъэпкъым еIэ­зэмэ, артистыр псэм йоIэ­зэ. Ар пэжу къызолъы­тэ, сыту жыпIэмэ, Iэпкълъэпкъыр зэрыузым хуэдэ дыдэу псэри узыфынущ. Абы и хущхъуэгъуэр хуабагъэ, дахагъэ зыхищIэнырщ.
- Адыгэ тхакIуэхэм ятхауэ иужьрей зэманым сыт вгъэува?
- IутIыж Борис и «Хьэ­пэщыпхэр», «Эдипыр», ­Къаныкъуэ Заринэ и «На­гъуэ и унагъуэр», Нало Заур и «IэфIынэ и нэ фIыцIитIыр». Шортэн Аскэрбий и «Яшэмрэ къэзышэхэмрэ» пьесэр щIэрыщIэу дгъэувыжащ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, ди тхакIуэхэм я Iэдакъэм къыщIэкIауэ драматургие тхыгъэщIэ диIэкъым. НэгъуэщI лъэпкъхэм щыщ тхакIуэхэм я IэдакъэщIэкIхэри догъэув, ахэр адыгэбзэкIэ утыку къыдохьэ, апхуэдэхэм я лэжьыгъэхэри умыгъэлъагъуэу зыпхуэужьынукъыми.
- КъардэнгъущI Зырамыку, Акъсырэ Залымхъан­ сы­мэ я пьесэхэр къэгъэ­щIэ­рэщIэжауэ утыку къихьэжамэ хъунтэкъэ?
- Къихьэжын хуейуэ къы­щIэ­кIынщ. Ауэ, адыгэ псэ­лъафэ щыIэщ: ЗылI и ­ныбжь дунейм и зэхэлъы­кIэм зимыхъуэжу къанэркъым. Ар дуней пщалъэщ. Но­бэ къытфIэмыIуэхуж ­хъуа­хэри дыхуэныкъуэу къы­­щытщтэ­жыни къытхуихуэнущ. Абы и лъэны­къуэ­кIэ, ди театрым и нэ­хъы­жьыфIхэм ягъэлъа­гъуэу щы­та лэжьыгъэхэр Iэ­щIыб тщIыжыну ды­хуит­къым. Ар утыку къызэрип­хьэжыфым куэд елъытауэ щытынущ.
- Республикэм къиб­гъуэтэн­къым Къэрмокъуэ Мухьэмэд и «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» Iуэ­тэжым къыт­ращIыкIа ки­нофиль­мым емыплъа. Уеб­лэмэ, иджыри «Чэ­ма­лыш­хуэкIэ» къоджэ яхэтщ цIыхубэм. А ролым теу- хуа уи гукъэ­кIыжхэмкIэ укъыд­дэгуэшамэ, ди гуа­пэт.
- А фильмыр сыдэзы­хьэхыу сыщыджэгуахэм ящыщщ. Абы лъандэрэ илъэс тIощIым нэсами, ноби уэрамым сыщрикIуэкIэ «Лъагъуныгъэм и хьэтыркIэ» фильмым хэтар уэращ - жаIэурэ сыкъыщагъэувыIэ щыIэщ. Ар гуапэ пщымы­хъуу къанэркъым. Апхуэдэм уримыгушхуэни плъэкIкъым. Ауэ нэхъ лейуэ си напщIэ телъщ а тхыгъэр зей Къэрмокъуэ Мухьэмэд сы­зэ­рикъуажэгъур. Зы жы­лэжь дыкъызэрыдэкIари хэлъу къыщIэкIынущ а ролыр нэхъ зыхэсщIэу, псэкIэ си гъунэгъу дыдэу щIы­щытым, къыщIызэхъулIам. Мыри къыхэзгъэщынут: ­фи­ль­мыр щытетхар Щхьэ­лы­къуэ къуажэщ, Апажэ Сулъ­тIан и унагъуэрщ. Сулъ­тIан и къуэш нэхъыщIэ Назир «Адыгэ псалъэ» газетым щы­лэжьащ. Назиррэ Му­хьэмэдрэ фIы дыдэу зэрыцIыхурти, абы и фIыгъэкIэт кинор Апажэхэ щIы­щытрахари. А фильмым щыфлъэгъуа джэдкъазри, Iэщри, жыг хадэри а уна­гъуэм яйт. Ягъэлъэгъуэн пап­щIэ зыри кърашэлIатэкъым. НэфIыцIэрэ сэрэ ди сценэр щытетха пэш цIыкIур сигу къокIыж. Iуэхур щекIуэ­кIыр СулътIанрэ и щхьэ­гъусэ дунейм ехыжамрэ я пэшырт. Я хьэдрыхэ дахэ тхьэм ищI, СулътIанрэ и щхьэгъусэмрэ къызэдагъэ­щIа илъэсхэм я фэеплъ дахэу лIыжьым ихъумэ пэшыр, абы щIэт унэлъащIэ ямыгъэхъеяхэр дэ ди лэжьыгъэ­кIэ къыдигъэгъэсэбэ­пауэ­ щытащ. СулътIан и щхьэ­гъусэм хуиIа лъа­гъуныгъэм и щапхъэт а пэ­шыр зыкIи ямыхъуэжу а унагъуэм щIахъумар. Лъагъуныгъэм и хьэ­тыр лъапIэщ ар. Плъа­гъуркъэ, езы гъащIэм­рэ фильмымрэ я мыхьэнэр хьэ­лэмэт гуэру зэхуэкIуат.
- Ахьмэд, фIыщIэ пхудощI зэман тхухэпхыу укъы­­зэрытхуеблэгъам папщIэ. Уи мурадхэр, хъуэп­сапIэхэр тхьэм къыпхузэпищэ!

Епсэлъар НАФIЭДЗ Мухьэмэдщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)