Адэжь хэку и бын зеиншэ хъуркъым.

Зи хэку къэзыгъэзэжахэм я махуэр, Дунейпсо Адыгэ Хасэм Налшык и «Трек» щIыпIэм шы­щхьэу­Iум и 1-м щигъэлъэпIащ.

Абы кърихьэлIат Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, ­КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэ­лэ­жьэ­нымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министерствэм и унафэщI КIурашын Анзор, ДАХ-м и тхьэмадэм и япэ къуэдзэ Бырсекъуэ Орфан, хэкум къэзыгъэзэжа ди лъэп­къэгъухэр.
Бырсекъуэ Орфан ДАХ-м и тхьэмадэм и фIэхъусыр къызэхуэсахэм ярихри, жи­Iащ, тхьэмадэм Iуэху къы­лъыкъуэкIыу мы зэхыхьэм къэмыкIуэфами, абы кърихьэлIа псоми я махуэмкIэ зэрехъуэхъур.
- Хэхэс адыгэхэмрэ хэкурысхэмрэ япэу щызэIущIар 1957 гъэм Москва ще­кIуэкIа фестивалращ, - къри­гъэжьащ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд. - Абы Сирием ­къикIыу къэкIуа гупым яхэтащ ди лъэпкъэгъухэм ящыщ. Ауэ хэкум япэ дыдэ къихьэжар ЯфIэунэ Абдулщ, абы къыкIэлъыкIуэу къэкIуэжа Абеикъуэ Шу­хьэиб нобэ ди хьэщIэщ. Иджыпсту къэкIуэжыну ­хуейуэ щыIэмрэ къэкIуэжамрэ я бжыгъэр зэхуэдэкъым. Хэкуншэу мыпсэуф­хэр къокIуэж, ауэ зи Iуэху зэ­хуэмыхъу куэди щыIэщ. КъэмыкIуэжми, хэкум хуэ­лажьэхэр, лъэпкъ Iуэхур ипэкIэ зыгъэкIуатэхэри ди мащIэкъым. Сэ сиIэщ ­хъуэпсапIэ, адыгэбзэ зымы­щIэр сабий садми курыт еджапIэми Iамыхыу, университетым щIэмытIысхьэфу, зи бзэр зымыщIэм къулыкъу кърамыту дыхъуну. Си Iуэхут итIанэ анэдэлъхубзэр Iумпэм ящIмэ. Сыны­вохъуэхъу мы махуэ дахэмкIэ, хэкум и IэфI иджыри куэдрэ зыхэфщIэу фыпсэуну си гуапэщ.
Апхуэдэуи ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд къызэхуэсахэм яж­риIащ Iуащхьэмахуэ и ­щыгум Хьэшыр Чылар зэ­ры­дэкIрэ илъэси 190-рэ зэ­ры­рикъум и щIыхькIэ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэм ­бгъэ­хэIу къызэрыдигъэкIар. Абы­хэм ящыщ Мухьэмэд яхуигуэшащ нэхъыжь Iумахуэхэмрэ зи IуэхущIафэкIэ къыхэжаныкIахэмрэ.
Къэзыгъэзэжахэм я Iуэ­-хур ефIакIуэу, лъэкIыныгъэ яIэу, адэжь хэкум къару мыкIуэщI къахилъхьэрэ гуры­фIыгъуэ щымыщIэу иджыри куэдрэ щыпсэуну къызэхуэсахэм ехъуэхъуащ КIурашын Анзор.
ЗэIущIэм кърихьэлIат Тыркум къикIыжу къэкIуэжахэм я щыIэкIэ-псэукIэр зэзы­гъащIэ Лъостэнакуэ Анзоррэ Ростов щыщ пщащэ Цибенкэ Вероникэрэ. Абыхэм жаIащ хамэщI щыпсэухэр хэкум къэзышэж щхьэусыгъуэр, къэкIуэжахэм я псэу­кIэр, гъащIэм зэрыхэзагъэр зэрафIэгъэщIэгъуэныр.
- Дэтхэнэ адыгэ нэсми и гукъеуэу къысщохъу лъэп­къыр дунейм тепхъа ды­зэрыхъуар, - жиIащ псалъэ зрата Америкэм и Штат Зэгуэтхэм къикIыжа Шыкъ Мухьэмэд-Хьид. - Сэ а Iуэ­хум фIыуэ хызощIыкIри, къэ­кIуэжыну хуейуэ зыхузэ­фIэмыкI куэд зэрыщыIэр сощIэ. Дэнэ щIыпIэ ды­щыпсэуми, нэхъыщхьэр ди бзэр, хабзэр тщIэжынырщ. Иджы нэхъ зэман тынш ­къэхъуауэ къыщIэкIынкъым, уи щхьэ Iуэху зепхуэ­жыну - дывмыгъэщхьэх! Мыпхуэдэ гулъытэ къытхуэ­зыщI псоми фIыщIэ яхудощI.
Тыркум къикIыжахэм ящыщ Гуэщокъуэ Абдул-Бакъи пищащ псалъэмакъым.
- Уи хэку укъэкIуэжыныр Iуэхушхуэщ, ар тынш дыдэу къызыщыхъу щыIэми, - жиIащ абы. - Лъэпкъым и ехъулIэныгъэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщщ и быныр зэхуишэсыжыныр. Илъэс щэщIым нэблэгъауэ дыкъэкIуэжауэ мыбы дыщопсэури - дыщIегъуэжакъым. Мы Iуэхум нэхъыбэ тедгъэгушхуэну, хамэ къэралхэм щыпсэухэри гупсысэ лей хэмыту къэкIуэжыну къы­хуезджэну сыхуейщ.
Зи хэку зыгъуэтыжа СтIащ Сэбрии адэжь лъахэм и ­къарум, абы и мыхьэнэм тепсэлъыхьащ:
- Хэку зимыIэм иIэ дунейм теткъым, дэ мыбы дыкъэзышэжар абы худиIэ ­лъагъуныгъэращ. Гугъуехь куэд дыIущIащ, ауэ псоми дебэкъуэфащ, адэжь лъахэм папщIэ. Хэку и бын зеиншэ ищIыркъым, ар пэжщ. Хэхэс адыгэхэм ар къагурыIуэу къекIуэлIэжыныр си хъуэпсапIэщ, - жиIащ нэхъыжьыфIым.
- Хэкум къэзыгъэзэжахэм дежкIэ лъапIэ дыдэщ мы махуэр. Дэ сыт щыгъуи абыкIэ ди гур гъэзауэ ­ды­къагъэтэджащ. А хэку ­лъагъуныгъэрщ дыкъэ­зы­шэ­жари икIи дыхущIегъуэжакъым, - захуигъэзащ ­Къущхьэ Надим къы­зэ­хуэсахэм.
Хэкум теухуауэ псалъэ дахэ куэд щыжаIащ зэIущIэм. Адыгэ щIыгум и къарум и зэфIэкIым, зыIущIэ лъэпощхьэпохэм, нэгъуэщI куэд­ми щытепсэлъыхьащ абы.
Пшыхьым къыщеджащ хэку лъагъуныгъэм, лъэпкъ Iуэхум хуэгъэпса усэхэм, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэ­рэшей-Шэрджэс, Адыгэ рес­публикэхэм щIыхь зиIэ я артисткэ Хьэрэдурэ Динэ и уэрэд гуакIуэхэмкIэ къызэ­хуэсахэм я гукъыдэжыр ­къиIэтащ.

Сурэтхэр Къарей Элинэ трихащ.

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.