Сыту пIэрэ цIыхугъэм и шхэпсыр?

Адэжь лъапсэм къэзыгъэзэжа адыгэ­хэм я махуэр япэ дыдэу щагъэлъэпIар 1998 гъэращ. Абы щыгъуэщ Косовэ къыщыхъея зауэм къыхашыжа ди лъэпкъэгъухэм ящыщу зы гупышхуэ ди къуэш Адыгэ Республикэм къыщихьэжауэ щытар. Мейкъуапэ километри 4-кIэ пэжыжьэ щIыпIэм деж, къэIэп­хъуэжахэм папщIэ, Махуэхьэблэ зыфIаща къуажэ цIыкIу къыщызэрагъэпэщат, а щIыналъэм и Iэтащхьэу а лъэхъэнэм щыта Джарым Аслъэн и ­жэрдэмкIэ. Къэбэрдей-Балъкъэр Рес­пуб­ликэм а махуэм гулъытэ хэIэтыкIа хуащIын щыщIадзар 2010 гъэм къыщегъэжьауэщ.
Хэкум къэзыгъэзэжам и махуэм и пэ къихуэу дэ зыхуэдгъэзащ «Шэрджэс ренессанс» («Черкесский ренессанс») жылагъуэ зэгухьэныгъэм хэт, адэжь щIыналъэр псэупIэ зыхуэхъужа ди лъэпкъэгъухэр зыхуей-зыхуэны­къуэ­хэм­кIэ къызэрызэгъэпэщам щIэх-щIэ­хыурэ щIэупщIэ икIи ахэр зыдэ­тIыс­хьэжа къуажэхэм кIуэрей Къарэ Ратмир.

- Ратмир, нэгъуэщI къэралхэм къикIыжу Къэбэрдей-Балъкъэрым къэзыгъэзэжа адыгэхэм, иужьрей махуэхэр къэтщтэнщи, гъэщIэгъуэн тщыхъуну, къайхъулIа IуэхугъуэфIхэм ящыщ зыбжанэм укъытхутепсэлъыхьамэ ди гуапэ хъунт.
- МахуитI ипэкIэ нысашэ гукъинэж екIуэкIащ. Сирием къикIыжахэм ящыщу Цейхэ Iэниуаррэ Сыхъуэрэ я зы щIалэм, Тамбий Хьэкъулхэ япхъу Заретэ кърагъэшащ. Цейхэ Александровскэ станицэм дэсщ. Къыхэдгъэщыну дызыхуейр аращи, я щIалэм щхьэгъусэ хуэхъуар къэбэрдей пщащэщ, Нартан къуажэм щыщщ. ЖыпIэнур арамэ, ар гуфIэгъуэшхуэщ: Хэкум къихьэжамрэ мыбы щыщ хъы­джэбзымрэ зэрызэрыгъуэтар.
- Iэниуаррэ Сыхъуэрэ ябгъэдэсыр а зы къуэра?
– НтIэ. А тIур быныфIэми, я гъусэу Хэкум къихьэжар а зыращ. Адрейхэр, хэти (пхъухэр) унагъуэ ихьащ, хэти нэгъуэщI къэралхэм лэжьапIэлъыхъуэ кIуащ. Сирием къикIыжахэм ящыщу а зы унагъуэр Александровскэ станицэм дэтIысхьати, жыпIэнур арамэ, гугъу щехьащ. Сытми, а унагъуэр къызэрыIэпхъуэжрэ а къуажэм дэсурэ, лажьэ-пщIантIэми, мылъку тIэкIу зэрагъэпэщати, я къуэм иджы кърагъэшауэ аращ. Къыхэгъэщыпхъэщ Хэкум ис адыгэхэм ящыщхэри а унагъуэм зэра­дэIэпыкъуар. Псалъэм папщIэ, я хадэм щыхащIэну жыгыщIэ цIыкIухэр, зэрыIэбэну Iэмэпсымэхэр, нэгъуэщIхэри къы­хуащэхуащ. Апхуэдэу къекIуэкIыурэ, я ­къуэ Тамбий къишэн хуей щыхъуми, зыщIагъэкъуащ.
- Ратмир, Цейхэ нэмыщI, Сирием ­къиIэпхъукIыжахэм нэгъуэщI гуэрхэри яхэту пIэрэ Хэкужьым унагъуэ щызэрагъэпэщауэ?
- НтIэ. Псалъэм папщIэ, ищхьэкIэ зи гугъу тщIам ипэ къихуэу, нэгъуэщI апхуэдэ гуфIэгъуи дыхэтащ. Хэкум къихьэжахэм ящыщ ныбжьыщIитIыр (тIури студентщ) ди щIыналъэм щызэхуэзэри, унагъуэ щыхъуащ. ЩIалэр Хьэмыкъуэхэ ящыщщ, и цIэр Анзорщ, нысащIэр Джэшхэ япхъущ, и цIэр Риммэщ. ЖыпIэнур арамэ, мы тIум я нысашэ джэгури апхуэдизу дахэу, Адыгэ Хабзэм тету, ­хъуэхъу екIухэр щыжаIэу, ирагъэкIуэкIащ, къафэ зэмылIэужьыгъуэ куэд ­щагъэлъэгъуащи, дымыгъэщIэгъуэн тлъэ­кIатэкъым.
- Хэкужьым къызэрихьэжрэ бын зыгъуэтахэр яхэт къэIэпхъуэжахэм, Ратмир?
- Яхэтщ. Зымахуэ нэгъуэщI Iуэху телъыджи дыхэтащ. Благовещенскэ къуажэм дэс СтIащхэ Тозэр и унагъуэм сабий еханэ къихъуащ. КъызэрыщIэкIымкIэ, зэщхьэгъуситIым я щIэблэм щыщу щыр Хэкужьым къыщалъхуащ. Къуэ нэхъыжь­хэм я зыр автомобиль-гъуэгу колледжым мы гъэм щIэтIысхьащ. А щIалэр дыгъуасэ си деж, гуфIэжурэ, къэпсэлъащ, «сы­щIэхуащ сызыщIэхъуэпса еджапIэм» жи­Iэри.
- КъэIэпхъуэжахэм ящыщу мы зэманым Благовещенскэ унагъуэ дапщэ дэс?
- ТIощIым нызэрохьэс.
- Сыт ахэр зыхэпсэукIыр, зэлэжьыр?
- Я хадэм къыщыкIым, я лъапсэм щагъэхъу джэдкъазым, мэлым, Iэщым. Мис, псалъэм папщIэ, зи гугъу сщIы СтIащ Тозер и унагъуэм жэм яIэщи, исхэр шэ, шху, шатэ хуэдэхэм щыщIэркъым. Адрей лъапсэхэм я нэхъыбапIэм помидор, нащэ хуэдэ хадэхэкIхэр къагъэхъуу аращ.

- Дапщэ ди республикэм мы лъэхъэнэм щыпсэур нэгъуэщI къэралхэм къиIэпхъу­кIыжа адыгэхэм ящыщу?
- Я бжыгъэкIэ миным ны­зэрохьэс. Мыри къыхэзгъэ­щынут. Зи Хэку къэзыгъэзэжа адыгэхэм я махуэм иредгъэхьэлIэу, апхуэдэхэм илъэс къэс зыгуэркIэ дахуэупсэрт, ахъшэ гуэрхэр зэхуэтхьэсауэ диIэти. Мы гъэм, тIэкIу нэхъ дыхуэ­мыщIауэ дрихьэлIати, дыгузавэрт, «ярэби, мы махуэм яхуэтщI хабзэ ди гулъытэм ахэр щыдгъэщIэну пIэрэ?» жытIэу. АрщхьэкIэ, Тхьэм и фIыщIэкIэ, мы илъэсми къыкъуэкIащ псапэ зыпылъ а Iуэхум зи мылъкум щыщ хухэзыха цIыху гуапэ. Ар «Жако» компаниер зыгъэлажьэхэм ящыщ Жьэ­кIэмыхъу Аслъэнбийщ. Абы IэфIыкIэ зэрылъ сэмбхэр тхуигъэхьэзыращи, ахэр дгуэ­шурэ, къэIэпхъуэжахэр зыдэс жылагъуэхэр къызэ­хэткIухьыну ди мурадщ.
- КъэIэпхъуэжахэм я щIэб­лэм яхэт зыхэхуа гъащIэм ехъулIэныгъэ къы­щы­зыгъэлъагъуэхэр?
- Благовещенскэ дэс Уэ­тей­хэ Амир и унагъуэм щыщ щIалэ цIыкIум, Хьэзем, гъэщIэгъуэну шыкIэпшынэр егъэбзэрабзэ, езыр дежьуу­журэ уэрэдыжьхэр жеIэ. Ар мы гъэм и мэкъуауэгъуэм ирагъэблэгъат Сочэ илъэс зыбжанэ хъуауэ щрагъэ­кIуэкI, «ЩхъуантIафэу зэтепщIыпщIэ псыIу» («Лазурный берег») зи фIэщыгъэ, макъамэмрэ гъуазджэмкIэ дунейпсо зэпеуэми, езым и ныбжьымрэ унэтIыныгъэу зыхэхуамкIэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм япэ увыпIэр къыщихьащ, абы ипкъ иткIи ды щэ медаль къыхуагъэфэщащ.
- Ратмир, а къэIэпхъуэжахэм ящыщу фызыдэ­Iэ­пы­къу­хэм яхэт, «Дэр нэ­мыщI хуэмыщIауэ псэу щы­Iэхэ­щи, а тхузэвгъэ­пэщхэмкIэ абы­хэм фа­хуэуп­самэ мы­нэхъыфIу пIэ­рэт?» жы­зы­Iэ.
- УпщIэр гъэщIэгъуэнми, зи чэзущ. Апхуэдэу, дэ иджыблагъэ дрихьэлIащ зи гугъу пщIам щыхьэт техъуэ зы Iуэхугъуэ. Сирием къикIыжахэм ящыщу Нарткъалэ дэс гуэрым (и цIэр ­къис­Iуэнкъым) унэлъащIэ папщIэу диван хуэтшати, «кхъыIэ, мыр сэ къызэвмыту, мо си гъунэгъум хуэ­ф­шэ!» къы­джиIащ. «Сы­тым щхьэкIэ?» жытIэу, зыщы­хуэдгъазэм, «ар сэр нэхърэ нэхъ хуэныкъуэщ» - къыдитыжат жэуап. Абы щыгъуэми, телъыджэр аращи, «гъунэ­гъу» зыхужиIэр Хэкужьым къихъукIахэм ящыщт. Арати, а къыдигъэ­лъэ­гъуам ды­кIуэри, къыздет­шэжьа диванри нэгъуэщI абы хуэдэ гуэрхэри еттащ. Аргуэру зы щапхъэ. НэщI мазэр екIуэ­кIыу, Крем-Константиновскэ къуажэм ды­дыхьат. Абде­жым Сирием къикIыжа щIалэ гуэр къыдбгъэдыхьэри къыдэ­лъэ­Iуащ: «Мыбдежым тпэ­мы­жыжьэу зы унагъуэ щопсэу, бынипщI яIэу. КхъыIэ, фхуэ­зэфIэкIыххэнумэ, абыхэми защIэвгъа­къуэ!» жиIэри. Арати, зи ­гугъу ищIам ды­Iухьэу, я Iуэху зытетыр щы­зэдгъащIэм, Ин­тернетми пыщIэныгъэ зыхудиIэ IуэхущIапIэхэми «джа­кIуэ яхэдгъэхьэри», ахъшэ зэ­хуэт­хьэсащ икIи, къэIэпхъуэжахэм ящымыщу, Крем-Конс­тантиновскэ дэс а унагъуэм исхэм жэм къахуэтщэхуащ.
НэгъуэщI къэралхэм къи­IэпхъукIыжу Хэкужьым къэ­зыгъэзэжахэм защIэгъэ­къуэнымрэ ядэIэпыкъунымкIэ IуэхуфI зылэжь жыла­гъуэ зэгухьэныгъэм хэтхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ. Ар шэч къызытумыхьэнщ.

&nbsp

Тхыгъэри сурэтхэри КЪУМАХУЭ Аслъэн ейщ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.