Унафэ зыIэщIэлъ дэтхэнэ зыми къыгурыIуэн хуейщ ар зыхуэлажьэр цIыхур зэрыарар.

УФ-м и Федеральнэ Зэ­хуэсым и Къэрал Думэм и депутат, «Урысей зэкъуэт» фракцэм и унафэщIым и япэ къуэдзэ Щхьэгуэш Адэлбий бадзэуэгъуэм и 30-м Къэбэрдей-Балъ­къэрым щыпсэухэм щаIущIащ «Урысей зэкъуэт» ­политикэ партым и Уна­фэщIым и цIыхубэ егъэ­блэгъапIэу Налшык щы­Iэм. Ар едэIуащ къыхуэ­кIуа цIыху 11-м я гуныкъуэгъуэхэм.
- Мыпхуэдэ зэIущIэхэм нэхъ наIуэ къащI законхэр щIыпIэхэм гъэзэщIа зэ­ры­щыхъумрэ зэлэжьыжыпхъэ­хэмрэ. ЦIыхухэм зыкъы­зэ­рытхуагъазэ Iуэхухэр зэщхькъым, ауэ нэхъыбэм я гугъуехьыр зэпхар я псэукIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ дэ­Iэ­пыкъуныгъэ зэрыхуэны­къуэрщ, лэжьыгъэ зэра­мыгъуэтымрэ медицинэ Iуэхутхьэбзэхэм зэрыпэмы­лъэщ­хэмрэщ, - жиIащ Щхьэ­гуэшым. - ФщIэж къы­щIэкIынщ сэ зыбжанэрэ «ДэIэпыкъуэгъу псын­щIэм» и гупым я гъусэу Налшык и уэрамхэм ахэр зэрыщызекIуэм, зэрыблагъэкIым зыщызгъэгъуэзэну сыхэтащ. Мызэ-мытIэу зы гуп­сысэм дыхуэкIуащ: «Дэ­Iэпыкъуэгъу псынщIэм» и машинэр блэзымыгъэкIым нэхъ ткIийуэ жэуап егъэ­хьыным хэплъэн хуейуэ. Ди жагъуэ зэрыхъунщи, апхуэдэ лъэпощхьэпо мыщIа­гъуэхэм я зэранкIэ куэдрэ къохъу цIыхур сымаджэ­щым нэмысу щылIэ. Илъэс зыбжанэкIэ а Iуэхум ди нэIэ тедгъэтащ икIи абы ехьэлIауэ уголовнэ жэуап зэрахьынум теухуа законыр пхыдгъэкIащ.
Щхьэгуэш Адэлбий жиIащ цIыхухэм зыкъызэрыхуа­гъазэм Iуэху нэхъ гугъухэри къызэрыхэкIыр, занщIэу и унафэ пхуэмыщIу. Ап­-хуэдэм дежи депутатхэр ­хущIокъу цIыхум и Iуэхур щIэ­мыкIуатэм и щхьэусы­гъуэр къыгурагъэIуэну.
- СызэреплъымкIэ, ди ­лэ­жьыгъэр ефIэкIуэныр иджып­сту псом хуэмыдэу зэлъытар къулыкъущIэхэращ, ахэр Iуэхум зэрыбгъэ­дыхьэрщ. Унафэ зыIэщIэлъ дэтхэнэ зыми нэсу къыгурыIуэн хуейщ ар зыхуэ­лажьэр цIыхур зэIузэпэщу игъэпсэуныр зэрыарар. Куэдрэ дахуозэ а зи гугъу сщIыр къызыфIэмыIуэху, гудзакъэ лъэпкъ ямыIэу ­IэнатIэм бгъэдэт унафэщI­хэм. Абыи дыпэщIэтын ­хуейщ, - дыщIигъуащ депутатым.
Апхуэдэуи Щхьэгуэшым журналистхэм къажриIащ Къэрал Думэм бжьыхьэм къыщыхилъхьэну и мурад законопроектыр зытеухуар къауэ пкъыгъуэхэр IэрыщIу ягъэхьэзырыну хуимыту гъэбелджылын зэрыхуейр зэ­рыарар. «Терроризм щIэп­хъаджагъэ нэхъ хьэ­лъэхэри иралэжьыф абыхэм, цIыху пщIы бжыгъэхэр хэкIуадэу. Ар къэтлъытэу, пкъыгъуэ къауэхэр IэрыщIу зыщIхэмрэ изыгъэкIхэмрэ жэуап ирагъэхьыр дгъэткIиин хуейуэ къызолъытэ. Жэрдэмыр Суд Нэхъыщхьэм къыддиIыгъащ», - пищащ депутатым.
Щхьэгуэш Адэлбий а махуэм зригъэцIыхуащ Жарашуев Хьэким. ЩIалэ цIы­кIум и IитIыр пыткъым. Депутатым нэхъ ипэкIи уна­гъуэм защIигъэкъуащ опе­­рацэ зэращIыну ахъшэ зэхуэхьэсынымкIэ. Хьэким Москварэ Налшыкрэ еджапIэ нэхъыщхьэхэм щоджэ. Щхьэгуэшым щIалэр къигъэгугъащ дяпэкIи сыт и лъэныкъуэкIи къыдэIэпы­къуну.
Май районым щыщ фермер Владимир Щхьэгуэ­шым елъэIуащ жыг хадэ щигъэкIыну къищта щIым ­и бэджэндыпщIэр нэхъ ма­щIэ хуащIынымкIэ закъы­щIигъэкъуэну, арыншамэ, унагъуэр уасэм пэлъэщыркъым, зыкъаужьыфыркъым.
Налшык къалэм дэс Нафисэт депутатым зыхуигъэзащ дачэ къратыным хэлIы­фIыхьыну. Бзылъхугъэм зэ­рыжиIамкIэ, щIапIэ зратын хуейхэм я чэзум абы и унагъуэр 1996 гъэ лъандэрэ хэтщ икIи нобэр къыздэсым я Iуэхур зэхагъэкIакъым. Щхьэгуэшым ар къигъэгугъащ и Iуэхухэм нэхъ тэмэму зыщигъэгъуазэу хузэфIэкIи къимыгъэнэну.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.