И напи, и Iуэху еплъыкIи емыпцIыжу.

Мы махуэхэм зи илъэс 75-р зыгъэлъапIэ Аттаев ­Жэмал Жэбир и къуэр ящыщщ иджырей Къэбэрдей-Балъкъэрым пщIэрэ щхьэрэ щызиIэ къэрал, жыла­гъуэ, политикэ лэжьакIуэшхуэхэм. «Заман» газетым илъэс куэд лъандэрэ и редактор нэхъыщхьэу щыт ­хэкупсэр КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и унафэщIым и къуэдзэщ, республикэм цIыхум и хуитыныгъэхэр ­хъумэнымкIэ и уполномоченнэм къепхауэ лажьэ эксперт советым хэтщ. И IэщIагъэмкIэ бгъэдэлъ Iэзагъышхуэм, зэфIих жылагъуэ Iуэху инхэм, ди щIыналъэм и социальнэ зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэхэм папщIэ Аттаевым къыхуагъэфэщащ щIыхьы­цIэ лъагэ зыбжанэ. Ар УФ-ми КъБР-ми щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэщ, КъШР-м щIыхь зиIэ и журналистщ, ди республикэм и дамыгъэ нэхъ лъапIэ дыдэр - КъБР-м и ЩIыхь тхылъыр - къратащ, апхуэдэуи мызэ-мытIэу ягъэпэжащ УФ-м, КъБР-м я Журналистхэм я зэгухьэныгъэхэм я щIыхь, фIыщIэ тхылъхэмкIэ, саугъэтхэмкIэ.
КъызыхэкIа лъэпкъым и пащхьэм и деж апхуэдиз фIыщIэ къыщызылэжьыфа хэкулIым и щIыбагъ къыдэлъщ гугъуехьи щыщIэныгъэ куэди. Ахэр нэхъыбэу зэпхар ди балъкъэр лъэпкъыр я щIыпIэм залымыгъэкIэ ирашауэ зэрыщытарщ.
Жэмал 1944 гъэм бадзэуэгъуэм и 25-м къыщалъхуащ Къыргъыз ССР-м хыхьэ Кант районым и Ново-Покровкэ къуажэм. Абы дэт курыт школыр хъарзынэу къиухри, щIэныгъэ нэхъыщхьэ щызригъэгъуэтащ Къэзахъ къэрал университетым журналистикэмкIэ и факультетым. ИужькIэ и Iэзагъым щыхигъэхъуащ Москва, КПСС-м и ЦК-м къепхауэ лажьэ, Жылагъуэ щIэныгъэхэмкIэ академием.
Апхуэдэу къытхуиухри, лъэпкъыр хэкум ирагъэкIа нэужь, Къыргъыз щIыналъэ дыздагъэкIуам Жэмалрэ сэрэ ди унагъуэхэр зы къуажэ къудей мыхъуу, зы уэрамми зэдытесащ. Ди адэ-анэхэр псэм хуэдэу зэрылъа­гъу­хэрт, жыжьэуи дызэмыблагъэ пэт. Ауэ, зэрыжаIэщи, благъэ жыжьэ нэхърэ гъунэгъу благъэр нэхъыфIщ. ­Гуауэр зэдагуэшыху, хамэхэри Iыхьлым хуэдэу зэпэ­гъунэгъу хъурт а зэманым.
Жэмал и адэ-анэр гугъэр зи гум илъхэм ящыщт, гува-щIэхами пэжыр къызэрыщIэщыжынур я фIэщ хъууэ. Кязим щэджащэм и уэсятым тетт ахэр. «Нобэ дыкъезыгъэлынури, дызыгъэшхэнури, дызыхуэпэнури, фэ къыттезыгъэуэнури, ди псэр щыхэкIкIэ дгъуэтыжынури лэжьыгъэращ», - жиIэрт а лIы Iумахуэм. Нобэ Жэмал и адэ-анэр псэужамэ, я щхьэр лъагэу щIаIэтын къуэ ­къазэрыщIэхъуам щыгуфIыкIынут, дауи.
Дэ ди унагъуэр нэхъ пасэу къэкIуэжащ. Илъэс бжыгъэ дэкIыу, езыри журналист хъуауэ япэ дыщызэхуэзэжам Аттаевыр Къэзахъстаным Компартым и ЦК-м и журналым и къудамэм и унафэщIу щылажьэрт. ЦIыхубэ щIэныгъэхэм я Академие еджакIуэ сыздагъэкIуам Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу щеджэхэр шей езгъэфэну зы пщыхьэщхьэ къезгъэблэгъат. Си хьэщIэхэм сахоплъэри, зы щIалэ къудан яхэтщ Къэзахъстаным щыщу, «зыщIыпIэ щыслъэгъуауэ пIэрэ?» жызигъэIэу. Соплъыпэри, ди хьэблэ щIалэр къызоцIыхуж. ИужькIэ, «Горняцкая слава» газетыр къызэрагъэпэщыжын я мураду, хэт зэрихьэфыну пIэрэ щыжаIэм, ехъулIэныгъэкIэ Академиер къэзыуха Жэмал сигу къокIыжри, Мэлбахъуэ Тимборэ ­ ар хузогъэлъагъуэ. АфIэкIа хэмылъу, республикэм ди лIыщхьэр Къэзахъстаным и Компартым и япэ секретарь Джанибековым йолъэIу, парт лэжьыгъэ иратыну, Жэмал къытхуигъэкIуэжыну.
Аттаевыр я адэ-анэм я хъыбархэмкIэ фIэкIа имыцIыху Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуэжри, Тырныауз къы­щыдэкI «Горняцкая слава» къалэ газетым и унафэщI ­хъуауэ щытащ афIэкIа хэмылъу. СощIэж: а газетым редактору ягъэувыну къагъэлъэгъуа кандидатурэхэм хэплъэу, Мэлбахъуэ Тимборэ и нэр къытеувыIащ Аттаевым. КъыкIэлъыкIуэу си дежкIэ къеплъэкIати, сэри абы игу къэзгъэкIыжащ ар Къэзахъстаным и Компартым и Комитет Нэхъыщхьэм ди лъэIукIэ къытхуигъэкIуэжауэ щыта щIалэ жаныр зэрыарар. «НтIэ, фIы дыдэу сощIэж», - жиIащ Мэлбахъуэм икIи IэIэтым Iуэхур нэса нэужь, абы Iэ зыхуиIэтар Жэмалщ.
Апхуэдэ дзыхь лъагэ къызэрыхуащIар игъэпэжу и ­къулыкъур ирихьэкIащ Жэмал. Тырныаузи абы къедза аузми щыцIэрыIуэ «Горняцкая слава» газетым ехъу­лIэныгъэщIэхэр зыIэригъэхьащ Аттаевыр и пашэу щыщыта илъэсхэм. Ар куэдкIэ нэхъ щIэщыгъуэ, купщIафIэ хъуат, и тиражми фIыуэ хэхъуат.
ЛъэужьыфI Аттаевым къыщигъэнащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым и обкомым идеологиемкIэ и къудамэм, республикэм хамэ къэрал IуэхухэмкIэ и министрым и япэ къуэдзэу, Iуащхьэмахуэ щIыналъэм и унафэщIу щыщылэжьам щыгъуи. КъикIуэт имыIэу, щIэныгъэкIэ узэдауэ, къеныкъуэкъуIами, жэуап тэмэм яритыжыфрэ къыжраIэн ямыгъуэтыжу ар лэжьащ. А зэманым хуиту псалъэхэр мащIэт. Партым и къару илъыгъуэм загъэгубзыгъэу утыку итахэр къуэгъэнапIэ фочауэ хъужат. Жэмалщи, сыт хуэдэ утыкуи пщIэрэ щхьэрэ иIэу къикIыжырт. Абы и псалъэр кIэщIт, нахуэт, купщIафIэт.
КъызэрысщыхъумкIэ, жэуаплыныгъэ ин зыхищIэу зи къалэнхэр дапщэщи езыхьэкI Аттаевым хэлъ апхуэдэ хьэл быдэм трищIыхьащ ди республикэм и Президенту щыта КIуэкIуэ Валерэ, Аттаевыр дзыхь зыхуищI, зыдэлажьэ гупым щахигъэхьэм. Аращ абы пщэрылъ ­хуащIауэ щыщIытар ди щIыналъэм балъкъэрыбзэкIэ къыщыдэкI «Заман» газетым и редактор нэхъыщхьэ ­къулыкъури. Илъэс 20-м щIигъуащ Жэмал а IуэхущIапIэм и пашэу зэрыщытри, а лъэхъэнэм къриубыдэу зэфIигъэкIащ республикэм къыхуэщхьэпа Iуэху куэд.
Аттаевыр щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ, къэухь къулей зиIэ, псалъэм хуэIэзэ цIыхущ. Абы ехьэлIауэ сигу къэкIыжащ Лихачёв Дмитрий и псалъэхэр: «Губзыгъэуи щIэныгъэ уиIэуи цIыхухэм закъыщыбгъэхъуфынущ, ауэ гъэсэныгъэ зыхэлъу фэ пхузытегъэуэнукъым!» Жэмал фэ зытригъэуэн хуейкъым - ар зэхэщIыкI лъагэ зыбгъэдэлъ цIыху гъэсащ сыт хуэдэ лъэныкъуэкIи - и щэнкIи, цIыхухэмрэ ныбжьэгъухэмрэ зэрабгъэдэтымкIи, и Iуэху зехьэкIэкIи, и дуней тетыкIэкIи. И публицистикэ тхыгъэхэм къыхощ Аттаевым бгъэдэлъ гупсысэ нэхухэм я купщIэ нэхъыщхьэр: Хэкур, цIыхур фIыуэ лъагъун, залымыгъэмрэ щIэпхъаджагъэмрэ гъуэгу емытын, мамырыгъэмрэ зэпэщыныгъэмрэ ди щIыналъэм щытепщэ хъун. Апхуэдэ Iуэхугъуэхэращ зыхуэлажьэр, уеблэмэ щIэпсэур Жэмал.
Зи напи зи Iуэху еплъыкIи зэи емыпцIыжу псэу си ныбжьэгъу пэжым, цIыху щыпкъэм, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэшхуэм си гуапэу сохъуэхъу къыщалъхуа махуэмкIэ. Узыншэну, и щхьэкIи и унагъуэкIи Iуэху дахэ куэд илъагъуну си гуапэщ. Илъэсищэ хъуа нэужьи цIыхухэм яхуищIэф фIым, зэрыпсэум щыгуфIыкIыу Тхьэм дунейм тригъэт.
ЗУМАКУЛОВ Борис,
КПСС-м и Къэбэрдей-Балъкъэр обкомым и секретару,
и япэ секретару щыта (1980 - 1991),
КъБР-м цIыхум и хуитыныгъэхэр хъумэнымкIэ и уполномоченнэ, профессор.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)