КIуэкIуэ Казбекрэ «Газпром межрегионгаз» ООО-м и унафэщI Густов Сергейрэ тепсэлъыхьащ республикэр газкIэ къызэгъэпэщыным пыщIа Iуэхухэм.

КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек республикэр газкIэ къызэгъэпэщыным, апхуэдэу лъэныкъуитIым я зэпыщIэныгъэхэм зегъэубгъуным теухуауэ дыгъуасэ епсэлъащ «Газпром межрегионгаз» жэуап зэхэгъэщхьэхукIа зыхь зэгу­хьэ­ныгъэм и генеральнэ директор Густов Сергей. «Газпром межрегионгаз» ООО-р «Газпром» акционер зэгухьэныгъэ зэIухам и IэнатIэ нэхъыщхьэщ. Абы Урысейм и щIыналъэхэм ящыщу 69-р, ди республикэри яхэту, иджырей гъэсы­нып­хъэмкIэ къызэрегъэпэщ.
А махуэ дыдэм КIуэкIуэ Казбекрэ Гус-тов Сергейрэ республикэм и Прави­те­ль- с­твэмрэ КъБР-р газкIэ къызэзыгъэ­пэщ компаниемрэ я унафэщIхэр кърихьэлIэу тепсэлъыхьащ лъэныкъуитIыр адэкIэ зэщIыгъуу зэлэжьынухэм. Апхуэдэ Iуэхухэм ящыщщ гъэсыныпхъэр къызэ­рапщ иджырей Iэмэпсымэхэр гъэувыныр, республикэм къыIэрыхьэ газым и куэ­дагъымрэ фIагъымрэ кIэлъыплъыныр, тариф политикэ тэмэм убзыхуныр, газкIэ къызэзыгъэпэщ станцхэм я лъэщагъым хэгъэхъуэныр икIи абы и хьэкъкIэ Прох­ладнэ, Тырныауз къалэхэм а гъэсыныпхъэр нэхъ тэмэму яIэрыгъэхьэным тещIыхьа инвестицэ проектхэр гъэзэщIэ-ныр.
ЗэIущIэм зэрыщыжаIамкIэ, гугъуехь нэхъыщхьэ дыдэр къагъэсэбэпа газым и ­уасэмкIэ щIыхуэр пшыныжынырщ. Ап­хуэдэ щытыкIэ Кавказ Ищхъэрэм и адрей республикэхэми щыIэщ. ЛъэныкъуитIми зэрыжаIамкIэ, мыбдеж «Зым адрейм худичыхыу», зэдэIэпыкъужу зэдэлэжьэн хуейщ. ЩIыхуэр пшыныжынымкIэ лэ­жьыгъэ пыухыкIа йокIуэкI. 2019 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм республикэ бюджетымрэ муниципалитетхэмрэ газ уасэр ирикъуу ятащ, унагъуэхэми къагъэсэбэпа гъэ­сы­ныпхъэм и процент 80-м пэкIуэр къы­хэ­кIащ. ЗэрыжаIамкIэ, иджыпсту Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым и щIы­налъэхэм ящыщу газ уасэр нэхъыфIу къы­щыхахыр Къэбэрдей-Балъкъэрырщ.
Апхуэдэу щыт пэтми, мы зэманым нэгъэсауэ зэтегъэува хъуакъым республикэр ­хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ компание­хэм къа­гъэсэбэп газым и уасэр къыхэхы­ныр (нобэкIэ абыхэм ятыр гъэсыныпхъэм и уасэм и зэхуэдитIым нэблагъэрщ). Зэ­ры­нэрылъагъущи, хуабэ-энергетикэ предприятэхэр зэрызэрахьэр егъэфIэкIуэн, абы къыщагъэсэбэп технологиехэр къэ­гъэ­­щIэрэщIэжын хуейщ.
Густов Сергей и псалъэм къыхигъэщащ къаIэта Iуэху псори тэмэму дэгъэкIынымкIэ зыхуэфащэ лэжьыгъэхэр къызэригъэ­пэщыну зэрыхьэзырыр.
КъБР-м и Iэтащхьэмрэ

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.