НэхъыщIэ дыдэхэм папщIэ.

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ жылагъуэ зыбжанэм мы зэманым щаухуэ зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъуа сабийхэр зэкIуэлIэну IуэхущIапIэщIэхэр. Къапщтэмэ, Ислъэмей къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь ухуэныгъэр ятещIыхьащ яслъэ ныбжьым ит сабий 60-м. Дэтхэнэми сабий нэхъыщIэ дыдэхэм ящыщу 40 екIуэлIэнущ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт «Прогимназие» муниципальнэ IуэхущIапIэм, Куба къуажэм дэт курыт еджапIэ №1-м къыгуащIыхь пэшхэм.
Дэтхэнэ а IуэхущIапIэми цIыкIухэр щыджэгу, зыщагъэпсэху, щышхэ пэшхэр хэтынущ. Ухуэныгъэхэр ирагъэкIуэкI «КъБР-м егъэджэныгъэм зыщегъэужьыныр» къэрал программэм ипкъ иткIэ.

Улымбащ Лерэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.