КIуэкIуэ Казбек къипщытащ гъуэгущIэхэр, транспорт зэхэкIыпIэхэр зэращIыр.

Лэжьыгъэ IуэхукIэ Дзэлыкъуэ, Прох­ладнэ районхэр къыщызэхикIухьым КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек ­къипщытащ республикэм и жылагъуэ­хэр зэпызыщIэ гъуэгущIэхэмрэ транспорт зэхэкIыпIэхэмрэ зэращIыр.
ЩIыналъэм и унафэщIыр еплъащ «Налшык - Майскэ» автомобиль гъуэгум щыщ Iыхьэу километри 5,1-рэ, «Ново­павловск - Прохладнэ - Мэздэгу» авто­мобиль гъуэгум щыщу километри 7 хъу Iыхьэхэр зэрызэрагъэпэщыжым. Иджып­сту лэжьакIуэхэм асфальтыр телъ­хьэн яух. А гъуэгуитIми республикэм и дежкIэ мы­хьэнэ хэха яIэщ: «Налшык - Майскэ» гъуэгум Шэджэм, Май районхэр республикэм и къалащхьэм къапещIэ, «Новопавловск - Прохладнэ - Мэз­дэгу» гъуэгур Осетие Ищхъэрэм - Ала­нием, Ставрополь крайм макIуэ. Ятха зэгурыIуэныгъэхэм япкъ иткIэ а гъуэ­гуитIри дызэрыт илъэ­сым къриубыдэу хьэзыр ящIын хуейщ.
Прогресс поселкэм деж КIуэкIуэ К. В. щыхуэзащ «Кавказ» федеральнэ автомобиль гъуэгухэм я управленэм и унафэщI Лечхаджиев Р. А. икIи ахэр зэщIыгъуу еплъащ «Кавказ» Р-217 гъуэгум километр 15 хъу и етIуанэ Iыхьэм зэрелэжьым. А ­гъуэгум Дзэлыкъуэкъуа­жэ, адэкIэ Тамбукъан гуэлым, Пятигорск къалэм къапикIухьу щытынущ икIи иджыпсту къагъэсэбэпым щызекIуэныр куэдкIэ къигъэпсынщIэнущ. Проектым къызэры­щыгъэлъэгъуамкIэ, а Iыхьэм лъэмыжу 3, иджырей гъуэгу зэхэкIыпIэу 2-м хеубыдэ. Гъуэгум и бгъум щыщу километр 11-р гъущIкIэ, километр 17-р бетон пкъыгъуэхэмкIэ къахухьынущ. Езы гъуэгум дэкIуэу уэздыгъэхэр фIа­дзэнущ, гъуэгу дамыгъэу 140-рэ трагъэувэнущ, автомобилхэм дэсхэм я зыгъэпсэхупIэу тIу тращIы­хьынущ. А лэ­жьыгъэ псори зэфIэкIын ­хуейщ дызэрыт илъэсым ­къриубыдэу.
Иджыпсту гъуэгухэм щыIэ щытыкIэр, автотранспортыр зэпымыууэ нэхъыбэ зэ­рыхъур, хьэлъэу зэрашэхэми зэрыхэ­-хъуэр къэплъытэмэ, къигъэлъэгъуащ ­КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэ­защIэм, гъуэгу нэхъыщхьэ­хэр къагъэщIэрэщIэжыным, ягъэува ­мардэхэм тету ахэр зехьэным цIыхухэм я тыншыгъуэм и мызакъуэу, шынагъуэншагъэри елъытащ. Абы къыхэкIыу гъуэгу хозяйствэм зэхъуэкIыныгъэ нэрылъагъу­хэр щыIэн папщIэ гъуэгу лэжьыгъэхэр егъэкIуэкIынымкIэ технологиехэр нэгъэсауэ зэрагъэзащIэм, ­къагъэсэбэп материалхэр къызэ­резэгъым ткIийуэ кIэлъып­лъын хуейщ.
«Урысей Федерацэм зегъэужьынымкIэ лъэпкъ мурадхэмрэ стратегие къалэнхэмрэ я IуэхукIэ» Урысей Федерацэм и Президент Путин В. В. къыдигъэкIа Ука­зым къызэрыщыгъэлъэгъуамкIэ, щIыналъэ мыхьэнэ зиIэ автомобиль гъуэгухэм ящыщу ягъэува мардэхэм къезэгъхэр 2024 гъэм ирихьэлIэу процент 62-м нагъэсын хуейщ.
«Шынагъуэншагъэ здэщыIэ гъуэгу тэ­мэмхэр» лъэпкъ проектыр гъэзэщIэным хиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым автомобиль гъуэгуу километр 83,6-рэ щау­хуэнущ е щрагъэфIэкIуэнущ, километр 408,6-рэ щызэрагъэпэщыжынущ, щIы­налъэ мыхьэнэ зиIэ гъуэгухэм ящыщу жылагъуэхэм хиубыдэ километри 181,4-м уэздыгъэхэр щыфIадзэнущ.
Дызэрыт илъэсым и закъуэ псоми къагъэсэбэп автомобиль гъуэгухэм ящыщу километр 59-м щIигъу къагъэ­щIэ­рэ­щIы­жыну е зэрагъэпэщыжыну къапэщытщ. 2019 - 2020 гъэхэм ирагъэфIэкIуэнущ «Новопавловск - Прохладнэ - Мэздэгу», «Дей - Курп Ищхъэрэ - Осетие Ищхъэрэ - Алание Республикэм и гъунапкъэ», «Бабугент - Безенги», «Шэджэм ЕтIуанэ - Булунгу» гъуэгухэр къызыхуэтыншэу зэ­ра­гъэ­пэщыжынущ Щхьэлыкъуэ - Камен­кэ», «Балъкъ - Ингушлы», «Куба - Псыхъурей - Крем-Констаниновкэ» автомобиль гъуэгу­хэр, нэгъуэщIхэри.
РайонитIыр лэжьыгъэ IуэхукIэ къы­щы­зэхикIухьым КъБР-м и Iэтащхьэм и ­къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. щIыгъуащ КъБР-м ухуэныгъэмрэ ­гъуэгу хозяйствэмкIэ и министр Къуныжь В. Хь.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ

Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)