Гъэсэныгъэм и фIыгъэкIэ.

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым Iуащхьэмахуэ лъапэ щиIэ егъэджапIэ-щIэныгъэ IуэхущIапIэм щекIуэ­кIащ «Жемчужина России Эльбрус-2019» зыфIаща зэIущIэр. Абы хыхьэу къы­зэIуахащ американ сурэ­тыщI Лихацкая Еленэ и «Ксило-лето» гъэлъэгъуэ­ныгъэр.
КъБКъУ-м, Художест­вэ­хэмкIэ Урысей академиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэщ, хабзэ дахэ хъуауэ ­Iуащхьэмахуэ и лъапэм щра­гъэкIуэкI зэхыхьэшхуэм зрешалIэ сурэтыщI гъуазджэм и цIыху цIэрыIуэхэр. Абы зыкърагъэхьэлIэ ди къэ­ралым и цIыхубэ сурэ­тыщI, ХудожествэхэмкIэ Уры­сей академием и академик, профессор Пащты Герман и творчес­кэ лъэщапIэм зыщызыгъэсахэм.
Мы зэIущIэм къэкIуащ су­рэтыщI цIэрыIуэхэу Чаусов Василий, Сахаровэ Еленэ, Дэцырхъуей Рузанэ, и адэм и жэрдэм псори дэзыIыгъ Пащт-Хъан Алим. Саугъэт лъапIэ и егъэджакIуэм къы­хуишащ Пащты Герман и гъэсэн, Нью-Джерси щып­сэу Лихоцкая Еленэ. Абы Кавказым къишащ философие гупсысэ куукIэ гъэнщIа, цIыхумрэ ар къэзыухъу­реихь дунеймрэ я зэхущытыкIэр къэзыгъэлъагъуэ кси­лографие лэжьыгъэ гъэ­щIэгъуэнхэр.
Гъэлъэгъуэныгъэр къы­щы­зэIуихым, КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин и псалъэм къыхигъэщащ абыхэм художественнэ мыхьэнэ ин зэ­раIэр икIи сурэтыщIым ­фIы­щIэ хуищIащ и Iэдакъэ­щIэкIхэр США-м къришу Урысейм къызэришам папщIэ. «Зи гупсысэрэ зи лэ­жьыгъэрэ зэтеува сурэ­ты­щIым и хъэтIыр умылъэ­гъункIэ Iэмал иIэкъым, абы хуэдэ дыдэуи Еленэ и щIыбагъым къыдэт и егъэджакIуэм и Iэужьми гу ­лъумытэу къанэркъым», - къыхигъэщащ министрым, ди рес­пуб­ликэм и щэнхабзэ гъа­щIэм увыпIэ хэха щы­зубыд гъэлъэгъуэныгъэр ­къазэрехъулIар зэригуапэри къыщыхэщащ.
Пащты Герман къыхигъэщхьэхукIащ щэнхабзэм мы­хьэнэуэ иIэм нэхърэ мы­нэхъ мащIэу лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэры­лъы­тэныгъэмрэ ехьэлIа къалэ­нышхуи гъэлъэгъуэныгъэм зэригъэзащIэр. Крас­ноярск и художественнэ училищэр 1996 гъэм къэзыуха Лихоцкая Еленэ Штат Зэгуэтхэр псэупIэ зэрыхуэхъурэ абы щрихьэкI и жылагъуэ лэжьыгъэмкIэ наIуэ ещI ди къэралым и еджапIэм щекIуэкI хабзэ дахэхэмрэ абы и Iэ­щIагъэлI гъэсэкIэмрэ, ­щэнхаб­зэмрэ гъуазджэмрэ зэ­гу­­рыIуэныгъэм, мамырыгъэм я джэлэсу зэрыщы- тыр.
- Ленэ псэ хьэлэл зиIэ цIыху къабзэщ, унэтIыныгъэ куэдым и къалэмыр щызыгъэунэхуа IэщIагъэлI нэсщ, - жиIащ Герман. - И IэщIагъэм хэлъ щэхухэмкIэ и ­гуапэу цIыхухэм ядогуашэ. И гъэлъэгъуэныгъэр къиша къудейкIэ зэфIэмыкIыу, зэ­Iу­­щIэр зыхуей хуэзэу къы­зэгъэпэщыным, егъэ­кIуэ­кIы­ным и къару зэрырихьэлIам папщIэ фIыщIэшхуэ хузощI.
Апхуэдэуи Пащтым къыхигъэщащ сурэтыщIым и лэ­жьыгъэ дуней псом щалъэгъуахэм щыщ зыбжанэ университетым тыгъэ зэры­хуищIыр.
- Хуабжьу си гуапэщ мы Iуэху дахэм сызэрыхэтыр. Ди еджапIэм щылажьэхэми, щеджэхэми, республикэм и хьэщIэхэми Еленэ и тыгъэхэр ялъэгъуну, ди цIы­ху­хэм я щэнхабзэ, псэкупсэ къулеигъэм хагъэхъуэну сыщогугъ. Лихацкая Еленэ, Пащты Герман сымэ хуэ­дэхэр емызэшыжу зэрыла­жьэм и фIыгъэкIэ университетым пшыхь гукъинэжхэр щокIуэкIри, тхьэм фигъэп­сэу, - жиIащ КъБКъУ-м и ректорым и къуэдзэ Умэт ­Мурат.
Еленэ псалъэ щратым къыхигъэщащ лэжьыгъэхэр Кавказым къринэныр ди щIыпIэм и дахагъэмрэ ди цIыху­хэм я гуапагъэмрэ зэратхьэкъуам къызэ­рыхэ­кIар. «Телъыджэщ уи псэм щыщ Iыхьэ абы хуэныкъуэу къэплъытэхэм къахуэбгъэ­нэныр, - жиIащ абы. - Университетым и хъугъуэфIы­гъуэхэм си IэдакъэщIэкIхэм щыщ зэрыхэлъынур, абыхэм студентхэм я къэухьым ­зэ­рызригъэужьынур си ­гуапэщ».
«Ксило-лето» гъэлъэ­гъуэныгъэм иращIэкIа зэIущIэр и кIэм щынэблагъэм, Пащты Герман къызэхуэсахэм яжриIащ «Жемчужина России Эльбрус-2019» сурэ­тыщI симпозиумыр бадзэуэгъуэм и 14 пщIондэ зэры­щыIэнур, мастер-классхэм зды­щIэсым, дунейм и дахагъэм здыхэплъэм, кIуэры­кIуэм тету, жыхуаIэм хуэдэу ящIа сурэтхэм я гъэлъэ­гъуэныгъэ гъэщIэгъуэнкIэ ар зэрызэ­хуащIыжынур.

КъБКъУ-м и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 17:28

ХАМЭ КЪЭРАЛХЭМ ЗЭРАДЭЛАЖЬЭМ ФЕЙДЭ КЪЫПОКIУЭ

Хамэ къэралхэм ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрым сату нэхъыбэу зыдищIыр СНГ-м хэтхэращ икIи иужьрей илъэситIым къриубыдэу республикэм зэригъэкIуэкIа продукцэм и куэдагъым процент 25-кIэ хигъэхъуащ, жиIащ

29.03.2024 - 17:23

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ И ЛЪАГЪУЭМ ИРОКIУЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек Ставрополь крайм и губернатор Владимиров Владимиррэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм и УнафэщI Темрезов Рашидрэ щIыгъуу хэтащ Тырныауз къалэм дэт, сыт и лъэныкъуэкIи з

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.