Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ К. В. Правительствэм и унафэщIхэр хэту иригъэкIуэкIа зэIущIэр теухуауэ щытащ социальнэ IэнатIэм хиубыдэ зи чэзу Iуэхухэм.

Бын куэд зиIэ унагъуэхэм я псэупIэр егъэфIэкIуэнымкIэ зэ­ра­дэIэпыкъум, зыхуэфащэ цIыху гупхэр зыхуэныкъуэ хущхъуэ-хэм­рэ медицинэ IэмэпсымэхэмкIэ къызэрызэрагъэпэщым теу­хуауэ къэпсэлъащ КъБР-м лэжьыгъэмрэ социальнэ дэIэпыкъу­ныгъэмкIэ и министр Асанов А. О., КъБР-м узыншагъэр хъу­мэ­ным­кIэ министр Хъубий М. Б. сымэ.
Абыхэм я докладхэм къазэры­хэщамкIэ, КъБР-м Узыншагъэр ­хъумэнымкIэ и министерствэм ­фошыгъу уз (диабет) зиIэхэр ин­сулинрэ ар зэрызрахьэлIэ Iэмэ­псымэхэмкIэ ирикъуу къызэригъэпэщащ. А хущхъуэр республикэм узыншагъэр хъумэнымкIэ и IуэхущIапIэхэм зэблэу къыхэмы­кIыу хурагъэшащ. Ауэ нэгъуэщI ­хущхъуэ лIэужьыгъуэ щхьэхуэхэр иджыри ирикъуу къащыIэрымы­- хьэ щыIэщ. А ныкъусаныгъэр ягъэ­зэкIуэжын папщIэ, КъБР-м и Пра­вительствэм и пщэ иралъхьащ ­яхуримыкъу ахъшэр къызэгъэ­пэ­щынымкIэ хэкIыпIэхэр иубзыхуну.
ИкIэщIыпIэкIэ дэгъэкIын хуейуэ социальнэ IэнатIэм щыIэ Iуэхухэм елъытащ, жиIащ щIыналъэм и уна­фэщIым, цIыхухэм я псэукIэр егъэфIэкIуэнымкIэ къалэнхэр гъэ­зэ­щIа зэрыхъунур. ИщхьэкIэ къы­щыгъэлъэгъуа мурадхэм пыщIауэ къащтэ къалэнхэр финансхэмкIэ къызэгъэпэщыныр, къыпищащ адэ­кIэ КIуэкIуэ Казбек, къытпэщыт лъэхъэнэм республикэ бюджетыр щызэхалъхьэкIэ япэ ирагъэщыпхъэщ.
Нэхъ япэкIэ республикэм и Iэтащхьэм къигъэувауэ щыта къа­лэн­хэр гъэзэщIа зэрыхъум и гугъу щищIым, КъБР-м цIыхухэр егъэ­джэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министр Къу­мыкъу А. М. зэпкърыхауэ теп­сэ­лъыхьащ республикэм и школхэр гъэ еджэгъуэщIэм зэрыхуагъэ­хьэ­зырым, апхуэдэу къэрал экзамен зэгуэтхэр зэрырагъэтам къарикIуа­хэм.
Экзаменхэр щIэгъэхуэбжьауэ къы­щыIах лъэхъэнэм лэжьыгъэм зэблэу къыхэкIакъым. Къэрал экзамен зэгуэтхэр тыным хэтащ еджа­кIуэ 4672-рэ. А лэжьыгъэр зэре­кIуэкIым я нэIэ трагъэтащ Егъэ­джэныгъэм и IэнатIэм щы­кIэ­лъып­лъынымкIэ федеральнэ IэнатIэм и лIыкIуэхэр, апхуэдэу федераль­-        нэ кIэлъыплъакIуэу 143-рэ, щIыналъэм щыщ кIэлъыплъакIуэу 61-рэ. Лэжьыгъэм кърикIуахэм къызэрагъэлъэгъуамкIэ, 2019 гъэм республикэм и школхэр къэзыухахэм нэгъабэ елъытауэ экзаменхэр нэхъыфIу ятащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.