Диплом плъыжь 563-рэ.

Налшык дэт «Театр щхъуантIэм» иджыб­лагъэ щызэхэтащ Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал уни­верситетыр диплом плъыжькIэ мы гъэм къэзыуха цIыху 563-м я щIыхькIэ къы­зэрагъэпэща пшыхь дахэ.
ГуфIэгъуэ зэхуэсым цIыху куэд кърихьэлIат. Абыхэм яхэтт КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Профсоюз организацэхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщI Амщыкъуэ ФатIимэт, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, Бгы­лъэ щIыпIэхэр джыным елэжь геофизикэ институтым и унафэщI Беккиев Мухътар, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и ми­нис­т­­рым и къуэдзэ Нэзэр Беслъэн, КъБКъУ-м и егъэджакIуэхэр, пшыхьыр зра­щIэкI­хэм я адэ-анэхэмрэ я ныбжьэгъу­хэм­рэ.
Япэу псалъэ иратащ Егоровэ Татьянэ.
- ПщIэ зыхуэсщI зи щIалэгъуэхэ! Хуабжьу си гуапэщ мыпхуэдэ Iуэхугъуэ дахэм сыхэтыну Iэмал къызэрысхуихуар, - жиIащ Егоровэм. - Илъэс бжыгъэкIэ фэ феджащ, сыт и лъэныкъуэкIи щапхъэфIхэр къэвгъэлъагъуэу, студентхэм я нэхъыфI дыдэу фыкъалъытэу. Ар куэд и уасэщ. Иджы, фIыуэ флъагъу IэщIагъэхэр зэвгъэгъуэтауэ, фэ фытохьэ гъуэгуанэщIэ. Сынывохъуэхъу ар хуиту, IуэхугъуэфIхэмрэ цIыхуфIхэмкIэ гъэнщIауэ ефхьэкIыну, кIыхь фхуэхъуну. Фэ фщыщ дэтхэнэми гъащIэм езым и увыпIэфI зэрыщигъуэтыжынури си фIэщ мэхъу. Зэвгъэгъуэта щIэныгъэмрэ IэщIагъэмрэ ди Къэбэрдей-Балъкъэрым и ехъулIэныгъэм хуэвгъэлэжьамэ, си гуапэ хъунут. Ауэ, дэнэкIэ вгъа­зэми, фи мурадхэр къывэхъулIэу, фи Iуэху дэкIыу фыпсэуну сыфхуохъуапсэ.
Къызэхуэсахэм я Iэгуауэшхуэхэм щIэту утыкум къихьащ университетым и ректор Алътуд Юрий. Абы диплом плъыжьхэр яритыжащ КъБКъУ-м и студент нэхъыфIхэм.
- ПщIэ зыхуэтщI ныбжьыщIэхэ! Сэ икъукIэ сыщогуфIыкI къулыкъу лъагэхэр къыщIыфхуагъэфащэ хъуну дипломхэр ныщхьэбэ къызэрыватыжым, зэвгъэгъуэта щIэныгъэми ехъулIэныгъэфIхэр къыфхудэкIуэну си гуапэщ. Сынывохъуэхъу фи зэIузэпэщыгъэм и лъабжьэу щытыну IэнатIэм и мызакъуэу, фи псэм къыдыхьэ, фызыщыгуфIыкI лэжьыгъэ къэвгъуэтыну, - жиIащ ректорым. - ЕджапIэ нэхъыщхьэр къэзыуххэм я мызакъуэу, си гуапэу сынывохъуэхъу адэ-анэхэми икIи фIыщIэшхуэ фхузощI апхуэдэ щIэблэ гъэсэным, щIэныгъэфI егъэгъуэтыным пыщIа Iуэхухэр екIуу зэрызэфIэфхыфам папщIэ. Ап­хуэдэу са­хуэ­арэзыщ ди университетым и профессорхэмрэ и егъэджакIуэ­хэмри. Абыхэм я фIыгъэ куэд хэлъщ республикэм IэщIагъэлIыфIхэр зэрыхуэдгъэ­хьэ­зырыфам.
ЕджапIэ нэхъыщхьэр фIы дыдэу къэзыухахэм гуапэу зыхуагъэзащ Геккиев Заури, Амщыкъуэ ФатIимэти, нэгъуэщIхэми. ЩIалэгъуалэ пажэхэм ехъулIэ­ныгъэщIэхэр зыIэрагъэхьэну, я мурадхэр къайхъулIэну ехъуэхъуащ ахэр.
ГуфIэгъуэ пшыхьыр ягъэдэхащ КъБКъУ-м и «Каллисто», «АмикС» гупхэм. Къызэхуэсахэм папщIэ уэрэд дахэхэр жаIащ ди артист цIэрыIуэхэу Газаев Алим, Нэхущ Чэрим, ЦокIыл Азэмэт, Хьэжыкъарэ СулътIан, КIыщхэ Ислъамрэ Каринэрэ, нэгъуэщIхэми.
Зэхуэсым и кIэухыу псоми зэдагъэзэщIащ КъБКъУ-м и Гимныр.

ПIАЗ ФатIимэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.