ЦIыхухэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщыныр Iуэху нэхъыщхьэщ

КIуэкIуэ Ю. А. хэтащ Урысейм и МЧС-мрэ къэралым и щIыналъэхэмрэ я зэдэлэжьэныгъэм теухуа селектор зэIущIэм

Урысей Федерацэм Граждан зыхъумэжыныгъэм и IуэхухэмкIэ, къызэрымыкIуэ щытыкIэхэмкIэ, къэ­хъуа гузэвэгъуэхэм я лъэужьхэр гъэкIуэдыжынымкIэ и министр Зиничев Евгений Москва щригъэкIуэкIащ урысейпсо селектор зэIущIэ. Абы щытепсэлъыхьащ цIыхухэм шынагъуэншагъэ къахузэгъэпэщыным хуэгъэзауэ къегъэлакIуэ IэнатIэмрэ щIыналъэхэмрэ зэрызэдэлажьэм хиубыдэ Iуэхухэм. ЗэIущIэм хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий.

Министрым къыхигъэщхьэхукIащ щIыуэпсым и къэхъукъащIэхэм къадэкIуэ шынагъуэ куэд къэралым и щIыпIэ зэмы­лIэужьыгъуэхэм къызэрыщыхъур. Хэ­щIыныгъэ нэхъыбэ къахь мафIэсхэмрэ псыдзэхэмрэ. Абыхэм я зэранкIэ 2012 гъэм и закъуэ Урысей Федерацэм и щIыналъи 10-м (абыхэм Къэбэрдей-Балъкъэрри яхэту) щыпсэухэм ящыщу цIыху мин 42-м щIигъум хэщIыныгъэ ягъуэтащ.

КъызэрымыкIуэ щытыкIэхэм я шынагъуэхэм япэ­щIэтынымкIэ къэралым системэ тэмэм щызэтеуващ. Апхуэдэу щыт пэтми, жиIащ Зиничев Евгений, а IэнатIэм и лэжьыгъэр хуэунэтIын ­хуейщ шынагъуэхэр къэмыгъэхъуным.

Министрым къыхигъэщхьэхукIащ УФ-м и Президентым къызэригъэувам тету къызэрымыкIуэ щытыкIэхэм япэщIэ­тынымрэ мафIэсхэм я шынагъуэ къэмыгъэхъу­нымкIэ дэнэ щIыпIи щыIэ комиссэхэм я пашэу щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр щытын зэрыхуейр. А унафэр щIадзауэ щагъэзащIэ щIыпIэхэм я лэжьэкIэм къегъэлъагъуэ мылъкумрэ ахъшэмрэ зэщIэгъэу­IуэнымкIэ, IэнатIэ псоми я зэфIэкIыр хуэунэтIынымкIэ ар сэбэ­пышхуэу зэрыщытыр.

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.