ЛIыгъэ зыхэлъ, пэжыр къэзыгъэлъагъуэ, жыжьэ кIуэцIрыплъ, хэкупсэ нэс.

МэшбащIэ Исхьэкъ.

Ди газетым зэрытетащи, «Урысей Федерацэм ЛэжьыгъэмкIэ и ЛIы­хъужь» цIэ лъапIэр тхакIуэ щэджащэ МэшбащIэ Исхьэкъ къызэрыхуа­гъэфэщар иджыблагъэ Мейкъуапэ Iэтауэ щагъэлъэпIащ.
Пшыхьым кърихьэлIат лъэпкъым къыхэкIа цIыху цIэрыIуэхэр, къэрал ­къулыкъущIэхэр, республикэм и уна­фэщIхэр. Зэхыхьэ дахэм хьэкъ пщи­щIырт МэшбащIэм Урысейм къы­щыхуащI пщIэр ар къызыхэкIа лъэп­къым деж къызэрыщежьэр.
Исхьэкъ псом япэ къехъуэхъуахэм ящыщщ Адыгейм и Iэтащхьэ КъумпIыл Мурат.
«Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь дамыгъэр къэралым хуащIа Iуэху инхэм папщIэ яту аращ. А дамыгъэ лъапIэр къэ­ралым ис лъэпкъхэм я литературэ щIэиныр гъэбэгъуэным, Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я зэгурыIуэныгъэмрэ зэныбжьэгъугъэмрэ егъэ­фIэ­кIуэнымкIэ хуэгъэпсауэ МэшбащIэ Исхьэкъ ищIа лэжьыгъэшхуэм и уасэщ. Абы и зэфIэкI къуэпсыбэмкIэ, ­и гуащIэ беймкIэ, жылагъуэ IуэхущIафэхэмкIэ къызыхэкIа адыгэ лъэп­къыр, щалъхуа щIыналъэр дунейм ­къригъэщIащ. Си гум къыбгъэдэкIыу МэшбащIэ Исхьэкъ Шумахуэ и къуэм сохъуэхъу а тыгъэ лъапIэмкIэ».
ТхакIуэ телъыджэр щагъэлъапIэ пшыхьым щIидзэн ипэ, интервью ­къеIытхын мурад диIэу, дэ деблэгъащ Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэны-гъэм и унэм. Илъэс 50-м щIигъуауэ и ныбжьэгъуфI, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд Исхьэкъ къыщымыгуфIы­кIыу къэнэнт?!
МэшбащIэр щылажьэ пэшым щIэт стIол кIыхьым хъуэхъу телеграммэ- хэр техуэртэкъым. ЦIыху цIэрыIуэхэм деж щегъэжьауэ къызэрыгуэкI ­къуа­жэдэсхэм я деж щиухыжу къе­хъуэхъурт лъэпкъылIым. Абыхэм ятхырт адыгэхэм къахэкIа цIыху гуа­щIафIэм зэры­ригушхуэр, иужьрейуэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Ажал гъуэгу» тхыдэ романым зыщамыгъэнщIу зэ­реджар, нобэкIэ зэлэжьхэмрэ ады­гэ­хэр зэригъэгуфэну и мурадхэмрэ щIэупщIэри мащIэтэкъым. Абы къы­хуатхахэр зэхэплъ­хьэжмэ, пхужыIэ-нущ Исхьэкъ къэралым къыхуищIа ­гулъытэ иным, езым къару къызэры­хилъхьам и мызакъуэу, лъэпкъым и щхьэр лъагэу зэрыригъэлъагъужар.
Сыт и уасэ къэралым и УнафIэщым ди лъэпкъэгъу телъыджэм щхьэкIэ мыпхуэдэ псалъэхэр жиIэу зэхэпхы- ну: «МэшбащIэ Исхьэкъ и литературэ Iэу­жьыр къэралым и щэнхабзэр, лъэпкъыбэ Урысейм и щIэиныр зыгъэбейщ». Путин Владимир къыхигъэщащ МэшбащIэм и IэдакъэщIэкIхэм Хэку зауэшхуэм и лъэхъэнэр къызэ­ры­щыгъэлъэгъуар, абы и усыгъэхэр, романхэр бзэ зыбжанэкIэ къэрал куэ-дым къызэрыщыдэкIар. Мыхьэнэшхуэ иIэщ литературэм и классикхэм я Iэ­дакъэщIэкIхэр адыгэбзэкIэ Исхьэкъ «зэригъэпсэлъар». Апхуэдэщ - Пушкин Александр, Лермонтов Михаил, Некрасов Николай, Блок Александр, Маяковский Владимир, Есенин Сер-гей сымэ, нэгъуэщIхэри.
МэшбащIэ Исхьэкъ хэту цIыхуитхум Кремлым и Екатерининскэ пэш иным а дамыгъэ лъапIэр щратыжым Кав-каз Ищхъэрэм и лIыкIуэхэм яхэтащ Адыгейм, КъБР-м, КъШР-м я Iэтащ­хьэхэр - КъумпIыл Мурат, КIуэкIуэ ­Казбек, Темрезов Рашид, сенаторхэу Хъупсырокъуэ Муратрэ Селезнев ­Олегрэ, Къэрал Думэм и депутат Хьэсанэ Мурат, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий сымэ.
Къэралым и Президентым да-мыгъэ лъапIэр кърита иужь МэшбащIэ Исхьэкъ къызэхуэсахэм зэрыза­хуигъэза псалъэхэр (зэрыжиIам хуэ- дэу, урысыбзэкIэ тыдодзэ):
- Уважаемый Президент и все участники нашего торжества!
За свою долгую жизнь я немало ­видел славных, героических дел и ­противоречивых моментов в истории нашей страны. От пионерско-комсомольско-партийной юности до моего 89-летнего возраста жил ею, радовался ее успехам, огорчался неудачами. И за всё это время в мою душу не зак­ралось ни малейшего сомнения, ни разочарования. Жил и верил ей, утверждал её, она - меня. За что я бла­годарен великой России, многона­цио­нальному Отечеству.
Мой кавказский возраст не позволит мне льстить. Но всё же уверенно и осознанно скажу: Вы - истинный Президент, Владимир Владимирович, стойкий патриот, неутомимый тру­женик великой державы. И как хо­рошо, что именно Вы в нужное время, поворотное время нашего госу­дарства стали его Президентом. Я верю в Вас, народ с Вами, и надо идти только вперёд к большим прорывам во имя нашей родной страны.
А эта высокая награда принадлежит не только мне одному, она принад­лежит всей русской, российской ли­тературе, из которой я вышел, конеч­но же, моей адыгэ-черкесской литературе, Республике Адыгея.
Спасибо, страна! Спасибо её Президенту! Всем вам крепкого здоровья, успехов, счастливого долголетия!
Адыгэ лъэпкъым и литературэ, щэнхабзэ, жылагъуэ гъащIэр МэшбащIэ Исхьэкъ хэмыту уи нэгу къыщIэгъэхьэгъуейщ. Тхыдэр зэфIигъэувэжрэ ху­дожественнэ IэмалхэмкIэ ар екIуу ди пащхьэ къизыгъэувэ тхакIуэм и IэдакъэщIэкI емыджа адыгэ къэгъуэты­гъуейуэ къыщIэкIынщ. Исхьэкъ жеIэ: «Гъуазджэм, адрей и унэтIыныгъэ псоми хуэмыдэжу, литературэм лъэпкъхэр зэгурыIуэныгъэм, шыIэныгъэм, зэры­лъытэныгъэм хуегъасэ».
Шэч хэмылъу МэшбащIэм и зэ­фIэкIым хуэфэщэн пщIэрэ гулъытэ-;рэ егъуэт. Абы къэралым цIэ лъапIэ куэд къыщыфIащащ, и тхылъхэр бзэ куэдкIэ зэрадзэкIри, дунейм къыте­хьащ. А псом емылъытауэ абы щхьэ­пэлъагагъэ гуэри дэплъагъуркъым, псэ къабзэщ, зэхэщIыкI, гууз-лыуз зи­Iэщ, пэжым и телъхьэщ, лъэжьыгъэр фIыуэ зылъагъущ, литературэми гъащIэми ноби щыжанщ.

ПэщIэдзэм куэд
елъытащ

- Сэ сызэреплъымкIэ, цIыху насы­пыфIэр Iуэху гуэрым пэрыт, IэщIагъэ пыухыкIа  зиIэрщ. Сыт хуэдиз фIы­гъуэр уб­­гъэдэмылъми, мылъкурэ былымрэ къолыжми, IэщIагъэ зимыIэр насыпыншэщ, - жеIэ Исхьэкъ.
Арагъэнщ абы IэщIагъэ хуэхъуа тхэн Iуэхум и зэманым и нэхъыбэр щIы­тригъэкIуадэр. Махуэ къэс, сыхьэти 6-м стIолым пэротIысхьэри, мэлажьэ.
- Къапщтэмэ, тхакIуэхэр цIыху щхьэ­закъуэщ, - пещэ МэшбащIэм. - Ар, стIолым пэрытIысхьэу тхылъымпIэмрэ ­къалэмымрэ къищта иужькIэ, и за­къуэу къонэ, абы зыри дэIэпыкъу­фынукъым, и адэ-ани, щхьэгъуси, быни. ЩыIэр тхылъымпIэ хужьымрэ езым гъащIэм къыхиха Iущыгъэмрэщ. Абдеж сэ закъуэныгъэр сщхьэщокI- ри, тхэн гукъыдэжым сызэщIеубыдэ, - къыддогуашэ МэшбащIэр.
Псори зэлъытэжар пэщIэдзэрщ. Япэ сатыр зыбжанэм я мыхьэнэр къып­хуэмылъытэну инщ. Исхьэкъ жеIэ а япэ псалъэухахэр къытригъэзэжуурэ зыбжанэрэ щызэрихъуэкIыж къэхъуу.
- Япэ сатырхэр нэхъ гугъуми, сэ абыхэм сащышынэркъым, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, тхылъымпIэ хужьыр «гъущIкъым», компьютеркъым, машинэкъым, ар псэ зыхэт, хуабагъэ къы­зыпкърыкI гуэрщ. ТхылъымпIэм романым и персонажхэр щытептхэкIэ зы гъащIэ гуэр зэщIэушэ хуэдэщ, ап­хуэдэхэм деж сэ къысщохъу си Iэр зыгуэрым иIыгъыу напэ кIуэцIым ирикIуэ, - пещэ тхакIуэм.
Тхэн Iуэхумрэ иджырей Iэмэпсы­мэ­хэмрэ зэпэжыжьэу къелъытэ МэшбащIэм. Компьютерым лэжьыгъэ ин цIыхум зэрыщхьэщихыр къыгуроIуэ, ауэ щIалэгъуалэр абы «икIуэдэнкIэ» зэрыхъунуми тошыныхь.

Лъабжьэр

МэшбащIэ Исхьэкъ тхыдэ роман куэд и Iэдакъэ къыщэкIащ, ар тха кIуэ къудейкъым, ар тхыдэм и къэ­хутакIуэщ.
Абы и цIэр ди къэралым и тхакIуэ пэрытхэу Бондарев Юрий, Быков Ва­силь, КIыщокъуэ Алим, КIэрашэ Тембот, Еутых Аскэр, Гамзатов Расул, Искандер Фазиль сымэ ябгъэдэтщ. Аращ адыгэ литературэм япэу Кавказ зауэм и гугъу щызыщIар, дуней ­псом дилъэпкъым и щхьэ кърикIуа гузэвэ­гъуэр яжезыIар.
- ТхакIуэр зэрытхэ бзэм елъытащ итхыр зыхуэгъэзар. Си япэ усэ сатырхэри Iуэтэжхэри адыгэбзэкIэ стхауэ щытащ. Си япэ тхыгъэр нэхъапэ щIыкIэ урысыбзэкIэ дунейм къыте­хьауэ зэрыщытам емылъытауэ сэ сы­зэрыгупсысари ноби сызэрыгуп­сысэри адыгэбзэрщ, - жеIэ Исхьэкъ. Абы къелъытэ цIыхум тхакIуэ нэс къыхэзыщIыкIыфынур и анэдэлъхубзэрауэ.
- ТхакIуэм къалэнышхуэ и пщэ ­къыдохуэ. Ауэ нэхъ гугъужщ «сытхакIуэщ» зыхужыпIэжыныр. Сэ щIы-пIэ куэдым сыщыIащ, иджыри сокIуэ. Гъуэгум сызыщрихьэлIа гуэр си Iэ­щIагъэм щыщIэупщIэм деж «Сые­гъэджакIуэщ, бзэм солэжь» жызоIэ. Фи нэгу  къыщIэвгъэхьэт «Сытха­кIуэщ» зыжесIэ цIыхум къызэрыщы­хъунур. А IэщIагъэм къалэн куэд уи пщэ къыделъхьэ. Абы къыхэкIыу, ­сые­гъэджакIуэу жысIэмэ, нэхъ къы­зощ­тэ. ПцIы лъэпкъ хэлъкъым абы, япэрей IэщIагъэмкIэ сэ сые­гъэджа­кIуэщ, - къыхегъэщ МэшбащIэм.
ТхакIуэ IэщIагъэр фIыуэ илъагъу щхьэкIэ, спортми къызэрымыкIуэу ­дехьэх Исхьэкъ. И щIалэгъуэм зэпеуэ командэхэм хэту щытащ, иджы спорт каналхэм фIэфIу йоплъ. Арагъэнщ абы и жыджэрагъым и щэхури. И ­щIалэгъуэ лъандэрэ МэшбащIэм и ­махуэм нэхулъэ щызэкIэщIитхъым щIедзэ. А дакъикъэхэм, езым зэрыжиIэмкIэ, абы дежкIэ нэхъыщхьэр и гупсысэ зэщIэкъуамрэ тхылъымпIэ ­напэ хужьымрэщ.

Жьы Iубыгъу

Махуэ къэс напэкIуэцI 30 - 40 ятхыу зыщызыIуэж тхакIуэхэм жаIэр фIэщ щIыгъуейщ. КупщIэ иIэрэ зэхуэгъэ­кIуауэ апхуэдиз зы махуэм пхуэтхынукъым. Уеблэмэ тха хьэзыру щыIэри къыпхуэщыпынукъым. Тхыгъэм гуп­сысэ щIэплъхьэн, узытеп­сэ­лъыхь­хэр зэхуэбгъэкIуэн, зэбгъэзэхуэн ­хуейщ.
- Сэ махуэм зы напэрэ ныкъуэрэ е тIущ схуэтхыр. Си Iэрытхым къы­зэ­рымыкIуэу солэжь, къытезгъэзэжурэ соджэж. Сигу къокIыж журналисту сыщылэжьа илъэсхэр. А IэнатIэм пэрытхэм пщIэ лей яхузощI, абы пы­щIа гугъуехь псори къызгуроIуэ, ауэ журналистхэм нэхъыбэу гулъытэ зы­хуащIыр и щIыIум телъыращ, си дежкIэ лъащIэм щыIэр, Iуэхум и ­къе­жьапIэр нэхъ лъапIэщ, - пещэ Исхьэкъ.
Тхыдэ роман птхыныр ар жьы Iу­быгъуэм хуэдэщ. Тхыдэр пэжу, художественнэ Iэмалхэм дихьэхыщэу ямыIуантIэн зыхузэфIэкI зырызхэм ящыщщ Исхьэкъ.
Илъэс 89-м къриубыдэу МэшбащIэм IэнатIищ къудей зэрихъуэкIауэ аращ: «Социалистическэ Адыгей» газетым и къудамэм и унафэщI, КПСС-м и обкомым и къудамэм и унафэщIым и ­къуэдзэ, Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ. 
ТхакIуэм шэч къытрихьэркъым тхы­дэм и пэжыр цIыхухэм я деж нэ­хьэ­сыным и мыхьэнэр зэрыиным. А щхьэу­сыгъуэращ абы и IэдакъэщIэкI цIэрыIуэхэм («Щхьэл мывэхэр», «Адыгэхэр», «Хъан-Джэрий», «Ридадэ», «Аишэт», «ГъэритI», «Къуэ­кIыпIэмрэ КъухьэпIэмрэ», «Джасус», «Ажал гъуэгу» романхэм) зэIэпахыу цIыхухэр щIеджэр. Абыхэм языхэз-           ми тхыдэм и лъагъуэ нэпцI ущрихьэлIэнукъым.
Урысейм и тхакIуэ цIэрыIуэхэу Ис­хьэкъ и гуащIэм щыгъуазэхэм къы­хагъэщ ар къызыхэкIа лъэпкъым, къэралым хуиIэ фIылъагъуныгъэр и IэдакъэщIэкIхэм зэрыщынаIуэр.
А щхьэусыгъуэм къыхэкIыу 2005 гъэм МэшбащIэр Урысей Федерацэм и Жылагъуэ Палатэм хагъэхьат. Къы­хэгъэщыпхъэщ, а зэгухьэныгъэм тха­кIуэу хэтыр Исхьэкъ зэризакъуэр.
Ди зэманым икъукIэ гугъущ хэкупсэ лъагъуныгъэр щIалэгъуалэм зыхебгъэщIэныр. АбыкIэ хуабжьу дэIэпы­къуэгъуфI мэхъу хэкум, лъэпкъым, ­хабзэм, тхыдэм ятеухуауэ Исхьэкъ и ­Iэдакъэ къыщIэкIа тхыгъэ купщIа­фIэхэр. ТхакIуэ нэсым и псалъэм ­къэуа­тышхуэ щIэлъщи, гущIэм и нэ­рынэ къэс лъоIэсыф.
МэшбащIэ Исхьэкъ и хъэтIым теу­хуауэ литературэджхэм куэд дыдэ ­ятхащ, езыри тхакIуэ емызэшщи, и творчествэм хигъахъуэ зэпытщ. А ­псори къэплъыта иужькIэ, пылъ­хьэншэу жыпIэ хъунущ Исхьэкъ Адыгэ лите­ратурэм и классик цIэ лъапIэр къызэрилэжьыр.

Усыгъэмрэ гъащIэмрэ
«ГъащIэ, гурыфIыгъуэ къызэти, сэ тIууащIэу сыпхуэупсэжынщ», - сатырхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIа Исхьэкъ и лъэIур зэхаха хуэдэ, гъащIэр къы­хуэупсащ, езыми и щIыхуэ лъэпкъ къызытринакъым.
Балъкъэр усакIуэ цIэрыIуэ Кулиев Къайсын абы къыхуитхауэ щытащ: «УсакIуэ - псалъэм и мыхьэнэр апх­уэдизкIэ инщи, абы нэхърэ нэхъ л­ъагэж гуэри къыщIэплъыхъуэн щыIэкъым. Уэ езыми фIыуэ бощIэ узэрыусакIуэр, ауэ сэ сыхуейщ иджыри зэ узэрыусакIуэр уигу къэзгъэкIыжыну. КIэщIу жыпIэмэ, уусакIуэшхуэущ, гукIи псэкIи уусакIуэ Iущщ. Нэхъы жьым къыбгъэдэкIыу мыри бжесIэнут: уэ уащыщщ бгырыс усакIуэ нэхъыфIхэм».
Пэжщ, Исхьэкъ литературэм хуиIэ фIылъагъуныгъэр нэмыщIамэ, абы и ерыщагъыр  хэмылъамэ, хузэфIэкIам и Iыхьэ щанэри къехъулIэнтэкъым. Иджыри курыт еджапIэм щIэсу абы и япэ усэ сатырхэр итхат. Абы щыгъуэ тхэн  щIэзыдзагъащIэ  щIалэщIэм дэнэ щищIэнт къехъулIэну псомрэ ­литературэм и IэмалхэмкIэ лъэпкъым мыкIуэдыж гъащIэ зэрыпхуетынумрэ? IуэрыIуатэм щыщ хъыбархэм еджэу­­рэ, езыми усэ тхын щIидзат.
Абы и адэшхуэ Бакъ (и анэм и адэщ) и пхъурылъхум и акъыл жа­нагъым гу щылъитэм, и пхъум мып­хэдэу жриIауэ щытащ: «Мы щIалэр губзыгъэщ, жепIэ псори псынщIэу ­къеубыд, егъэджэн хуейщ, сэ сымы­лъагъуми, фэ фхузэфIэкI къэвмы­гъанэ». Адэм и анэмэтыр Исхьэкъ и анэм игъэзэщIащ, абы хузэфIэкI ­къигъэнакъым и къуэм IэщIагъэ тэ-мэм иIэнымкIэ. Езыми и адэшхуэмрэ и анэмрэ къызэрыщыгугъар игъэпэжащ. Адрей и къуэшхэм хуэдэу, ари егъэджакIуэу лэжьамэ, шэч хэмылъу абыи ехъулIэныгъэ инхэр щызыIэ­ригъэхьэнт. Ауэ Исхьэкъ и натIэм ­къритхар нэгъуэщIт. Курыт еджапIэ нэужьым ар зыщIэтIысхьа Мейкъуапэ педучилищэм Хэку зауэшхуэм ипэ ­Андырхъуей Хъусен (аращ Совет тха­кIуэхэм ящыщу СССР-м и ЛIыхъужь хъуауэ щытар) и унафэщIу къызэрагъэпэща литературэ гупжьейхэр щы­зэхэтт. Абы екIуэлIэн щIэзыдза Мэш­бащIэм занщIэу гу къылъатэри, утыку ирашэн щIадзащ. Абы и усэхэр япэу 1949 гъэм утыку къихьащ. Исхьэкъ и тхыгъэхэр зэрымыщIэкIэ Iэрыхьауэ щытащ Адыгейм и тхакIуэхэм я зэгу­хьэныгъэм и тхьэмадэ Куэстэнэ Дмитрий, икIи кIыхьлъыхь зимыщIу щIа­лэщIэр Горький Максим и цIэр зезыхьэ Литературэ институтым зэрыщIэтIысхьэн тхылъымпIэхэр хуигъэхьэзыращ.
ЕджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIысхьэфам и мызакъуэу, общежитым пэш къыщратри, стипендии хуагъэуват абы. МэшбащIэм дзыхь къыхуэзыщIа псори а Iуэхум щыгуфIыкIыжат, дип­лом плъыжькIэ институтыр къыщиухам.
- Си насып кърихьэкIри, Светлов ­Михаил, Паустовский Константин, Луговской Владимир сымэ срагъэджащ, литературэм и щэхухэмкIэ къыздэгуэшащ. Сыщеджэ лъэхъэнэм Чуковский Корней, Шолохов Михаил, Твардовский Александр, Симонов Константин, Сельвинский Илья, Фа­деев Александр сымэ сахуэзауэ ­щытащ. Рожденственский Робертрэ сэрэ зы стIолым дыпэрысу деджащ, ­Евтушенкэ Евгенийрэ Ахмадулинэ Бэллэрэ я гъусэу усыгъэмкIэ семинархэм сыщыIащ, - игу къегъэкIыж Ис­хьэкъ.
Совет литературэм и пэрытхэм ящыщ Михалков Сергей зэгуэрым Исхьэкъ зыкъыхуигъэзащ: «Си щхьэгъусэ Кончаловская Наталье уи Iэ­дакъэщIэкIхэр игу ирихьащи, ди унэ удогъэблагъэ, дызэпсэлъэн хуейщ». Арати, Исхьэкъ Михалковхэ кIуэри, ягъэхьэщIащ. Абы яужь Михалков Сергей и псалъэкIэ МэшбащIэр ­СССР-м и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хагъэхьауэ щытащ.
Исхьэкъ илъэс 70 щрикъум щыгъуэ Михалков мы псалъэхэр итхат: «Ис­хьэкъ, усыгъэр имыутIыпщуурэ, романист лъэщ къищIыкIащ. Ди къэра­лым и тхыдэм, езыр къызыхэкIа адыгэ-шэрджэс лъэпкъым абы хуиIэ еп­лъыкIэр художественнэ къэIуэтэ­- ­кIэ­кIэ Iэзэу щIэджыкIакIуэм и пащхьэ ирилъхьащ. Ар лIыгъэ зыхэлъ, пэжыр къэзылъыхъуэ, жыжьэ кIуэцIрыплъ, лъэпкъ Iуэхухэм хэкIыпIэ захуэ къахуэзыгъуэтыф цIыхущ. МэшбащIэр ­хэкупсэ нэс, къэралым и пщэдейм хуэлажьэ, Урысейм ис лъэпкъхэм я къэкIуэнум щIэбэн цIыху зэрыхъурэ куэд щIащ. ГъащIэм къыхиха Iу­щагъым и фIыгъэкIэ, къэрал, жыла­гъуэ, политикэ щытыкIэ гугъухэм акъыл жанкIэ пхоплъыф. Ар ящыщщ Урысейм и ТхакIуэхэм, ТхакIуэхэм я ­Дунейпсо зэгухьэныгъэхэм пщIэ лей зыхуащIхэм. Урысхэм, лъэпкъ тха­кIуэхэм я деж абы щIыхь ин къыщилэжьын хузэфIэкIащ».
«Iуэхум гупсэхуу сегупсысу, къэ­хъуахэр зэпэслъыту сезыгъэсар си адэшхуэращ. Ар нэгъэсауэ адыгэ ­хабзэм и лIыхъусэжьт, IуэрыIуатэм и ­хъумакIуэт. Си анэм хэлъа щабагъыр, цIыхуфIагъыр, захуагъэр-щэ?! ­ЩIак­хъуэ Iыхьэр, и щхьэ фIихынурэ, къуитынут. Сэ напэуи пщIэуи си­-Iар си анэращ», - щетх Исхьэкъ и ­ав­тобиографие повестым.
«МэшбащIэ Исхьэкъ тхакIуэ губ­зыгъэщ, напэр, щIыхьыр япэ изыгъэщ зырызхэм  ящыщщ. Къуэ пэжым хуэ­дэу ар къыщалъхуа къэралым, къы­зы­хэкIа лъэпкъым хуолажьэ, къищы­нэ­мыщIауэ, ар тхакIуэхэм я къыщхьэ­щыжакIуэ нэсщ. УемыхъуэпсэнкIэ ­Iэмал иIэкъым абы хэлъ жыджэрагъым, фэфI зэрытетым. ТхакIуэр зы­щыгугъыну иIэр и зэфIэкIымрэ абы ­гугъу зэрыздригъэхьымрэщ. АбыкIэ си ныбжьэгъужьым Тхьэр къыхуэуп­сащ. АдэкIи ефIэкIуэну си гуапэщ, - ит хауэ щытащ совет литературэм и классик Бондарев Юрий.
МэшбащIэ Исхьэкъ нобэ тхэну сыт къару къезытыр? ГупсысэкIэ къы­зэрымыкIуэ зиIэ а цIыхум дежкIэ мыхьэнэ ин иIэщ и лъэпкъым и натIэ хъуамрэ абы и къэкIуэнумрэ. Хэт иджыкIэ тхакIуэхэм я Iуэху зытетым, абыхэм я Iуэху зэрыдагъэкIыжым егуп­сысыр?
- Нобэ лъэпкъ литературэхэр щытыкIэ гугъу итщ. Кавказ Ищхъэ- рэм ис лъэпкъхэм я закъуэкъым ар зи гу­къеуэр. Сэ сызэреплъымкIэ, уры­сыбзэр лъэпкъыбзэхэу утыку ихьэнымкIэ анэмэт хъун хуейщ. Сэ Дагъыс­тэным и лъэпкъыбзэхэр сщIэркъым, ауэ а республикэм щыщ тхакIуэхэр фIыуэ соцIыху, урысыбзэкIэ къыдагъэкIа я IэдакъэщIэкIхэм соджэ. Лъэпкъ литературэхэм яку дэлъа зэ­пыщIэныгъэхэр зэфIэгъэувэжын ­хуейщ. Псом хуэмыдэу лъэпкъ журналхэм,- къыддогуашэ Исхьэкъ и гу­къеуэмкIэ.
МэшбащIэ Исхьэкъ Адыгейм къы­щыдэкI журналиплIым я редактор ­нэхъыщхьэщ. Абы щIэх-щIэхыурэ бгы­рыс лъэпкъхэм я тхакIуэхэм я тхыгъэ­хэр зэридзэкIыурэ тредзэ. Ауэ лъэпкъ литературэхэр зэдзэкIыныр къэрал унафэ зэрыхъуу абы журналхэм я ­редакторхэм хуаIэ бгъэдыхьэкIэм куэдкIэ зихъуэжынут. Иужьрей илъэс­хэм лъэпкъ литературэм и Iуэхур убзыхуауэ, зэIумыбзу зэрыщытым и зэран къокI. Ауэ апхуэдэу дапщэщи щытынукъым.
«Сыт щIэплъыпIэм адэкIэ щыIэр?» - апхуэдэ фIэщыгъэ иIэу Исхьэкъ тхылъ иIэщ. Езым зэрыжиIэмкIи, зэ­рыцIыкIурэ щIэплъыпIэм щхьэпрып­лъы­кIыну щIэхъуэпсырт, адэкIэ щыIэ къалэхэр, цIыхухэр, псэукIэр зригъэщIэну. КъэхъугъэхэмкIэ гъэнщIа гъуэгуанэ дахэ екIу МэшбащIэм, ауэ щIэплъыпIэр абы дяпэкIи къыпоп лъэ, мурадхэри нэхъыжьыфIым и ма­щIэкъым. Абы дызэрыщигъэгъуэ­замкIэ, мы зэманкIэ ар зэлэжь «Хьэтхэр» тхыдэ романым и япэрей напэ 200-м щIигъур итхащ. ГъащIэ зы­хуэфащэр абы и IэфIыр зыхэзыщIэрщ, и махуэ къэс  лъытэныгъэ хузиIэрщ. Тхьэм куэдрэ узыншэу ди япэ уригъэт, Тхьэмадэ!
Налшык - Мейкъуапэ - Налшык

ЩОМАХУЭ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.