Кавказ Ищхъэрэм хиубыдэ щIыналъэхэм сабий садхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ я лэжьыгъэр щегъэфIэкIуэным топсэлъыхь

Иджыблагъэ Матовников Александр Москва къалэм щригъэкIуэкIащ Урысей Федерацэм и Президентым и полномочнэ лIы­кIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэм и деж щылажьэ Советым и зэIущIэ.

Абы хэтащ УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым и Къэрал Думэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Тимофеевэ Ольгэ, Егъэджэныгъэмрэ щIэныгъэмрэ я IэнатIэм щыкIэ­лъып­лъынымкIэ федераль­нэ къулыкъущIапIэм и уна­фэщI Кравцов Сергей, ­УФ-м егъэджэныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ Си­нюгинэ Татьянэ, Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и ­Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек, Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм я Iэтащхьэхэр.
ЗэIущIэм щытепсэлъы­хьащ лэжьапIэншэхэр гъэ­мэ­щIэным, цIыхухэр IэнатIэхэм увынымкIэ ядэIэпыкъуным, зи школ кIуэгъуэ мыхъуахэр сабий садхэм­-кIэ, школакIуэхэр ирикъуу курыт еджапIэхэмкIэ къызэгъэпэщыным хуэгъэзауэ зэфIагъэкIхэм.
«Ику иту Урысейм елъы­тауэ округым къыщалъхухэр нэхъыбэу илъэс куэд лъандэрэ зэрекIуэкIым къыхэ­кIыу школхэмрэ сабий садхэмрэ щIыпIэ куэдым щахуримыкъуу къокIуэкI», - жи­Iащ Матовников Алек­сандр зэIущIэр къыщызэIуихым.
Аращи, 2019 гъэм и закъуэ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым ухуэ­ны­гъэщIэу 30 щрагъэ­кIуэ­кIынущ. Абыхэм яхиубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым иджы­псту лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI. Налшык къалэм курыт еджапIэщIэ мы гъэм къыщызэIуахынущ, ап­хуэ­дэу 2019, 2020 гъэхэм хьэ­зыр хъунущ Шэджэм къалэмрэ Солдатскэ станицэм­рэ дащIыхь еджапIэ­щIэ­хэр. А псоми я фIыгъэ­кIэ 2021 гъэм ирихьэлIэу республикэм и къалэхэмрэ къуа­жэхэмрэ щащI школы­щIэ­хэм сабийуэ минитIым нэблагъэ екIуэлIэнущ.
Илъэсищым щегъэжьауэ илъэсиблым нэс зи ныбжь сабий псори садхэмкIэ къызэгъэпэщащ. Урысейм ЕгъэджэныгъэмкIэ министерствэмрэ КъБР-м и Правительствэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ зи ныбжьыр илъэсищым щIимыгъу сабийуэ 2860-рэ зыщIэхуэну IуэхущIапIэхэр 2019, 2020, 2021 гъэхэм ­къриубыдэу ящIынущ. Егъэ­джэныгъэм и фIагъыр ­къаIэтын мурадкIэ районхэм щыIэ еджапIэ 27-м къы­щызэрагъэпэщ бжыгъэхэр зи лъабжьэ егъэджэныгъэм­кIэ, гуманитар егъэ­джэ­ныгъэмкIэ центрхэр.
Къэбэрдей-Балъкъэрыр хагъэхьащ «Дэтхэнэ сабийми и ехъулIэныгъэ» федеральнэ проектыр щагъэу­нэхуну щIыналъэхэм. Абы ипкъ иткIэ Налшык къы­щызэIуахынущ нэхъ зэ­фIэ­кIышхуэ зыбгъэдэлъ сабийхэр наIуэ къэщIынымрэ абы­хэм ядэIэпыкъунымкIэ ­центр. Ар илъэс псом елэжьынущ сабийхэр ­«ЩIэ­ныгъэ», «Гъуазджэ», «Спорт»­ унэтIыныгъэхэмкIэ егъэджэным, апхуэдэу школакIуэхэм я олимп зэщIэ­хъееныгъэм зегъэубгъу­ным.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.