И къарум хагъахъуэ

2019 гъэм тещIыхьа инвестицэ программэр гъэ­зэщIэным хыхьэу, «Кавказ Ищхъэрэм и урысей­  сетхэр» АО-м и «Къэббалъкъэнерго» къудамэм ­Iуащ­хьэмахуэ щIыналъэм зи чэзу лэжьыгъэхэр ­щре­гъэкIуэкI.

Зи гугъу тщIы а IэнатIэм и IэщIагъэлIхэр мы зэма-  ным яужь итщ киловатт 35-рэ зи лъэщагъ Чалмас подстанцым и Iэмэпсымэхэр щIэрыщIэу зэгъэпэщыжы-  ным. Абы и пкъыгъуэхэр жьы хъуат икIи ток зыхуиу­тIыпщыну къэлъаIуэхэм Iуэхутхьэбзэхэр яхуищIэжы­фыртэкъым. Ауэ, зэрыхуагъэфащэмкIэ, абыхэм я пIэ ирагъэувэхэм я зэфIэкIыр зэрынэхъ лъагэм я фIыгъэкIэ, электрокъару хуэныкъуэу закъыхуэзыгъазэ псоми дяпэкIэ зыщIагъэкъуэфынущ.
ПодстанцыщIэм нэгъуэщI ефIэкIыныгъэхэри иIэщ. Псалъэм папщIэ, вакуум реклоузерыр дагъэкIэ лажьэ щIэгъэнапIэкIэ зэрахъуэкIащ. Ар и цIыкIуагъкIи Iэры-хуэщ, уэтIпсытIи жьапщи «щымышынэщ», щIыуэпсым   зи зэран езымыгъэкIщ.
 

КЪУМАХУЭ Аслъэн

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ