«Инарыкъуейм» Сочэ зыкъыщегъэлъагъуэ.

Сочэ къалэм дэт «Фыщт» стадионым щызэхэтащ Инарыкъуей щыщ футбол командэмрэ хэгъэрейхэмрэ я зэныбжьэгъугъэ зэIущIэ. Къэбэрдей-Балъкъэрым и «Уличный кра­сава-2018» гупыр 1:3-уэ къыхигъэщIащ Урысей ­Федерацэм и япэ дивизионым мы гъэм щытекIуэу къэ­ралым и гуп нэхъыщ­хьэм хыхьа «Сочи» командэм.
Ди щIалэхэм ящыщу топ закъуэр дигъэкIащ Тумэ Азэмэт. «Уличный красава-2018» акцэм ипкъ иткIэ, уэрам командэхэм щыджэгу щIалэ цIыкIухэм ­къыхахыу зэхагъэува гупыр дэджэгуащ Урысейм и ­премьер-лигэм щыджэгуну иджы­благъэ Iэмал зэзыгъэгъуэта балигъ командэм.
Ди щIалэхэм дэIэпы­къуныгъэ яритащ Урысейм   и чемпионатхэм медалрэ кубо­кыу нэхъыбэ дыдэ къы­щызыхьа тренер цIэрыIуэ Газзаев Валерий.
«Мы щIалэхэм зы махуи сабий спорт школхэм зы­щагъэсакъым. Командэм хэтар уэрам футбол джэгухэрщ, ахэр зэман кIыхькIи, губгъуэшхуэми щыджэгуа­къым. Дауи, техникэ, тактикэ а лъэныкъуэкIэ щыщIэныгъэ зэраIэр наIуэт. Ауэ гукъыдэжрэ, жыджэрагъыу яхэлъым гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэтэкъым. Абыхэм я дежкIи сэпэбышхуэ зыпылъ Iуэхугъуэу къызолъытэ мы зэIущIэр. ЩIалэ цIыкIухэм къащIащ профессионал футболымрэ уэрам футболымрэ я зэщхьэщыкIыныгъэр», - жиIащ зэIущIэ нэужьым Газзаевым. Тренер цIэрыIуэм къыхигъэщащ «Урысейсо цIыхубэ фронтым» и щIалэгъуалэ къудамэм къыхилъхьа «Уличный красава» къэралпсо акцэр футболым зегъэужьыным, ныбжьыщIэр гъащIэ узын­шэм къыхуеджэнымкIэ сэ­бэ­пышхуэ зэрыхъур.
«Акцэм и къалэн нэхъыщ­хьэр топ дэгъэкIы­ныра-къым, атIэ топджэгум гукъыдэж хуаIэнырщ. Дэ ди нэгу щIэкIащ, топ дагъэ кIахэм яужькIэ абыхэм я нэгум зэрызихъуэжыр, Сочэ щыпсэухэр щIалэ цIыкIухэм къазэрыдэщIыр», - жиIащ «Урысейпсо цIыхубэ фронтым» и щIалэгъуалэ къудамэм и унафэщI Кастючкевич Игорь. - «Уличныйкра-сава.рф» сайтымкIэ щIалэ цIыкIухэр зэхуэтшэсын щы­щIэддзам щыгъуэ «Уличный красава»-м хэтынур сабий миным нэблэгъэн ди гу­гъащ, арщхьэкIэ командэ 3420-рэ акцэм къыхэтшащ. Мы гъэм Урысейм СпортымкIэ и министерствэм и календарь планым дыхагъэхьащ. НыбжьыщIэ мин 35-м щIигъу хэтыну дыпоплъэ, ауэ куэдкIэ нэхъыбэ зэрыхъунум шэч къытес­хьэркъым».
«Уличный красава-2019»-м хэтынухэм я тхылъхэр ­Iа хынущ мы гъэм и шы­- щ­хьэуIум и 1 пщIондэ. Финалыр жэпуэгъуэм зэхэтынущ.
Фигу къэдгъэкIыжынщи, нэгъабэ щыIа зэхьэзэхуэ-хэм чемпион щыхъуащ Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ «Инарыкъуейр».

ЖЫЛАСЭ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.