Пасэрей адыгэхэмрэ алыджхэмрэ я щэнхабзэхэм зэщхьу узыщрихьэлIэхэр.

Къэхутэныгъэхэм къазэ­ры­хэщымкIэ, япэ дыдэу цIыхур Африкэм къикIри, Кавказымрэ зэрыщыту Евразиемрэ къэ­кIуащ илъэс мелуан 1,7-рэ хуэдиз ипэкIэ. Кавказ Ишхъэрэм цIыхухэр щопсэу абыхэм я тхыдэм зэрыщIидзэрэ, нэгъуэ­щIу жыпIэмэ, палеолитым (па­сэ дыдэ мывэ лъэхъэнэм) абы щыхьэт техъуэ куэд къыща­гъуэтащ. Ди щIыналъэм щып­сэухэр Тенджыз Курыхымрэ Азие ЦIыкIум я цIыхухэм экономикэ, щэнхабзэ я лъэны­къуэкIэ быдэу япыщIауэ къе­кIуэкIащ. А зэпыщIэныгъэхэр псом хуэмыдэу нэхъ быдэ ­хъуащ домбеякъым и лъэхъэнэм (ди эрэр къэсыным илъэс мини 4 - мини 3,5 - рэ иIэжу). Абы и щыхьэтщ Мей­-къуапэ археологие щэнхабзэр. А зэманым щIыпIэм щызэ­фIэувами, абы хуабжьу яжь къыщIихуащ пасэрей къуэ­кIы­пIэ цивилизацэхэм я ехъулIэ­ныгъэхэу къахыхьахэм. А псори шумерхэм е хурритхэм, нэхъ хуэбгъэфащэ зэрыхъунумкIэ, Азие ЦIыкIум къикIа хьэтхэм къыхуахьауэ къыщIэкIынущ.

Мыбдеж къыщы­хэд­гъэ­щхьэ­ху­кIын хуейщ языныкъуэ IэщIагъэлIхэм мыпхуэдэ щытыкIэр цIыхухэр зэрыIэхъуэпшахъуэм и Iэужьу зэрыжаIэр. Ахэр захуэщ, Азие ЦIыкIумрэ Кавказымрэ а зэ­ман жыжьэм зэIыхьлы лъэпкъ­хэр зэрыщыпсэуар къэплъытэ­-мэ - Азие ЦIыкIум - хьэтхэмрэ кашкэхэмрэ Кавказ Ищхъэрэм - синдхэмрэ меотхэмрэ. ИужькIэ абыхэм къатепщIыкIащ адыгэ лъэпкъхэр, абыхэм лъыкIэ япэгъунэгъу убыххэр, абхъазхэр, абазэхэр. А псори зы бзэкIэ псалъэрт. Зэрытлъагъущи, Кавказ Ищхъэрэм и нэхъ лъэпкъыжь дыдэхэм ящыщщ абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ. Абыхэм лIэщIыгъуэ куэдкIэ яIыгъащ щIыналъэм и нэхъ щIыпIэфIхэр. Кавказ Ищхъэрэр зэблэкIыпIэу щытащ. НэгъуэщI щIыпIэхэм къикIыу мы­-бы къакIуэхэмрэ, езы щIыналъэм щыпсэухэмрэ лъэныкъуэ куэдкIэ зызэпащIэрт. 
Абхъазхэмрэ адыгэхэмрэ къы­-зытехъукIа хьэтхэм, синдхэм, ­меотхэм япэ дыдэу зыкъызы­пы­зыщIахэр алыджхэр къызыте­хъукIахэрщ е езы алыджхэрщ. Абы къыхэкIыу, дэ зэщхь куэд дыщрохьэлIэ ди щэнхабзэхэм. Псом япэу зэгъэпщэныгъэхэр щы­нэхъыбэщ IуэрыIуатэм, къыддекIуэкI хабзэхэм.
КIыхь зедмыгъэщIыу къэдгъэлъэгъуэн къудейщ апхуэдэ зэтехуэныгъэхэм еджагъэшхуэ куэдым гу зэрылъатар. Псалъэм и хьэтыркIэ, Дюбуа де Монпере Фредерик, ХьэдэгъэлI Аскэр, ­Ардзинбэ Владислав, Балъкъэр Къэрселджук, ХьэкIуащэ Анд­рей сымэ, нэгъуэщIхэми. Ар­щхьэкIэ мы Iуэхур дджыным иджыри къэс лэжьыгъэшхуэ ира­щIылIакъым. Дэ дызыхущIэкъуар абы нэхъ куууэ дытеп­сэ­лъыхьынырщ. Мыбдежи псом япэу щызэдгъапщэр адыгэ «Нарт» эпосымрэ ­Гомер и «Илиада», «Одиссея» поэ­мэхэмрэщ. Абыхэм псом хуэ­мыдэу щыкуэдщ зи гугъу тщIы щапхъэхэр. Псалъэм и хьэтыркIэ, къэтщтэнщ Зевс и фызхэм ящыщ Герэ тхьэгуащэр. Аращи, «Илиадэм» дыкъыщоджэ: 
«…ИкIи абы едаIуэртэкъым ­Iэдиихужь Герэ.
… Абдеж шыхэр щиIыгът Iэ­диихужь Герэ тхьэгуащэм.
Ахэр щIитIыкIри зыпхры­мы­кIыфыну пшагъуэ кIыфI къыт­рилъхьащ;
Псы Iуфэм Симент абыхэм щаIущIащ».
«Сосрыкъуэрэ Iэдиихурэ» нарт хъыбарым къеIуэтэж бгыщхьэм, щыхупIэм и деж Инжыдж псым  и къежьапIэм быдапIэ тетауэ. Абы щыпсэурт зэщхьэгъуситI. ЛIыр зекIуэм ехъулIэрт. Арщ­хьэкIэ Псэбыдэ (арат абы и цIэр) ар къезыгъэхъулIэр и щхьэгъусэ Iэдииху дахащэрт. Псэбыдэ зе­кIуэ къыщикIыжкIэ абы и Iэ ­лыдитIыр чэщанэм къыдишии­кIырти, жэщ нэхъ пшагъуэ кIыфI ды­дэр, узыпхымыкIыфынур, къи­гъэнэхурт, дунейр пшэ фIы­цIэжхэм щыщIилъафэкIи арат. Арат IэдиихукIэ щIеджэри.
Зэрытлъагъущи, пасэрей алыдж тхьэгуащэ Герэрэ Iэ­диихурэ ягъэзащIэ къалэнхэр ­зэтохуэ: Герэ Троя и деж дуней щытыкIэр щызэрехъуэкIыф икIи ахейхэм щадоIэпыкъу, Инжыдж къызэпрыкIыжын папщIэ Iэ­дииху и лIым дэIэпыкъуу зэ­рыщытам хуэдэу. А зэтехуэныгъэр ауэ сытми къэхъуакъым. Ауэ гу лъумытэнкIэ Iэмал иIэкъым Iэдииху и цIэр къызыте­хъукIар адыгэ нарт IуэрыIуатэм къызэриIуатэми. АрщхьэкIэ Гомер деж дыщрихьэлIэркъым Герэ «IэблэхужькIэ» щIеджэу щытам и щхьэусыгъуэм. Алыдж­хэм я деж Герэ къыщокIуэ тхьэ­гуащэу, ауэ Iэдииху бзылъхугъэ къызэрыгуэкIщ, итIани дуней щы­тыкIэр зэрехъуэкIыф. 
«Сосрыкъуэрэ Iэдиихурэ» ­хъыбарым уигу къегъэкIыж ­«Герэрэ Леадррэ» алыдж хъыбарри. Герэ апхуэдэ дыдэу щыпсэуащ тенджыз Iуфэм Iут чэщанэм. Iэдииху хуэдэу абыи уэздыгъэкIэ жэщым тенджызыр игъэнэхурт икIи езым фIыуэ илъэгъуа Леадр дэIэпыкъурт къыхуэзэн папщIэ, Дарданелл псы дэжыпIэм къызэпрысыкIыну. Ар псым хокIуадэ Герэ ­тенджызыр зэригъэнэху уэздыгъэр жьым игъэункIыфIа иужь. ­Гулъы­тапхъэщ Дарданелл псы дэжыпIэр хьэтхэр здэпсэуа щIы­пIэм зэрыщыIэр. Абы къигъэ­лъагъуэр зыщ: хъыбарыр хьэтхэм зэрейр. 
Гомер и IэдакъэщIэкIхэмрэ «Нарт» эпосымрэ зэбгъапщэ зэ­рыхъунум и щапхъэщ мыхэр: 
а) Гомер и эпосым Еленэ троянхэм ядыгъу, ахейхэм иужь­рейхэм зауэ иращIылIэ. Абы къыхэкIыу Троя зэхакъутэпауэ щытащ.
б) «Испыхэм ядыгъуа Сэтэ­-        ней Уэзырмэс я пашэу нартхэм хуит къызэращIыжар» хъыба­рым къы­щыгъэлъэгъуащ Жьа­кIэ Хужь зи Iэтащхьэ испыхэм нарт балигъхэр зекIуэ жыжьэ икIи кIыхь щыкIуа зэманым ­з­рагъэхьэлIэу псоми фIыуэ ­ялъагъу Сэтэней гуащэр зэра­дыгъуар. Ар зымыхъумэфа нарт ныбжьыщIэхэр къэгулэзат. Щэнейрэ ахэр хущIэкъуащ ЖьакIэ Хужьым и быдапIэм, Сэтэней щаIыгъым дыхьэну. АрщхьэкIэ къащтэфакъым. ИтIанэ нартхэр кIуащ Уэрсэрыжь и деж. А фы­зыжьым и закъуэт абыхэм чэнджэщ къезытыфынур. Къаж­ри­Iащ, Уэзырмэс хахуэр къадэ­мы­Iэпыкъумэ, ахэр испыхэм зэ­рапэмылъэщынур. АрщхьэкIэ къа­дэIэпыкъуну нартхэр Уэзырмэс щелъэIум иужьрейм къахуигъэуващ зекIуэм Гуэргуэныжь хьилэшыр здашэну. 
Уэзырмэс и шы пцIагъуэп-лъым уанэ трилъхьащ «кхъуа­хъуэ Гуэргуэныжь кхъуэ пIащэм тест. Гъуэгум здытетым Гуэргуэныжь зытес кхъуэпIащэр  лIащ, нартышхэм кIуэкIэкIэ ядэ­мыхъуу. Езым фIыуэ илъагъу кхъуэпIащэр къимыгъэнэн пап­щIэ, Гуэргуэныжь ар и дамэм ­трилъхьэри нартхэм якIэлъыущащ, испыхэм я быдапIэм ебгъэрыкIуэн и пэ ­къихуэу Гуэргуэныжь Уэзырмэс елъэIуащ кхъуэпIащэ лIар и дамэм телъу нартхэм япэ иту кIуэну хуит къи­щIыну. Апхуэдэуи ­хъуащ. Испыхэм я шабзэшэхэр кхъуэ­пIащэ лIам и пкъым къытехуэрт, абы къыхэкIыуи нартхэм зыри къалъэIэсакъым. Апхуэдэ щIы­кIэкIэ испыхэм я быдапIэр зэтракъу­тэщ, езыхэр зэтраукIэри, Сэ­тэней хуит къащIыжащ. 
Мы хъыбарыр, Троян зауэр зэрекIуэкIам теухуауэ дызыщыгъуазэхэр зэбгъапщэмэ, къаугъэр къызыхэкIа щхьэусыгъуэ зыбжанэ, апхуэдэу ахейхэмрэ данайхэмрэ Троя щыпсэухэм егъэщIылIауэ къагъэсэбэпа ­хьилагъэхэмрэ зэщхь хуэдэщ: япэрауэ, Троям и пащтыхь ­Приам и къуэ Парис Спартэм и тет Менелай зэрыщымыIэр къигъэ­сэ­бэпащ икIи абы и фыз Еленэ идыгъури, Троям ишащ. Сэ­тэней испыхэм зэраубыдам теу­хуа ­хъыбарми Гомер Еленэ зэ­ра­дыгъуам теухуауэ Илиадэм ­къыщиIуэтэжхэри зэтохуэ мып­хуэдэ щIыкIэкIэ: япэм щыгъуэ нарт балигъ псори зекIуэ ежьэт, Еленэр Парис идыгъуащ и лIыр унэм щыщымыIэм щыгъуэ. ЕтI­уанэрауэ, Уэрсэрыжь нартхэм къажриIащ Уэзырмэс хахуэр икIи губзыгъэр зыдамыгъэIэпыкъу­-мэ, испыхэм зэратемыкIуэфынур. Ауэ мыдрейм къахуигъэуващ Гуэргуэныжь кхъуахъуэр зыщIагъуну. Иужьрейм и фIыгъэкIэщ испыхэр зэрыхагъэщIари. Гомер Илиадэм къыщеIуатэ Ахиллес здамышэмэ, ахейхэм Троер къызэрамыщтэфынур. Ахил­лес и анэ Фетидэ ищIэрт ар зауэм кIуэмэ, Троя и деж зэры­щыхэкIуэдэнур. Абы къыхэкIыу и къуэр цIыхубз щыгъынкIэ хуэ­пауэ Скирос хытIыгум яхегъапщкIуэ щIыпIэм и пащтыхь Ликамед ипхъухэм. Ещанэрауэ, нарт хъыбархэми Гомер къиIуэтэжахэми Гуэргуэныжьрэ Ахиллесрэ хьилагъэкIэ зыхашэ.
Псалъэм и хьэтыркIэ, хьэпшып къэзыщэху - зыщэм и фащэкIэ хуэпа Одиссей Скирос кIуэри ­Ликамед и пхъухэм цIыхубзхэр дэзыхьэхыну цIуугъэнэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр яригъэлъэ­гъуащ, мэIухумрэ бжырэ яхэту. Одиссей езым и гъусэхэм пщэрылъ ящи­щIат бийхэр къа­теуа хуэдэу хъыджэбзхэм къащигъэхъуну. Ахэр щIэпхъуэжащ, ауэ цIыхубз щыгъынкIэ хуэпауэ яхэта Ахил­лес, мэIухумрэ бжым-рэ къип­хъуатэри, зэхэуэм хы­хьащ. Ап­хуэдэ щIыкIэкIэ къацIыхуащ ар хэтми. Абы щыгъуэми, Гуэргуэ­ныжь къызэрагъэп­цIам теухуа нарт хъыбарым къы­зэрыщыгъэ­лъэгъуамкIэ, иджы ещанэу ­хуагъэкIуа лIы­кIуэр гъуэгум зэрыщыгувам ­игъэгубжьа Гуэргуэныжь абы еупщIащ зыщIиIэ­жьам и щхьэу­сыгъуэмкIэ. Иужь­рейм жэуапу иритащ: «Нартхэм ху яIуэрти, хьэдзэхэр збжыну ­сыкъэнащ». Апхуэдэу щыхъум Гуэргуэныжь абы жриIащ «Хьэ­дзэхэр щубжыфкIэ сэ мыбдеж сыщызэп­хъуэкIыфынущ» (кхъуэ­хэр си пIэкIэ бгъэхъуфынущ жы­хуиIэт). Апхуэдэ щIыкIэкIэ арэзы хъуащ нартхэм ядежьэну. Еп­лIанэрауэ, Троя къыщащтэм Одиссей и чэнджэщкIэ ахейхэм хьилагъэ ящIащ - «Троянышыр» яухуащ. Гомер и «Одиссей» поэмэм дыкъыщоджэ: 
«…ИкIи Тхьэр зигу Демодок уэрэд къыхидзащ:
Тенджызым хыхьащ мафIэ ­къезыдза данайхэр,
Я хэщIапIэр хыфIадзэри, ­Оди­с­сей зыхэта цIыхухъухэр
Троя къаданащ, шым и кIуэ­цIым ису.
ИужькIэ троянхэм Илион шы къызэIуахащ.
Тхьэм къахуиухат Илион кIуэ­дыну, шым и кIуэцIым ахей ­лIыхъухэм зыщагъэпщкIуауэ къыщIэкIыну
ИужькIэ ахей лIыхъухэр шы кIуэцIым къикIащ.
КъапэщIэхуэри яупщIатэу зэбг­рыжащ».
Испыхэм я быдапIэр къыщащ­тэми нартхэри едэIуащ Гуэргуэныжь къарита чэнджэщым икIи кхъуэпIащэм и пкъыр иIыгъыу бийхэм яхуэкIуэу япэ ирагъэщащ. (Адыгэ нарт хъыбар ­испыхэм Сэтэней зэрадыгъуар уигу къэбгъэкIыжмэ, зи гугъу мы поэмэм ищIыр Сэтэнейщ).
Нэхъ зэщхьщ, уеблэмэ, Гомер и поэмэмрэ «Гуащэ дахащэм-           рэ цIыхубз пелуанымрэ» адыгэ IуэрыIуатэмрэ дызыщрихьэ­лIэ­хэри. Еджагъэшхуэ Лопатинс­-кий Л. Г. абы тэмэму гу лъитауэ къы­щIэкIынущ. Къапщтэмэ, абы мыпхуэдэ зэщхьыныгъэхэр къигъэлъэгъуащ: япэрауэ, Парис Менелай и къалэм къыщыху­-     тащ, Троя икIри, шэрджэс щIалэ ябгэ Дэджыхи тенджыз Iуфэм Iут Щэхъэр къалэм кIуащ. Хъыбарым къызэрыхэщымкIэ, ар иджырей Истамбыл пэжыжьэ­тэкъым. Мыбдеж къыщыдгъэ­лъэгъуэн хуейщ пасэрей Троя къы­щIэнахэм Енышехир тырку къалэ цIыкIур - КъалэщIэр - зэры­пэгъунэгъури. Иужьрейм дигу къегъэкIыж щIэрыщIэу яухуа Илион къалэр, Македонский Александррэ Цезарь Юлийрэ я лъэхъэнэм зэфIагъэувэжа Троя быдапIэщIэр. ЕтIуанэрауэ, адыгэ бзылъхугъэ Сэтэней - ­Гуащэ ап­хуэдэу хьэщIагъэ ирихыу Дэ­джых ирегъэблагъэ и лIыр щы­мыIэу, мис а алыдж Еленэ и лIыр Крит хытIыгум зэрыкIуам хуэдэ дыдэу къэту. Ещанэрауэ, Дэ­джыхи Париси хьэщIагъэм и хабзэр къызэпауд: Дэджых ­Гуащэр едыгъу и унэIу­тым и ­гъу­сэу тенджызым зыщигъэпс­кIым щы­гъуэ, алыдж Елени тенджыз Iуфэм щадыгъуауэ щытащ, Вак и цIэкIэ былым щиукIым щыгъуэ. «Илиадэм» теп­щIыхьмэ, иужь­рейм езым зригъэдыгъуащ, и унэIут Афродитэ къигъапцIэри. ЕплIанэрауэ, шэр­джэсыпщ Зан Къарэбатыр щIэпхъуэжа и фызыр къилъы­хъуэну йожьэ. Щимыгъуэтыжым лIыжь Iущым, и адэм, и Быфы­къуэадэм и деж макIуэ. Иужь­рейм къыжреIэ и фызыр хамэ щIыналъэхэм къыщилъыхъуэн хуейуэ. Менелаи макIуэ Пилос къалэ щыпсэу лIыжь Iущ Нестор и деж икIи абы йолъэIу чэнджэщыфI къритыну. Етхуанэ­рауэ, Къарэбатыр и ныбжьэгъу­жьым дигу къегъэ­кIыж «Одиссея» хэт Метор. Зан Къарэбатыр и гъусэм чэнджэщ кърет щIэп­хъуэжа и фызыр къы­зэри­лъы­хъуэну щIы­кIэмкIэ. Еха­нэрауэ, Гомер и поэмэми япэ­щIыкIэ Одиссей факъырэу зы­къехуапэ, езым и бий Троя и тIасхъэр зригъэщIэн мурадкIэ. ИужькIэ, За­ным хуэдэу, Афинэ Тхьэм Одиссей ­къамыцIыхун хуэдэу факъырэ ды­дэм ещхь щещI. Гомер и деж дыкъыщоджэ: 
«Зевс ипхъу тхьэIухуд Афинэ …
Абы щIопщкIэ еIусащ.
ЗанщIэу и Iэпкълъэпкъыр
жэщIащ, и фэхэр зэлъащ,
И щхьэм текIуэдыкIащ
щхьэц фIыцIэ кIырхэр
ЛIыжь лъэрымыхьуи занщIэ
къыщIидзащ».
ЩIэпхъуэжа и фызыр къыщилъыхъуэм, Къарэбатыри факъырэу зыкъихуэпащ, апхуэдэ мурадкIэ ар къалэм кIуэри ­хъуржынитI, щыгъын фаджэхэр, ­хьэ­хэм зэрызащихъумэну баш ­къыщигъуэтащ. Апхуэдэ щIы­кIэ­кIэ щIалэ пкъыфIэр факъырэ дыдэу блэкIхэм елъэIуу къыщIи­дзыжащ.
Лопатинский Л. Г. тэмэму гу зэрылъитащи, адыгэ IуэрыIуа­тэм и етIуанэ Iыхьэм, Бэрэхъун зэкъуэшхэм я шыпхъу цIыхубз пелуаным теухуам дигу къегъэкIыж Одиссей феакхэм я хытIыгум кIуэуэ Алкиной пащ­тыхьым и деж зэрыщыхьэ­щIар. Япэрауэ, Бэрэхъун зэ­къуэшхэм я хытIыгур абыхэм я шыпхъур щхьэгъусэу къишэн ­папщIэ Зан Къарэбатыр здэкIуа хытIыгум ирегъапщэ. ЕтIуанэрауэ, Алкиной пащты­хьым Одиссей пщIэ­шхуэ къыхуи­щIу ирегъэблагъэ, абы фадэ Iэнэ къыхуегъэув, уэрэджы­Iа­кIуэм унафэ хуещI хьэщIэм уэрэд жриIэурэ и нэгу зригъэу­жьыну. Гомер и поэмэми дыщ­рохьэлIэ: «Си блыгущIэтхэм сы­ныволъэIу си унэшхуэм хамэ щIыпIэ къикIа цIыхур си ­гъусэу зэрыхуэфащэкIэ щывгъэлъэпIэну».
«Фэ псоми сыныволъэIу, икIи фымыгъэзэщIэнуи фыхуиткъым: апхуэдэу фыкъеджэ уэрэд­жыIакIуэ Демодок. Ар ­Тхьэ­хэм уэрэдым къыхуа­гъэ­щIащ. 
Абы и макъ дахэм уи гущIэр ­къеIэт».
Адыгэ хъыбарми къыщыгъэлъэгъуащ Бэрэхъун зэкъуэш­хэр Занэм гуапэу къызэрыIущIар. ЕтIуанэ пщэдджыжьырщ зи­щIысымкIэ къыздикIамкIэ къыщеупщIар. Фигу къэдгъэ­кIы­жынщи, апхуэдэ дыдэу Ал­кинои Одиссей еупщIауэ щытащ. Гомер и эпосым Алкиной хьэщIэм къыхуиIэта фадэ Iэнэ зыпэ­рысым Одиссей къыщоупщI: 
«Уи цIэр къызжеIэ, уи адэри,
уи анэри, нэгъуэщIхэри,
Уэ укъыздикIа лъахэм
къызэ­рыщоджэм
сыщыгъэгъуазэ».
ДжэгуакIуэм Бэрэхъунхэ я унэм Iэпэпшынэр игъабзэу уэ­-рэд щыжиIэм Занэм и нэпсхэр къыфIекIуащ, и блэкIар игу къэкIыжри. Апхуэдэ дыдэу уэрэд­жыIакIуэ Демодок Алки­-ной и унэ уардэм Троя къыщащтэм Одиссей зэрихьа лIыгъэ­хэр ягу къигъэкIыжу уэрэд щыжиIащ: 
«…ПхужымыIэну къэпIейтеят
Одиссей, абы и нэхэм нэпсхэр
щIэз хъуащ.
ИтIанэ Алкиной Одиссей
жреIэ:
«КъызжеIэ, сыт уэ апхуэдизу ущIэгъыр? Сыт апхуэдизу ущIэ­нэщхъейр?».
Данайхэр зэрызэуам, Троя зэ­рыхэкIуэдам теухуа хъыбархэм уодаIуэ».
Апхуэдэ дыдэу джэгуакIуэм и уэрэдыр Занэм къызэрытехьэ­лъэм Бэрэхъун зэкъуэшхэм гу лъата иужь, зэпеуэхэмкIэ, джэгухэмкIэ абы и нэгу зрагъэужьыну мурад ящIащ. Апхуэдэ дыдэу Алкинои Одисеей зэрыгъыр илъэгъуа нэужь: 
«Пащтыхь Алкиной а нэпсхэм гу лъитащ икIи къыгурыIуащ ар щIэгъыр.
Одиссей и гъунэгъуу щысти, абы зэхихырт хьэщIэр хьэлъэу зэрыщатэр».
Апхуэдэу щыхъум, абы жеIэ: «И чэзу хъуащ дэ дыкIуэу цIы­хухъу­хэм я лIыгъэ къэдгъэлъэ­гъуэну, и унэм кIуэжмэ, ди хьэ­щIэм дэ тхузэфIэкIыр яжриIэ­жын хуэдэу едгъэлъагъуну. Дэ Iэпщэ­ры­зауэм, лъэн-къэжы­хьы­ным ды­зэрыхуэIэзэр и нэгу щIэдгъэкIыну».
Бэрэхъун зэкъуэшхэмрэ Алкиной пащтыхьымрэ зэхаубла джэгухэм Занри Одиссеи хэтакъым, арщхьэкIэ икIэм-икIэжым ахэр яхэмыхьэу хъуакъым мывэ дзынымкIэ зэпеуэхэм. 
Адыгэ хъыбарым зэрыжиIэмкIэ, Заным зэпеуэр зэрекIуэкIым кIэлъыплъащ псалъэмакъын­шэу. Ар щалъагъум, къызэхуэсахэм абы мыпхуэдэ псалъэхэмкIэ зыхуагъэзащ: «ХьэщIэ лъапIэ!  Уэ ухуеякъым ди джэгухэм ухэ­тын. Иджы мывэхэр бдзынщи, уи къарур къэбгъэлъа­гъуэнщ!»
Занэм епIэщIэкIыу жэуап яритащ: «Сэ фэ псоми къысхуэвгъэувыр сымыгъэзащIэу хъурэ! Сэ сыхьэзырщ мывэ дзынымкIэ си зэфIэкIыр утыку къислъхьэну!» Зан Къарэбатыр мывэ хьэ­лъэ къиIэтри, хуэдищкIэ нэхъ жыжьэ идзащ, адрейхэм ефIэ­кIыу. Псоми ялъэгъуар телъы­джэ ящыхъуащ.
Гомер и эпосми дыкъыщоджэ:
«Къищтащ мывэ - ар феакхэм
ядзахэм нэхърэ
Нэхъ хьэлъэт икIи, и Iэхэр
щIиупскIэри,
Одиссей мывэр идзащ, и
къарур къигъэсэбэпри;
Мывэр вууэ лъэтащ, цIыху псоми я щхьэхэм щхьэпрылъэты-кIыу
Тенджызхэр къэзыгъэIурыщIэ феак хахуэхэр
Щхьэщэ ящIыу етIысэхащ, езыр мывэ идзар зэрылъатэм кIэлъыплъырт…»
ИужькIэ къыщыгъэлъэгъуащ Одиссей мывэр псом нэхърэ нэхъ жыжьэ зэридзар.
НаIуэу зэрыщытщи, адыгэ хъыбарми Гомер и эпосми дэ зэщхь куэд дыщрохьэлIэ, арщ­хьэкIэ къэдгъэлъэгъуэн хуейщ абыхэм ещхь IуэрыIуатэ славянхэми, нэмыцэхэми нэгъуэщI лъэпкъхэми зэраIэр.
Миллер В. Ф. къыхигъэщхьэхукIырт Еленэ Дахащэм и цIэм урыс таурыхъ куэдым узэрыщрихьэлIэр, ар кхъухькIэ зэрады­гъуар Соломон теухуа таурыхъ Iэджэми зэрыхэтыр. Псалъэм и хьэтыркIэ, Китоврас Волхв пщэ­рылъ щищIат Соломон и фызыр идыгъуну. Иужьрейр и ныб­жьэгъу­хэр и гъусэу Иерусалим Iухьащ, сату ищIын хуэдэу. Ап­хуэдэ щIыкIэкIи Соломон и фызыр идыгъуащ. Апхуэдэу дыдэу еджагъэшхуэм жеIэ апхуэдэ хъыбархэр югослав, урыс, болгар IуэрыIуатэхэми хыхьауэ.
Апхуэдэ дыдэу «Гуащэ дахащэмрэ цIыхубз пелуанымрэ» адыгэ хъыбарым жеIэ:
«Уегуп­сыс зэрыхъунумкIэ Кавказыр и лъапсэу къыщIэкIынущ «Одиссея» дызыщрихьэлIэ уэ­рэди­тIым. Нэхъ тэмэму жыпIэмэ ахэр япэджэжу къыщIэкIынущ а уэрэдхэр иужькIэ «Одиссеям» хагъэхьауэ. Мы зэманым дэ ­хьэкъ тщыхъуащ «Одиссея» поэ­мэр хъыбар щхьэхуэ-щхьэ­хуэ­-хэм къыхахыу зэрашэлIа хъыбархэу зэрыщытыр. ИкIи а псори Одиссей и цIэм ирапхащ».
Абы и псалъэхэм ятепщIыхьмэ, адыгэхэм я дежщ, иужькIэ урыс­хэм я деж нэса а хъыбархэр, ­къыщежьар.
Пасэрей журтхэм, нэмыцэхэм, болгархэм, чеххэм я гугъу пщIы­мэ, ахэр хьэтхэр щыпсэуа Азие ЦIыкIукIэ къикIыу абыхэм я деж нэсауэ хуэбгъэфащэ хъунущ. Инджылми къыхощ хьэтхэр мис а Палестинэ дыдэм щыпсэу ­журтхэм быдэу япыщIауэ щы­тауэ. Уеб­лэмэ, Соломон и фызхэр хьэтхэм щыщт.
Библием къыхощ, Авраам Палестинэ иса хьэтхэм я деж щIыналъэ къыщищэхуауэ.
Иджы «Зевс къызэралъхуар» пасэрей алыдж IуэрыIуатэмрэ «Бадынокъуэ и сабиигъуэр»    нарт хъыбарымрэ зэдгъэп­-щэнщ. Зевс и адэ Крон езым и бын­хэм ящышынэрт къызэрыIэ-ту къулыкъур трахынкIэ, нэ­гъуэщIу жыпIэмэ, и адэ Уран зэгуэр иращIар къращIэжынкIэ. Абы къы­хуалъху бын псори гущIэ­гъуншэу ишхырт. И щхьэ­гъусэ Рея хуеякъым иужьрей ­сабийр фIэкIуэ­дыну икIи и адэ-анэм я чэн­джэщкIэ Крит хытIыгум кIуэри абы и ­бгъуэнщIагъ куу­хэм ящыщ зым и къуэ нэхъыщIэ Зевс къыщилъ­хуащ. Рея и къуэр и лIым щибзыщIащ икIи абы и пIэкIэ хъыдан жэрумэм кIуэцIы­шыхьа мывэ кIыхь иш­хыну иритащ. Зевс зыгъэсар нимф­хэрщ - Адрастаярэ Идея-рэ. ­Балигъ хъуа иужь, Зевс и адэм пэуващ икIи ипэкIэ ишха сабий псори ­къигъэпсэужыну ириху­лIащ.
Абы щыгъуэми, Бадынокъуэ и сабиигъуэм теухуа хъыбарым щыжеIэ нарт Лъэбыцэжьей Ба­дын и фызыр уэндэгъу зэры­хъуар зэрилъэгъуар. Ар егупсысащ: Бадын къуэ къыхуалъхумэ, ар и адэм пэувыжыну. Арати, Лъэ­быцэжьей щIалэ цIыкIур ­иу­кIыну мурад ищIащ. Абы Ха­сэм щыжиIащ гъащIэм и Тхьэ Псатхьэ и деж иджыблагъэ зэ­ры­щы­Iар икIи зы цIыхубз гуэрым и ны­бэм илъ сабийр щIалэ цIыкIуу къыщIэкIмэ, абы джатэ къищтэу нарт псори зэрытриукIэну къызэ­рыжриIар. Лъэ­бы­цэ­жьей щIи­гъужащ а цIыхубзыр Бадын и щхьэгъусэр зэрыарар. Абы жи­Iащ: «Дэ сабий къалъ­хуа­гъащIэр дымыукIмэ, нартхэр ­дунейм те­кIуэдыкIынущ». ИкIэм-икIэжым Хасэм унафэ къыщащтащ къы­зэралъхуу сабийр яу­кIыну. Бынжэр пызупщIа Уэр­сэрыжь къа­дэIэпыкъури, нартхэм сабий ­къалъхуагъащIэр ­ядыгъуащ. Арщ­хьэкIэ ялъэгъуа иужь ар ­нартхэм яфIэгуэныхь ­хъуащ. Лъэбыцэжьей химы­щIыкIыу щIа­лэ цIыкIур псэууэ къызэтра­нэну мурад ящIащ. Абыхэм сабий къалъхуагъа­щIэр, жыгейм къы­хэщIыкIа Iэжьэм иралъ­хьэри, аузым къыданащ. ИтIанэ Лъэбыцэжьей жра­Iащ и унафэр ягъэзэщIауэ - сабийр яукIауэ. ЩIалэ цIыкIур къи­гъуэтащ нартхэ я къазыхъуэ фызыжьым. Куэдрэ лъыхъуа иужь, Бадын и фызым а фызы­жьым деж и къуэр къы­щи­гъуэ­тыжащ, ауэ ар езым и лIым щибзыщIащ. Бзылъхугъэм и лъэIу­кIэ щIалэ цIыкIур щэхуу лIыжь­хэм щIыунэм щапIащ.
Щауей къызэралъхуам теухуа хъыбарыр Зевс къызэралъхуам теухуауэ IуэрыIуатэм жиIэм нэхъ пэгъунэгъужщ. Псалъэм и хьэ­тыркIэ, абы къыщыгъэлъэгъуащ Къанж и щхьэгъусэ иныжьып­хъур илъэс къэс лъхуэуэ зэры­щытар, ауэ къилъхуар занщIэу ишхыжырт.
Арати, Къанж езыр зыгъэса Сэтэней и деж кIуэри, хуиIуэтащ   и фызым ищIэр.
- Хъунщ, - жиIащ Сэтэней. - Уи фызым и лъхуэгъуэ къэсмэ, сэ хъыбар сыгъащIи, сыкъэкIуэнщ.
ПIалъэр къэса иужь, Къанж Сэтэней хъыбар иригъэщIащ.
Абы Къанж унафэ хуищIащ хьэпшыр цIыкIу къыхуихьыну. Ар IэлъэщIкIэ щIэуфауэ иIыгъыу Къанж езыр и фызым деж ­кIуащ. Иныжьыпхъур щылъхуэну зэманыр къэсыным пэплъэрт.
- Сэ уэ уезгъэсэнщ нэхъ тыншу узэрылъхуэным, - жиIащ Сэтэней. - Унащхьэм дэкIуеи уэнжакъым тетIысхьэ, абы утесу улъ­хуэмэ нэхъ утыншынущ. 
Иныжьыпхъум апхуэдэу ищIащ. Езы Сэтэней и щIагъым къыщыуващ, сабийр къехуэхмэ къипхъуэтэну. Сэтэней ар къи­убд­ри, и кIэпхыным кIуэцIишы­хьащ. Хьэпшырыр щIалэ цIы-кIум и пIэкIэ жьэгум къыдинэ­ри, езыр щIэпхъуэжащ. Унащхьэм къежэхыжри, иныжьыпхъум хьэп­шырыр къиубыдащ ишхыну, арщ­хьэкIэ мыдрейр къедзэ­къащ. Ар и сабийр зэрыармырар къыгурыIуа нэужь, иныжьып­хъур ­Сэтэней кIэлъыпхъэращ, ауэ ­игъуэтакъым.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.