Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и къудамэ Шууей Хасэм щыщ гупышхуэ мэкъуауэгъуэм и 16-м Ингуш Республикэм хыхьэ Сунжэ къалэм щыIащ.
Адыгэ фащэ екIухэмкIэ зэщыхуэпыкIа, зи бжыгъэр 50-м нэблагъэ щIалэхэмрэ абыхэм ящIыгъуа пщащэхэмрэ ирагъэблэгъащ УФ-м и МВД-м Назрань къалэм щиIэ и управленэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ, полковник Цечоев Нухь и унагъуэм щыщхэм, и гъунэгъухэм, и Iыхьлыхэм.
ЗекIуэ зэдежьахэм гуапэу къащыпежьащ Назрань, Сунжэ къалэхэм я гъунапкъэм и деж. Адыгэ ныпымрэ Ингушым я бэракъымрэ яIыгъыу, къафэрэ джэгуу къаIущIащ бысым-хэр. Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэм, и къуажэ зыбжанэм икIыу а республикэм къыщыхута ди щIалэхэмрэ пщащэхэмрэ къызэранэкIа гъуэгум гугъу зэрыщехьа тIэкIур зэращигъэгъупщэжам шэч къытепхьэжынутэкъым, зэIущIахэр апхуэдизу зэрызэщыгуфIыкIар, зэрызэхуэгушхуэр плъэгъуа иужькIэ.
Сунжэ къалэм и уэрамхэм ящыщ зым тет уней лъапсэм цIыхуи 100-м щIигъу я хьэщIэхэмрэ я Iыхьлыхэм- рэ дызэрыщрагъэблэгъэфар гъэщIэгъуэнт, ауэ, итIани, тхужыIэнущ дэ тщыщу зыри гулъытэншэу къызэрамыгъэнар. Бысым нэхъыжьхэм Къэбэрдейм, зэрыщыту къатщтэмэ, адыгэхэм псалъэ гуапэ куэд къытхужаIащ, ди адэжьхэм я зэхуаку дэлъа зэныбжьэгъугъэм дяпэкIи пыщэн зэрыхуейр лъэныкъуитIми къыхагъэщащ.
Къэбэрдей Шууей Хасэм и тхьэмадэ Къудей Аслъэн унагъуэр зей Цечоев Нухь ди гупым къыбгъэдэ-кIыу тыгъэ хуищIащ - зи сампIалъэр дыжьын тхыпхъэщIыпхъэхэмкIэ гъэщIэрэщIа къамэ телъыджэ, щIакIуэрэ абы дэхъун щхьэрхъуэнрэ. Къыхэгъэщыпхъэщ, бысымхэри къызэримыкIуэтар, уеблэмэ, къытхуемыбжэкIми, кIуахэм нэхъыбэжкIэ къазэрыхуэупсар.
Мыри къыжыIэпхъэщ. Иджырей зекIуэм ипэкIи Шууей Хасэм хэтхэр 2018 гъэм и фокIадэ мазэм а республикэм ирагъэблэгъат. Абы щыгъуэ шууейхэм хьэщIагъэ къезыхар Троицкэ къуажэм дэс нэхъыжьыфI Нальгиев Хъусенрэ абы и Iыхьлыхэмрэт.
Тхыгъэри сурэтри