Австрием и Тироль щIыналъэм.

«Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» АО-м и пресс-IуэхущIапIэм хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, Австрием и Тироль щIыналъэм и Инсбрук зыгъэпсэхупIэм мэкъуауэгъуэм и 12 - 14-хэм щекIуэкIащ «Урысей-Тироль саммит» зыфIаща япэ зэIущIэ. Властым щыщхэр, бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэм я тхьэмадэхэр, тур­операторхэр, масс-медиа унэтIыныгъэм и лIыкIуэхэр зыхэта зэхуэсыр къызэзыгъэпэщар Тироль щIыналъэм ТуризмэмкIэ и советырщ. Абдежым къыщызэхуэсахэм «Кав­каз Ищхъэрэм и курортхэр» ­АО-м и унафэщI ТIымыжь Хьэсэн яригъэлъэгъуащ езыр зи тхьэмадэ IуэхущIапIэм щызэхагъэува, Кавказ Ищхъэрэм турист кърагъэблэгъэфын и лъэныкъуэкIэ я зэфIэкIыр зыхуэдэр зыгъэнаIуэ проектыр.
Саммитым щызэрихьэлIахэм я гугъу ящIащ зыщыщ турист щIыналъэхэр зэпыщIэнымкIэ, зэдэлэжьэ­нымкIэ щыIэ Iэмалхэмрэ хэкIыпIэ­хэмрэ, я зыужьыныгъэм зэщхьу халъа­гъуэхэм, нэгъуэщIхэми.
ТIымыжь Хьэсэн жиIам тепщIыхь­мэ, нэгъуэщI къэралхэм «бгы-лыжэ» унэтIыныгъэм пыщIауэ щыIэ IуэхущIа­пIэхэм запыщIэным, ядэлэжьэным «Кавказ Ищхъэрэм и курортхэр» ­АО-м и унафэщIхэм гулъытэ хэха хуащI.
«Дызэрыт лъэхъэнэм бгы-лыжэ зыгъэпсэхупIэхэр, псом хуэмыдэжу Урысей Федерацэм итхэр, зыр адрейм и ныкъуэкъуэгъуу къэтлъытэнкIэ Iэмал зимыIэщ. Сыту жыпIэмэ, дэ псори дыхуэныкъуэщ, цIыху нэхъыбэ къурш­хэм дедгъэхьэхын, къитшэн папщIэ, къэдгъэлъагъуэ зыгъэпсэхукIэм пы­щIа щэнхабзэм, Iуэху бгъэдыхьэ­кIэхэм нэхъри зэрызедгъэубгъун, зэ­ры­зедгъэужьын Iэмалхэр къэгъуэ­тыным. Ауэ щыхъукIи, а зи гугъу ­сщIахэр къыдэхъулIэмэ, дэтхэнэми ди­Iэ­нущ дызыпэплъэ, дызыщыгугъ щIэупщIи ехъулIэныгъи», - къыхи­гъэбелджылыкIащ ТIымыжь Хьэсэн.
«Зым адрейм зэрызыщIигъэ­къуэ­фын унэтIыныгъэхэм ящыщу схужы­Iэнущ спорт зэхьэзэхуэхэр къуршхэм зэгъусэу къыщызэгъэпэщыныр, псоми ди зыужьыныгъэм ехьэлIа про­граммэхэр зэхэгъэувэныр, ски-пас­схэр зэщхьу гъэхьэзырыныр, цIыху­хэм дазэрыдэлажьэ, щэнхабзэм и ­Iэмал нэхъ дахэхэмкIэ, удэзыхьэххэмкIэ зэхъуэжэныр, зыгъэпсэхуакIуэхэр зыхуэныкъуэр щIыпIэдэлъху лъэпкъхэм ижькIэрэ къыддекIуэкI хьэщIагъэм епхыныр, нэгъуэщIхэри», - ды­щIи­гъужащ «Кавказ Ищхъэрэм и ­курортхэр» АО-м и тхьэмадэм.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.