Псыдзэм гузэвэгъуэхэр къимыхьын папщIэГъэ кIуам и бжьыхьэ лъандэрэ Тырныауз къалэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Бахъсэн псым и жапIэр зэтес щIыным, ятIэпсхэр нэхъ къыщрихьэх щIыпIэм хуэзэу щаухуауэ щыта бетон кхъуафэр гъэкъэбзэным хуэгъэзауэ. 2017 гъэм шыщхьэуIум и 14 - 15-хэм бгым кърихьэхауэ щыта ятIэмрэ мывэмрэ Бахъсэн псыр IуищIауэ щытащ. Абы щыгъуэ псыдзэр къыздрикIуэн хуей бетон хьэкхъуафэри ятIэм икудат. Абы къыхэкIыу мы Iуэхум къаруушхуэ ирахьэлIащ. Иджыпсту техникэ зэмылIэужьыгъуэу 18-м нэблагъэ щолажьэ Герхожан, Бахъсэн псыхэр щызэхэхуэжым деж. А псыхэм я лъэгухэр зэрагъэкъабзэм къыдэкIуэу, щIыпIэ щхьэхуэхэм деж псы Iуфэхэр щагъэбыдэ. Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэр нагъэблэгъащ. Нобэми мы Iуэхум йолэжь экскаватору 4, абыхэм кърах ятIэмрэ мывэмрэ Iузыш автомашинэу 10. Герхожан псыщхьэм и щытыкIэм зэпымыууэ кIэлъоплъ Къурш геофизикэ институтым, МЧС-м я IэщIагъэлIхэр, Iуащхьэмахуэ районымрэ Тырныауз къалэмрэ я администрацэхэм я лэжьакIуэхэр зыхэт гуп.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|