Жэрдэм къыхэзылъхьар.

КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым гуфIэгъуэ зэIущIэ иджыблагъэ къыщызэрагъэпэщащ. ЕджапIэ нэхъы­щ­хьэм и пресс-IэнатIэм и лэжьакIуэ КIурашын Заремэ хъыбар къызэрыдигъэщIамкIэ, ар теухуауэ щытащ Урысей хьэ­рычэтыщIэ IэнатIэм и тхыдэмкIэ екIуэкIа къэралпсо олимпиадэм щытекIуахэр гъэпэжэным.

Ди республикэм  и курыт школхэм я еджакIуэ нэхъыжьхэмрэ университетым и студентхэмрэ жыджэру зыхэта олимпиадэр  егъэкIуэкIынымкIэ жэрдэм къыхэзылъхьар «Iуэху щащIэ Урысей» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэмрэ Урысей тхыдэ зэгухьэ­ныгъэмрэщ. Псори зэхэту зэпеуэм я зэ­фIэкIхэр щагъэлъэгъуащ цIыхуи 120-м щIигъум. Абыхэм ящыщу нэхъ къыхэжаныкIахэм  гуфIэгъуэ зэхуэсым щратащ щIыхь тхылъхэмрэ сертификатхэмрэ. Абыхэм щIыгъуащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и хьэ­ры­чэтыщIэхэм къабгъэдэкI ахъшэ саугъэтхэри.
КъБР-м ЗыужьыныгъэмкIэ и центрым и унафэщI Мусей Ларисэ олимпиадэм щытекIуахэм ящыщу ныбжьыщIи 8-м яритащ шахмат джэгунымрэ каллиграфиемрэ пщIэншэу зэрыхуагъэсэным щыхьэт техъуэ сертификат.  БзэхэмкIэ клубым и унафэщI Елгъэр Ланэ, Сабийхэм я творческэ зэ­фIэкIым зыщрагъэужь центрым и пашэ Овдиенкэ Юлие сыми къабгъэдэкI тыгъэ ­гуапэхэр  ялъысащ олимпиадэм къыхэжаныкIа ныбжьыщIэ зыбжанэм. Къи­щынэмыщIауэ,  ахэр ирагъэблэгъащ Овдиенкэ Юлие къызэригъэпэща арт-пшыхь цIыкIум. «Cook Talk»& пщэфIапIэ мастерскойм и унафэщI Юсубов Амир зэпеуэм щытекIуа Тэнащ Тинэ иритащ зи пашэ IуэхущIапIэм щекIуэкIыну мастер-классым хэтыну зэрыригъэблагъэм щыхьэт техъуэ тхылъ.
Олимпиадэр къызэзыгъэпэщахэм къабгъэдэкI фIыщIэ тхылъхэр хуагъэфэщащ КъБКъМУ-м и ректор Апажэ Аслъэн, университетым и егъэджакIуэхэу Трамэ Азизэ, Тагузлоев Аслъэн, Зумакуловэ ФатIимэт, Ло Анзор сымэ.

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.