Илъэситхум къриубыдэу зэфIагъэкIахэр.

КъБР-м и Парламентым и зи чэзу зэIущIэр мэкъуауэгъуэм и 7-м зэхэтащ. Ар иригъэ­кIуэкIащ республикэм и хабзэубзыху орган нэхъыщхьэм и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу КИФЩI-м щыIэм и аппаратым Къэбэрдей-Балъкъэрым къегъэщIы­лIа и федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений, УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым Фе­дерацэмкIэ и Советым хэт Ульбашев Мухьэрбий, УФ-м и Къэрал Думэм и депутат Геккиев Заур, КъБР-м и Правительствэм щыщхэр.
Депутатхэм яубзыхуащ КъБР-м и Парламентым и еханэ зэхыхьэгъуэр щыхахыну махуэр. Ар зэдэарэзыуэ траухуащ 2019 гъэм фокIадэм и 8-м.
ЗэIущIэм етIуанэ еджэгъуэу къыщащтащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ ФIэкIыпIэ зимыIэ медицинэ страхованэм и щIыналъэ фондым­рэ я бюджетхэр 2018 гъэм зэрагъэзэщIам теу­хуа законхэм я проектхэр.
Апхуэдэуи депутатхэр арэзы техъуащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и къэрал мылъкур уней щIыным и IуэхукIэ» КъБР-м и Законым и 13-нэ Iыхьэм, Къэбэрдей-Балъкъэ­рым цIыхур псэун папщIэ нэхъ мащIэ ды дэу зы­щыхуейм теухуауэ КъБР-м и Законым     и 4-нэ Iыхьэм зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъхьэ-ным ехьэ­лIа законопроектхэм.
«Хабзэхэр къызэпемыгъэудыным ехьэлIа лэ­жьыгъэхэр къызэрызэрагъэпэщым теу­хуауэ» Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и законым и проектым щытепсэлъыхьым, ­КъБР-м и Парламентым Законым тетынымрэ хабзэр хъумэнымкIэ и комитетым и унафэщI Кривко Михаил жиIащ утыку кърахьа дэф­тэ­рым хабзэр къызэпамыудынымкIэ лэжьыгъэ пы­у­хыкIахэр зыунэтIыну IэнатIэ къызэрагъэ­пэ­щыну къызэрыщыхалъхьэр
Депутатхэм даIыгъащ «Урысей Федерацэм Административнэ хабзэхэр къызэпемыгъэу­дынымкIэ и кодексым зэхъуэкIыныгъэхэр хэлъ­хьэным теухуауэ» федеральнэ законым и проектыр УФ-м и Къэрал Думэм ягъэхьын жэрдэмыр.
ЗэIущIэм щедэIуащ КъБР-м и Правительст­вэм 2018 гъэм зэфIигъэкIахэм ятеухуауэ республикэм и Премьер-министр Мусуков Алий ищIа докладым.
И къэпсэлъэныгъэм и пэщIэдзэм Мусуковым жиIащ КъБР-м и Правительствэмрэ ­КъБР-м и Парламентым и етхуанэ хэхыгъуэм хэтхэмрэ зэрызэдэлажьэрэ мы гъэм илъэситху зэрырикъур икIи а пIалъэм ахэр зыхунэсахэр и докладым къыщызэщIригъэубыдэмэ, нэхъ тэмэму къызэрилъытэр.

Абы жиIащ 2018 гъэм щIыналъэм къыщалэжьар сом меларди 140,7-рэ зэры­хъур, иужьрей илъэситхум ар сом мелард 24-м нэблагъэкIэ нэхъыбэ зэрыхъуар. Ар зи фIыгъэр республикэм и промышленностым, мэкъумэш IэнатIэм, ухуэныгъэм, хьэрычэт Iуэху мыинхэм зэрызаужьырщ.
- Промышленностым 2018 гъэм къыщIигъэкIар къэралым и адрей щIыналъэхэм ику иту щахузэфIэкIам нэхърэ нэхъ мащIэщ икIи зэрыхъур процент 93-рэщ. Ауэ унэтIыныгъэ куэдымкIэ хэхъуэ диIащ. Псалъэм папщIэ, щIым къыщIах хъугъуэфIыгъуэхэмкIэ проценти 127,4-м дынэсащ, псыкIэ къызэгъэпэщынымкIэ, кIэрыху­бжьэрыхухэр дэшынымрэ къабзэныгъэмрэ  ехьэлIа лэжьыгъэу зэфIагъэкIар проценти 105-м нэсащ. 2019 гъэр къызэрихьэрэ щытыкIэр нэхъыфI тщIыжащ икIи мазиплIым къриубыдэу промышленностым къыщIигъэкIыр проценти 108,7-м нэдгъэсыжащ, - жиIащ къэпсэлъам. - Илъэситхум и кIуэцIкIэ щIыналъэм езым къыщIигъэкIамрэ Iуэхутхьэбзэу зэфIихамрэ къапэкIуащ сом мелард 200-м нэблагъэ. Апхуэдэуи зи гугъу тщIы пIалъэм къриубыдэу республикэм щагъэзэщIащ проект 13, псоми зэхэту сом меларди 5 къызэщIиубыдэу.
Мусуков Алий я ехъулIэныгъэ нэхъ инхэм ящыщу къигъэлъэгъуащ Тырныауз комбинатым и лэжьыгъэр зэтраухуэжын папщIэ, вольфрамрэ молибденрэ къы­щIахыну хуит зыщI тхылъыр къызэрыдахар икIи IуэхущIапIэр зэраутIыпщыным ехьэлIа лэжьыгъэхэм мы зэманым яужь зэритыр. Апхуэдэуи республикэ уна­фэщIхэм мыхьэнэшхуэ ират «Кавказ ­Ищхъэрэм и зыгъэпсэхупIэхэр» АО-мрэ «ПОМА» франджы IуэхущIапIэмрэ зэращIылIа зэгурыIуэныгъэм ипкъ иткIэ кIапсэ гъуэгухэр къыщIэгъэкIыным зэрелэжьынум (ар Май районым къыщызэрагъэпэщыну траухуэ), республикэм къыщалэжь электрокъарур езым къигъэсэ­бэпыжыным теухуауэ «Русгидро»-м иубзыхуа лэжьыгъэхэм. КъищынэмыщIауэ, мы гъэм я мурадщ мегаватти 10-м нэс зи лъэщагъыу щытыну Балъкъэр Ищхъэрэ МГЭС-м и ухуэныгъэр зэфIагъэкIыну.
- ЩIыналъэм и мэкъумэш IэнатIэм и гугъу пщIымэ, щIы гектари 100 хуэди­-     зым тещIыхьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым ­мэкъумэшхэкIыу къытрихыр хуэдэ 1,8-кIэ щынэхъыбэщ ику иту Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм къыщрахьэлIэм нэхърэ, къэрал псом еплъытмэ, хуэдищкIэ нэхъыбэщ, - къыхигъэщащ Мусуковым. - Хуэдэ зырэ ныкъуэкIэ хэхъуащ хадэхэкIыу къагъэкIым, пхъэщхьэмыщхьэр - хуэдитI­кIэ. Илъэсым хадэхэкIыу тонн мин 470-рэ, пхъэщхьэмыщхьэу тонн мин 260-рэ республикэм къыщалэжь. Къэбгъэлъа­гъуэмэ, 2018 гъэм мэкъумэш IэнатIэм къыдитащ сом мелард 46,9-рэ и уасэ. Консерв щIынми, гъэш, лы къэлэжьынми зыщеужь Къэбэрдей-Балъкъэрым. Илъэ­сым ику иту лыуэ тонн мини 109-рэ нэхърэ мынэхъ мащIэ, гъэшу тонн мин 480-рэ къыщалэжь. Республикэм хадэхэкI консерву игъэхьэзырымкIэ етIуанэ увыпIэр щиIыгъщ Урысей Федерацэм. Дэ гулъытэ хэха худощI иджырей технологиехэр ­мэ­къумэш IэнатIэм къыщыгъэсэ­бэпы­ным. Илъэситхур къапщтэмэ, абы и лъэныкъуэкIэ мэкъумэшыщIэхэм къэралым защIигъэкъуащ сом меларди 10-рэ мелуан 30-кIэ.
Ухуэныгъэ лэжьыгъэхэм я гугъу щи­щIым, Мусуков Алий жиIащ 2014 гъэм къыщыщIэдзауэ федеральнэ, республикэ, щIыпIэ бюджетхэм къыхэкIа мылъку­кIэ унагъуэщIэ 830-м, Хэку зауэшхуэм и ветеран 50-м, дзэ зэпэщIэтыныгъэхэм хэтахэу, ныкъуэдыкъуэ щыхъуахэу е сабий сымаджэ зиIэхэу унагъуи 132-м я псэукIэр зэрырагъэфIэкIуар. Илъэситхум къриу­быдэу щIыналъэм щаухуащ е щызэрагъэпэщыжащ социальнэ IуэхущIапIэу 1200-м нэблагъэ. Абыхэм яхэтщ узыншагъэр хъумэнымкIэ IэнатIэм и унэ 64-рэ, егъэджэныгъэм епхауэ - 26-рэ, спортым ейуэ - 198-рэ. Илъэситхум ухуэныгъэм псори зэхэту сом мелард 68-рэ трагъэкIуэдащ. Мусуковым зэрыжиIамкIэ, мы гъэм Дзэлыкъуэкъуажэрэ Прохладнэ къалэмрэ Узыншагъэр щрагъэфIакIуэ IуэхущIапIэхэр къыщызэIуахынущ.
ЩIыналъэм и налог хэхъуэхэр илъэситхум процент 37,1-кIэ нэхъыбэ хъуащ икIи абыкIэ УФ-м и щIыналъэхэм я деж республикэм 41-нэ увыпIэр щиIыгъщ. Къэбгъэлъагъуэмэ, нэхъапэкIэ ар 83-нэ увы­пIэм щытащ.
Мусуковыр тепсэлъыхьащ сабий зеиншэхэм я Iуэху зытетми. Абы къызэригъэлъэгъуамкIэ, илъэситхум сабий зеиншэхэмрэ зи адэ-анэ зыщхьэщы­мы­тыжхэмрэ я бжыгъэр нэхъ мащIэ хъуащ цIыху 487-кIэ. 2018 гъэм балигъ ныбжьым нэмысауэ ятха сабии 128-м ящыщу 104-р унагъуэхэм къащтащ.
Къэпсэлъам жиIащ УФ-м и Президентым и накъыгъэ унафэхэм къыщыгъэлъэгъуахэр ягъэзэщIэным хыхьэу, бюджет IэнатIэ Iутхэм я улахуэм хэгъэхъуэнми 2013 гъэм къыщыщIэдзауэ гулъытэ хэха зэрыхуащIар. Апхуэдэу, блэкIа илъэсым республикэм къыщахь улахуэр ику иту сом мин 25-рэ 775-рэ щыхъуащ. Къащэхум и уасэр зэрыдэкIуейр къэлъытауи, улахуэр нэхъыбэ хъуащ процент 11-кIэ.
АдэкIэ КъБР-м и Правительствэр зэ­лэжьынум и гугъу щищIым, Мусуковым жиIащ лъэпкъ проектхэр ягъэзэщIэныр я къалэн нэхъыщхьэхэм зэрыхабжэр. Псалъэм папщIэ, федеральнэ проект 67-м ящыщу Къэбэрдей-Балъкъэрыр 51-м хэтщ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуахэр ягъэ­зэщIэн папщIэ, республикэм къратащ сом меларди 5,4-рэ.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщI ­Егоровэ Татьянэ къыхигъэщащ Мусуковым ищIа докладыр зэрыкупщIафIэр, республикэ унафэщIхэмрэ депутатхэмрэ зэрызэдэлажьэм IуэхуфIхэр къызэрырикIуэр зэрынэрылъагъури дыщIигъуащ.
КъБР-м и Парламентым и гъатхэ лэжьэгъуэр бадзэуэгъуэм и 12-м иухыну трау­хуащ депутатхэм.

БАГЪЭТЫР Луизэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.