ЦIыхубэм я фIыщIэ къэблэжьыну тыншкъым.

УзэщIакIуэ телъыджэ, гупсыса­-кIуэ цIэрыIуэ Къэзанокъуэ Жэба­-гъы и хэкуэгъухэр сытым дежи къыхуриджэрт я къэкIуэнум телэ­жьэнхэу. «Зи къэкIуэнум емыгуп­сысыж лъэпкъым и кIэухыр къэб­лэгъауэ аращ», - жиIэрейт абы. АдыгэлI щэджащэм цIыхухэр хуигъэ­Iущырт лъэпкъ гупсысэр ямыгъэужьыхыну, ар къэзыгъэщIыж бзэм­рэ хабзэмрэ, нэр напIэм зэри­хъумэм хуэдэу, яхъумэну. АбыкIэ IэмалыфIуи къилъытэрт ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъым къыдекIуэкI жылагъуэ зэхэтыкIэ дахэр - Адыгэ Хасэр.

Нобэ зэманыр нэгъуэщIщ. Дунейпсо зэхэтыкIэм и лъапIэныгъэ нэхъыщхьэхэми къудамэбэу заубгъуащ, ауэ кIуэдакъым лъэпкъыр лъэпкъ зыщIыж и нэщэнэхэм, фащэхэм я мыхьэнэр. Уеблэмэ, ахэр къэгъэ­щIэ­рэщIэжыным нэхъ егугъу хъуащ блэкIа лIэщIыгъуэм и 90 гъэхэм къыщыщIэ­дзауэ. Арыншауи хъунукъым, утеплъэкъукIамэ, кIуэ пэтми нэхъ хуабжьу екIэрэхъуэкI дуней шэрхъыжьым тхы­дэм и дурэшым удидзэныр зы бетэмалщ. Дуней псом щикъухьа шэрджэс лъэпкъым апхуэдэ къыщымыщIыным и мэIухущ Адыгэ Хасэр. Нартхэр зэхуэсрэ я лъэпкъ Iуэху щытепсэлъыхьу щыта Хасэм и мы­хьэнэм зимыхъуэжауэ ди зэманым къэсащ. Адыгэхэм я хабзэ дахэр ща­IэщIэхужми, нэхъ тэмэму жыпIэмэ, щыIэщIагъэхужми, нэгъуэщI лъэпкъхэм ар хэт ПарламенткIэ, хэти Думэ­-кIэ, МеджлискIэ, РадэкIэ, ХуралкIэ, н.къ. зэрахъуэкIауэ къагъэсэбэп. Нарт эпосым илъэс мини 6-м нэблагъэ и ныбжьу щIэныгъэлIхэм къыщалъы­тэкIэ, Хасэри апхуэдиз мэхъу. Абы щыхьэт тохъуэ лъэпкъ IуэрыIуа­тэмрэ тхыдэмрэ. Хасэр псом япэ лъэпкъыр зэкъуэзыгъэувэ, абы ифI зыхэлъхэр пхызыгъэкI, и къэкIуэнур зыубзыху, и лъапIэныгъэхэр щIэзыгъэбыдэ зэхыхьэт. Хасэм щызэчэнджэщырт, щызэгурыIуэрти, лъэпкъым нэхъ къыхуэщхьэпэну унафэхэр къыщащтэрт. Ар зэхашэрт пщыхэр щы­хахкIи, лъахэр бийм зэрыщахъумэну щIы­кIэр щаубзыхукIи, гъаблэ е гъей къы­щыхъукIи, фIыщIэ лей адыгэм къы­хуэ­зыхьа лIыхъужьыр щагъэлъапIэкIи, нэгъуэщIхэм дежи. Иджырей демократием и нэщэнэ апхуэдэ зэхыхьэм щызэраухылIэ псалъэр быдэт, хабзэ къалэн игъэзащIэу. Хабзэгъэув Хасэ нэхъыщхьэм XIX лIэщIыгъуэм къэсыху кърагъэб­лагъэу щытар цIэрэ щхьэрэ зиIэ пщыхэрт, я уэркъхэр я гъусэу. Ауэ а лIэщIыгъуэм и етIуанэ Iыхьэм къраджэу хуежьащ цIыхубэм я лIы­кIуэхэри. И зэхэтыкIэкIэ Адыгэ Хасэр инджылыз лордхэм я зэIущIэм хуэбгъадэ хъунут. Апхуэдэу екIуэкIащ урыс пащтыхьым и администрацэ ­хабзэхэр Къэбэрдей щIыналъэм щагъэувыху. Абы и ужькIэ хэку унафэ зыщI, хеящIэ къалэн зыгъэзащIэ зэхыхьэу Хасэр щытыжакъым. И теплъэм зихъуэжами, лъэпкъым къыщхьэщыжын, абы и бзэмрэ и хабзэмрэ хъумэн къалэн иIэу Хасэр къэ­щIэрэщIэжащ. КъыщыщIэрэщIэжари дэнэ жыпIэмэ, - хамэщIырщ. Кавказ зауэжьым и ужькIэ дунейм текъухьа хъуа шэрджэсхэр зэрыгъэгъуэты­жы­ным, зи гур иуда лъэпкъым зыкъегъэщIэжыным хуэунэтIауэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм лэжьыгъэшхуэ зэ­фIа­гъэкIащ. Хэхэс адыгэхэм я япэ щэнхабзэ Хасэр 1899 гъэм Каир къы­щызэрагъэпэщыгъащ, аз-Азхьэр университет цIэрыIуэм щеджэ, щезы­гъаджэ адыгэ щIалэхэр хэту. «Шэрджэс зэгухьэныгъэ Хасэм» къалэн ­нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжырт Мы­сы­рым щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр зэ­шэлIэжыныр, я бзэр, я хабзэр яфIэ­мыкIуэдынымкIэ ядэIэпыкъуныр, щIэб­лэр гъэсэныр, Кавказым, Тыркум ис адыгэхэр зэпыщIэныр, нэгъуэщI­хэри. Абыхэм ящыщ гуэр а зэман ­гугъум лъэпкъым хуэблэжьынми ­лIыгъэшхуэ пылът. И зэфIэкIкIэ Каир Хасэм куэдкIэ щхьэпрыкIыжауэ щытащ Тыркум Iэпхъуа адыгэхэм 1908 гъэм Истамбыл къыщызэIуахауэ щыта «Черкес теаун джемиети» ФIыщIэ Хасэр. Абы бзэр, хабзэр, лъэпкъ тхыдэр сабийхэм щрагъэджыну пэщIэдзэ еджапIи къы­щызэIуахат. А Хасэращ «Гъуазэ» адыгэ газетыр япэу дунейм къытезыгъэхьари.
Истамбыл Хасэмрэ «Гъуазэм» и лэжьакIуэхэмрэ фIыщIэ жыг щIахухэпсэн лэжьыгъэ зэфIагъэкIащ ­хэкур ябгынэу Тыркум адыгэхэр Iэп­хъуэныр къызэтегъэувыIэным, лъэп­къыр щIэныгъэм хуэшэным хуэунэ­тIауэ. А Хасэм и «кIыщым» къыщIэ­кIащ цIыхубэ лэжьакIуэшхуэ, щIэныгъэлI, узэщIакIуэ цIэрыIуэхэр - Цагъуэ Ну­рийрэ НэгъущI СуIэдрэ. Каиррэ Истамбылрэ дэс шэрджэс­хэм я щапхъэм тету Адыгэ ФIыщIэ Хасэхэр къыщызэIуахыгъащ Сириеми (1927 гъэм - КъунейтIрэ; 1948 гъэм - ­Дамаск), Иорданиеми (1932 гъэм - Амман), Израилми (1953 гъэм - Кфар-Камэ), ди лъэпкъэгъухэр нэхъыбэу щыпсэу нэгъуэщI къэралхэми. Хэхэс адыгэхэм я Iуэху дагъэкIыу, я бынхэр лъэпкъ хабзэхэм щIапIыкIыу, бзэм, тхыдэм щыхурагъаджэу Хасэхэр нобэ щолажьэ Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, США-м, Голландием, Инджылызым, Эстонием, Франджым, Австралием, Хьэрып Эмиратхэм. Ахэр еунэтI зи IуэхущIа­-пIэр Налшык дэт Дунейпсо Адыгэ Хасэм. Дэ дызэреплъымкIэ, хэхэс адыгэхэм я Хасэхэм я щапхъэм ­тету, абы ягъэзащIэ къалэным хуэдэ             и пщэ дэлъущ блэкIа лIэщIыгъуэм и             90 гъэхэм я пэщIэдзэм Къэбэрдей­-             ми Хасэр къызэрыщыунэхужар. Япэ илъэсхэм апхуэдэущ зэрыщы­тари. Лъэпкъ интеллигенцэм щыщхэр зэхыхьэурэ дунейм и Iыхьэ ханэр зы­Iыгъ къэралыгъуэшхуэм къыщыхъу ­зэхъуэкIыныгъэхэм зэрахущыт щIы­кIэр, я Iуэху еплъыкIэхэр къыщаIуатэ зэIущIэхэр ирагъэкIуэкIырт. ЩIэныгъэлIхэм, тха­кIуэхэм, журналистхэм, студентхэм, къызэрыгуэкI къулыкъущIэхэм утыку къралъхьэрт лъэпкъ тхыдэм, бзэм, хабзэм, щIыуэпсым пы­щIауэ нэхъ зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэр, абыхэм я зэфIэхыкIэ хъунуми теп­сэ­лъыхьырт. Лъэпкъым и фIыщIэ къэ­зы­лэжьа и цIыхухэр, хамэ хэгъэгу къикIа хьэ­щIэхэр кърагъэблагъэрти, ягъэ­лъапIэрт, я псалъэ гуапэ зэхрагъэ-хырт, езыхэми едаIуэрт. Дэ зи гугъу тщIыр ЕгъэджакIуэм и унэу Налшык дэтым щекIуэкIыу щыта пшыхьхэрщ. Апхуэдэу ежьащ Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэр, иужькIэ и хабзэри, и программэри къащтэу зэгухьэныгъэ теплъэ зыгъуэтар. Къэбэрдей лъэпкъыр абы куэдкIэ щыгугъырт: ди тхыдэм и тэмэмыпIэр убзыхуным, лъэпкъ хабзэр къыдэхыжыным, адыгэ­бзэм хуэфащэ увыпIэ егъэгъуэты­жы­ным, зэманым къыздихьа мыхъумы­щIагъэхэм (фадэм, афияным, щIэп­хъаджащIэ гупхэм) щIэблэр щыхъу­мэным теухуауэ. Апхуэдэ щIыкIэкIэ Адыгэ Хасэр къызэфIэуващ. Абы и псалъэр пхигъэкIыф, цIыхухэр къигъэдэIуэф ­хъуащ. Адыгэм и псэм щигъафIэ гуращэ дахэхэм хуэгъэпса зэщIэхъееныгъэм зиубгъуурэ, ар ди жылагъуэ псоми нэсащ. Хасэм къару зэригъуэтыр зылъэгъуа цIыху зыбгъупщI абы щы­гъуэ утыкуакIуэ хъууэ хуежьащ. ЗэрыжаIэу, цIэи щхьэи ямыIэу, ауэ псори ягъэIущыжыну, «гъуэгу захуэ трагъэувыжыну» хэт гупым, укIы­тэрэ хабзэрэ зыхэлъ, зи гъащIэр лъэпкъ щIэныгъэмрэ щэнхабзэмрэ щхьэузыхь хуэ­зы­щIа нэхъыжьхэр хуэм-хуэмурэ трагъэкIуэтри, бжьыпэр зыIэрагъэхьащ. КIэщIу жыпIэмэ, ижь-ижьыж лъандэрэ адыгэм къыдекIуэкI «Зыгъаси, хасэм кIуэ» псалъэжьыр IэщIыб ящIащ. НэгъуэщIкIэ абы уеджэ хъуну дэ тщIэркъым. Хасэм и унафэщIу ­теувахэм я мурадыр къэнэхуащ, абы и зэхуэсхэм ящыщ зым хабзэр (уста­-выр) щызэрахъуэкIыу политикэ Iуэхум зрата нэужь. Жылагъуэ зэгухьэныгъэр щIызэхаша лъэпкъ лъапIэныгъэхэр лъэныкъуэ ирагъэзри, къэрал унафэр зыIэрагъэхьэныр я мурад нэхъыщхьэу ягъэуват. ГъэщIэгъуэнракъэ, къулы­къушхуэ зэрызрагъэгъуэтынури хэ­хы­ныгъэхэм хэмыту, абыхэм щыте­мы­кIуэут. Арати, пэкIухэр къежьащ, зэпэщIэувэныгъэмрэ зэщыIеиныгъэмрэ заубгъуу хуежьащ. ЗымащIэт къэнэжар Шэшэныр насыпыншагъэ ин дыдэм хуэзыша гъуэгум дытрашэным. Ауэ лъэпкъым псынщIэу зыкъищIэжащ, зэхигъэкIащ пэжымрэ пцIымрэ икIи, игъащIэми къыдекIуэкI Iущыгъэм и фIыгъэкIэ, щыхупIэм дыкъыбгъэди­шы­жащ. ЦIыхубэм даIыгъакъым лъэпкъ Iуэхум щхьэхуещагъэ хэзылъ­хьэну хущIэкъуахэр. Абы щыгъуэщ лъэпкъыр зэрыукIыта пшыналъэ бгъунлъар узэщIыжын ­хуейуэ къалэн къыщыдэкIар. Арын­шауэ хъунутэкъым. А зэщIэхъееныгъэр къыщIежьа Iуэхугъуэхэр - лъэпкъ зэхэщIыкIыр къэIэтыжыныр, бзэм, щэнхабзэм зегъэужьыныр, ижь-ижьыж лъандэрэ къыддекIуэкI хабзэхэр къэгъэщIэрэщIэжыныр, щIэб­-­лэр фIым хуэгъэсэныр - пхызыгъэкI къару адыгэхэр хуэныкъуэнут. Абы къыхэкIыу 2000 гъэм и бадзэуэгъуэ мазэм жылагъуэ зэгухьэныгъэм зимычэзу и зэхуэсышхуэ едгъэкIуэкIын хуей хъуащ. Абы и лIыкIуэхэр хабзэм тету КъАХ-м и щIыналъэ къудамэхэм я зэIущIэхэм IэIэткIэ щыхахат. Съездым унафэ зыбжанэ къищтащ, и уставри Урысей Федерацэм щызекIуэ къэрал хабзэхэм езэгъ ищIащ. Нэхъ иужьы­IуэкIэ а псоми Дунейпсо Адыгэ Хасэм и V Конгрессри арэзы техъуащ. Ауэ Iуэхур абыкIэ иухакъым. Суд хьэлэбэлыкъым дыхуэкIуащ. Дэ ­къытпэщIэтхэм ягу техуэртэкъым за­хуагъэр зэрызэфIэувэжар, КъАХ-м и къалэн нэхъыщхьэхэр зи гугъу тщIа лъэпкъ лъапIэныгъэхэм зэрытриухуэжар. Ауэ къаугъэ къаIэтыну сыт хуэдиз Iэмал къамыулъэпхъэщами, зыри ­къикIакъым. КъыщIикIын лъабжьи щыIэтэкъым. ИкIэм-икIэжым Iуэхур тэмэму зэфIэкIащ - Къэбэрдей-Балъкъэрым и Суд Нэхъыщхьэм диIыгъакъым абыхэм къагъэувхэр. Урысей ­Федерацэм и Суд Нэхъыщхьэм ахэр иужькIэ щытхьэусыхэжат, ауэ абыи зэрыщыту къигъэнэжащ Налшык щащIа унафэр Мы псор щIыжытIэр кIыхьлIыхьу екIуэ­кIа суд Iуэхухэм мазибгъум щIигъу­кIэ хуиту дызэримыгъэлэ­жьарщ. ИтIани, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм ­иригъэкIуэкI лэжьыгъэм теухуауэ, иужьрей илъэс 19-м республикэм къы­щыдэкI газетхэмрэ журналхэмрэ къы­традзахэм, телевиденэмрэ радиомрэ къатахэм ятепщIыхьмэ, жыпIэфынкъым зыри дымыщIэу дыщысауэ. Лъэпкъым къыхуэщхьэпэну сыт хуэдэ Iуэхуми жэуаплыныгъэр зыхэт­щIэу дыбгъэдохьэ. Къыттралъхьа пцIым дызэгуигъэпами, ар сэтей къэ­щIыным зэман тегъэкIуэдэн хуей хъуа­ми, нэхъыщхьэращи, лъэ быдэкIэ къэдгъэувыжащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр. Дызэрылэжьа пIалъэм, 2000 гъэ лъандэрэ, КъАХ-м IуэхуфI куэд зэфIигъэкIащ, къыпэщылъри нэхъыбэжщ. Хасэм Iуэхум щIэрыщIэу хузэ­щIигъэуIуэжащ лъэпкъым и къэ­кIуэнум егупсыс, абы игъэпIейтей и цIыху пэрытхэр. Къуажэхэм, къалэхэм, щIыналъэхэм (районхэм) щылажьэ ­къудамэхэри къигъэщIэрэщIэжащ. А Iуэхум къыхишащ пщIэ зэхуащI нэхъыжьыфIхэр, егъэджакIуэ-гъэса­кIуэ­хэр, хэкупсэ нэсхэр, жылэ унафэщIхэр. ЩIэблэм гъэсэныгъэ тэмэм егъэ­гъуэтыным, я анэдэлъхубзэр фIыуэ ­ялъагъуу, къабзэу ирипсалъэу къэгъэтэджыным нэхърэ нэхъапэ сыт щыIэ? Аращ зыхуэлажьэр «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо зэпеуэр. Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэмрэ «Адыгэ псалъэ» газетымрэ я жэрдэмкIэ, илъэс 20 и пэкIэ зи гугъу тщIы зэ­пеуэр ежьа хъуащ. 2008 гъэм а Iуэху дахэр къыддащтащ КъШР-м щыIэ шэрджэс школхэм, мэздэгу къэбэрдейхэм я еджапIэхэм. Ар хуабжьу сэбэп мэхъу адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ егъэджакIуэ­-хэм я Iэзагъым ­хагъэхъуэнымкIэ, еджа­пIэхэм анэ­дэлъхубзэм и пщIэр къы­щыIэты­жы­нымкIэ, сабийхэр абы де­гъэхьэхы­нымкIэ. «Ди щхьэр лъагэу дывгъэлъагъужащ, къэралым, Къэ­бэр­дей-Балъкъэрым щекIуэкI еплъы­ныгъэхэм зи зэфIэкI щызыгъэлъагъуэ ди лэжьэгъу­хэм дехъуапсэрти, иджы дэри апхуэдэ Iэмал дывгъэгъуэтащ», - къыджаIэрт адыгэбзэмрэ литературэмрэ езы­гъэджхэм. БлэкIа илъэсхэм «Си бзэ - си псэ, си дуней» зэпеуэм хэтащ еджапIи 100-м щIигъу, егъэджакIуэ, еджа­кIуэ мин бжыгъэхэр. «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм текIуэныгъэ къыщызыхьа егъэджакIуэхэр дгъэ­кIуащ Москва, Санкт-Петербург, Самарэ къалэхэм щекIуэкIа зэхьэзэ­хуэхэм икIи мызэ-мытIэу япэ увыпIэ­-хэр щызыIэрагъэхьащ. Псалъэм къы­дэкIуэу жыпIэмэ, КъАХ-м и Хасащхьэм хэт, Налшык къалэм дэт 13-нэ гимназием и унафэщIым и къуэдзэ Хур Мадинэ 2010 гъэм «Урысейпсо мастер-класс» зэпеуэм и саугъэт нэхъыщхьэр - «Дыжьын къабзийр» - къыщыхуа­гъэ­фэщащ. Нэгъабэ адыгэбзэмрэ литературэмрэ езыгъэдж цIыхуи 153-рэ дгъэлъэпIащ, саугъэтхэр еттащ. Абы къикIращи, анэдэлъхубзэм, хабзэм, тхыдэм хуащI гулъытэм хэхъуэ зэпытщ, ар лъэпкъыр къызэрыщIэ­рэ­щIэжым и нэщэнэфIщ. Анэдэлъхубзэм къыгуэхыпIэ имыIэу епхащ ар адрей лъэпкъхэм къахэзыгъэщхьэхукI гупсысэкIэр, дуней еп­лъыкIэр. Дэ куэдрэ жыдоIэ «адыгэр  зы дыхъужын хуейуэ», ауэ, дэ дызэреплъымкIэ, япэу зы дызэрыхъужын хуейр щIыналъэкIэкъым, атIэ ди гуп­сысэкIэмкIэщ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, къэрал зэпэщхьэхуэ щыпсэу, идеологие зэтемыхуэхэм щIапIыкI щIэблэм я дуней еплъыкIэмрэ къэзыухъуреихь­хэм хуаIэ щытыкIэмрэ зэщхьэ­щы­мыкIынкIэ Iэмал иIэкъым. Дэнэ щIы-пIи щыпсэу адыгэхэм зы лъэпкъ гупсысэ яIэным, я Iуэху еплъыкIэр ­гъунэгъу зэхуэщIыжыным ехьэлIауэ Хасэм куэд елэжь. Зи гугъу тщIыр ДАХ-мрэ КъАХ-мрэ нэхъ дызэгугъухэм ящыщ зыщ. ХаситI­ри гуащIафIэу ядолажьэ адэжь ­щIыналъэм къэзыгъэзэжа ди лъэп­къэгъухэм. БлэкIа илъэситхум цIыху 400-м нэс Хасэм къытхуеблэгъащ, ­хамэ къэралхэм къикIыжауэ. Ахэр ягъэпIейтей зыIууэ гугъуехьхэм, я бынхэм бзэр егъэджыным, IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм щIэгъэ­тIысхьэным, паспорт къахудэ­хыным, унагъуэ хъуахэм нэчыхь яхуегъэтхыным, нэгъуэщIхэми. Зы цIыху абыхэм ящыщу щIэдгъэкIыжакъым, гулъытэ имыгъуэтауэ. Абыхэми дадо­Iэпыкъуф, властхэм дадолажьэ, дапыщIауэ дыщытщи, дызэгуроIуэри. Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лIы­кIуэ­хэм драгъусэу дыщыIащ ди лъэп­къэгъухэр нэхъыбэу зэрыс къэралхэм - Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Германием, абыхэм щыпсэу адыгэхэм я псэукIэр зэдгъэлъэгъуащ. Ди хэкуэгъухэм я щэнхабзэ гъэлъэ­гъуэныгъэхэм жыджэру дыхэтащ. Налшык, Черкесск къыщыдэкI тхылъхэр, газетхэр, журналхэр хэхэсхэм яIэры­догъэхьэ. Къэбэрдей-Балъкъэр телевиденэм абыхэм папщIэ игъэхьэзыр нэтынхэр къызыдогъэпэщ, «Нарт-ТВ» дунейпсо каналым (Иордание) идогъэхь. Сирием, Иорданием, Тыркум, Из­раилым я Адыгэ Хасэхэм я унафэщI-хэм дазэрыгурыIуам тету, иужьрей илъэсхэм а къэралхэм щыпсэу ди лъэпкъэгъухэм я сабийуэ 400-м щIигъу КъБР-м щылажьэ гъэмахуэ лагерхэм зыщедгъэгъэпсэхуащ. КъуэкIыпIэ ­Гъунэгъум, Мэздэгу къикIа ныбжьы­щIэхэм ядолажьэ адыгэбзэм, хабзэм, лъэпкъ тхыдэм хуезыгъаджэ IэщIагъэлIхэр, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыпIэ дахэхэр ядогъэлъагъу, цIыкIу­хэр адыгэ унагъуэхэм щыдогъэхьэщIэ. Ди хэкуэгъухэм я бынхэу Налшык и еджапIэ нэхъыщхьэхэм щIэсхэм да­кIэлъоплъ, я Iуэху зэтет зыдогъащIэ, ди лэжьыгъэм къыхыдошэ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, КъАХ-м и проект щхьэхуэу илъэс зыбжанэ хъуа-уэ хамэ къэралхэм щекIуэкI Iуэху­гъуэхэм «Адыгэ псалъэм» и журналистхэр хэтщ, газетым ятхыжым и мызакъуэу, телевиденэмкIэ фильмхэр къыдогъэлъэгъуэж. Апхуэдэу Тыркум, Израилым, Германием илъэс зэхуэ­мыдэхэм къитха нэтын гъэщIэгъуэнхэр «1 КБР» телеканалым къитыжащ, абы интернеткIи уеплъ хъунущ. ДяпэкIи ­апхуэдэ нэтынхэм къыпытщэну ди мурадщ. Мы Iуэхум гуэпх хъунукъым пыщIэ­ныгъэшхуэ яхудимыIэурэ къекIуэкIа щIыналъэхэри. Дэ запытщIащ Крас­нодар крайм и Успен щIыналъэм                        хыхьэ Кургъуокъуей, Бэчмырзей, Щхьэ­щэхуж къуажэхэм. А жылэхэм щопсэу беслъэнейхэр, къэбэрдейхэр, абазэхэхэр, бжьэдыгъу­хэр. Абыхэм хасэ IуэхукIэ Адыгейми Къэрэшей-Шэрджэсми икIыу зэи зыри яхуэкIуатэкъым. КъБР-м икIа лIыкIуэхэр (Нэхущ Заурбий, Сэхъурокъуэ Хьэутий, КъБКъУ-м и проректор Шыбзыхъуэ Азэмэт, дэри дахэту) гуапэу драгъэблэгъащ. Хьэ­щIэхэм къаIущIащ Краснодар крайм и Хабзэгъэув Зэхуэсым и тхьэмадэ Бе­кетов Владимир, район унафэщIхэр. Крайм и тхьэмадэхэм ди лъэIукIэ           IуэхуфIхэр зэфIагъэкIащ Щхьэщэхуж, Бэчмырзей, Кургъуокъуей къуажэхэм я псэукIэр егъэфIэкIуэным хуэунэ­тIауэ. Япэм Хасэ гугъу щащIу щымыта жылищым илъэс зыбжанэ хъуауэ щолажьэ цIыхубэ зэгухьэныгъэр. Адыгэ мини 10 щыпсэу Осетие Ищхъэрэм и Мэздэгу, Ставропольем и Курской районхэм илъэс къэс тIэу-щэ далъоIэс. Мэздэгу къэбэрдейхэр щIыналъитIым игуэшами, ахэр быдэу ­зэкъуэтщ, я гуфIэгъуи гузэвэгъуи зэ­гъусэу дах. Мэздэгу Хасэм и тхылъхэр гъэхьэзырынымкIэ, къэралым егъэтхынымкIэ дадэIэпыкъуащ, икIи ахэр 2018 гъэм ДАХ-м и зы къудамэ хъуащ. Иналхьэблэ (Аваловэ) щыпсэу ди ­къуэшхэм ягъэхьэзыра «ВакIуэдэкI» махуэшхуэми, нэгъуэщI гуфIэгъуэ зэхыхьэхэми илъэс 18 хъуауэ дыхэтщ. Мэздэгу адыгэхэр ящыщщ зи лъэпкъ хъугъуэфIыгъуэр нэхъ жыджэру зы­хъумэжхэм. Абы ипкъ иткIэ, щIэх-щIэхыурэ фестивалхэр къызэрагъэпэщ, дэри зэи абыхэм дыхэныркъым. Псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, «Мэздэгу адыгэхэм я зэгухьэныгъэ» лъэпкъ-щэнхабзэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 25-рэ зэрырикъур нэгъабэ ягъэлъэпIащ. КъБР-м икIа гупышхуи Мэздэгу дыкIуащ, артистхэр ди гъусэу, КъБР-м и Правительствэм и Уна­фэщIым и къуэдзэ Къардэн Муратрэ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутийрэ ди пашэу. Апхуэдэуи Нартсанэ щыIэ Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэми щыгъуазэ зыт­щIащ. Кисловодск дыщыкIуэм здэтшат «Нал цIыкIу» сабий къэфакIуэ гупым­рэ «Пщэдджыжь вагъуэ» урысейпсо зэпеуэм щытекIуа уэрэджы­Iа­кIуэ Апэнэс Асте­мыррэ. «Фэтэр зырызым щIэгуэша хъуа» адыгэхэр зэрыгъэцIыхужынырщ, зэ­рыгъэубыдыжынырщ зытеухуауэ щы­тар Адыгэ Республикэм хыхьэ Блашэ-Псынэ, Куэшхьэблэ къуажэхэми ды­зэрыщыIар. Абы и пэ къихуэу «Адыгэ псалъэм» и лэжьакIуэхэмрэ Адыгейм щыщ журналист БрантIы Къазбэчрэ къэбэрдей жылагъуитIым ятеухуа щIэнгъуазэ тхыгъэхэр ягъэхьэзырри, Блашэ-Псынэрэ Куэшхьэблэрэ уна­гъуэу дэсым ди газет къыдэкIыгъуэ зырыз саугъэту хуашэжащ. Урысейм ис адыгэхэм я лъэпкъ-щэнхабзэ автономием и тхьэмадэ Уэхъутэ Алек­-сандр Блашэ-Псынэ дэт курыт еджапIэм сом мин 50 иритащ, школым и къэфа­кIуэхэм адыгэ фащэ къыхуращэхуну. Къыхэгъэщыпхъэщ Ставрополь дэт Адыгэ щэнхабзэ Хасэми дазэрыдэIэ­пыкъур. Крайм и щыхьэрым щыпсэу, щеджэ ди лъэпкъэгъухэр къызыщIэ­зыгъэуIуэ жылагъуэ зэгухьэныгъэр 2018 гъэм ДАХ-м къыхыхьащ. КъБР-м, КъШР-м, Адыгэ Республикэм лъэпкъ лъапIэныгъэу яIэр абы Ставрополь ­къалэм екIуу щагъэлъагъуэ, дэри мызэ-мытIэу а Iуэху дахэхэм дыхэтащ. Иджыблагъэ ДАХ-м и президентымрэ Кавказ Ищхъэрэм щылажьэ къудамэхэм я тхьэмадэхэмрэ Шапсыгъ Хасэм и зэхуэсышхуэм дыщыIащ. 
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и Iуэхур сыт щыгъуи пыщIащ щIыналъэ, къэрал, жылагъуэ, политикэ къулыкъущIапIэхэмрэ IуэхущIапIэхэмрэ икIи республикэ унафэщIхэм ядолажьэ, хабзэм къызэригъэувым тету. Абы и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ лъэпкъ зэныбжьэгъугъэр гъэбыдэныр, зэныкъуэкъухэмрэ щIэпхъаджагъэхэмрэ къэмыгъэхъуным хэлIыфIыхьыныр, жылагъуэр зэгурыгъэIуэныр. 
Апхуэдэуи лъэпкъым ехьэлIа махуэшхуэхэр къызэрегъэпэщ, щэнхабзэм, бзэм, хабзэм, литературэм, политикэ, экономикэ гъащIэм хуэгъэпса зэIущIэхэр зэхешэ. КъАХ-м и нэIэ тригъэтщ лъагапIэ зыIэрызыгъэхьа адыгэ щэджащэхэм. Жылагъуэ зэгухьэныгъэм и лэжьыгъэм, лъэпкъ гурыгъу-гурыщIэхэм теухуа газетхэр къыдегъэкI, тхыдэм, щэнхабзэм, литературэм, гъуазджэм ехьэлIа тхылъ гъэщIэгъуэнхэри егъэхьэзыр. 
ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием хэт «Адыгэ ЩIэнгъуазэ» институтым, КъАХ-м я жэрдэмкIэ, «Черкесика» сериер яухуащ. Илъэсихым а къыдэкIыгъуэм щыщу тхылъибл дунейм къытехьащ. Япэ томыр тепсэлъыхьырт ДАХ-м и япэ тхьэмадэ, лъэпкъыр зэрыгушхуэ адыгэлI щыпкъэ Къалмыкъ Юрэ. ЕтIуанэм итщ Лермонтов Михаил Кавказым, шэрджэсхэм ятриухуа поэми 9-р. Адыгэбзэм ахэр къригъэзэгъащ КъБР-мрэ КъШР-мрэ я цIыхубэ усакIуэ Ацкъан Руслан. Ещанэ томыр хухахащ абхъаз тхакIуэ ШинкIубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романымрэ Лохвицкий Михаил и «Уафэгъуагъуэ макъ» повестымрэ. УрысыбзэкIэщ къызэрыдэкIар Вэро­къуэ Владимир и «Амыщ къуажэ» романыр, еплIанэ тхылъым ихуар. Е­тхуанэ къыдэкIыгъуэр лъысащ дунейпсо литературэм и классик Хьэт­къуэ Умар (Омер Сейфеддин). Новеллэ 34-р адыгэбзэм къригъэзэгъащ зэдзэкIакIуэ Iэзэ Къэрмокъуэ Хьэмид. Къаныкъуэ Анфисэ и «Хьэтхэр» тхыдэ романым хухэтхащ «Черкесика»-м и еханэ томыр. Ебланэ тхылъым Iэмал къыдет Лохвицкий Михаил (Аджыкъу Джэрий) и «Уафэгъуагъуэ макъым» адыгэбзэкIэ дыкъеджэну. Ари зи фIы­щIэр Къэрмокъуэ Хьэмидщ. «Черкесика»-м хэту зэман гъунэгъум къыдэдгъэкIыну ди мурадщ тхылъ               25-рэ хуэдиз. 
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм игъэхьэзыращ «Наши знаменитости» серием ­хиубыда тхылъ зыбжани: адыгэр зэ­рыгушхуэ цIыху зэчиифIэхэу КIыщо­къуэ Алим, Къэшэж Иннэ, Шемякин Михаил, МэшбащIэ Исхьэкъ, Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд сымэ ятеухуахэр. 
Ди проект нэхъ инхэм яхыдобжэ 2011 гъэм щегъэжьауэ къыдэдгъэкI Адыгэ махуэгъэпс-щIэнгъуазэр. Ар лъапIэ зыщIыр ди лъэпкъэгъу цIэрыIуэхэр зэрыдигъэцIыхурщ, ахэр къыщалъхуа махуэхэр зэригъэбелджылырщ. Къэ­бэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-­Шэрджэсым, Адыгейм, Шапсыгъым, Москва, Санкт-Петербург, хамэ къэ­рал­хэм щыщ, IэнатIэ зэмылIэужьы­гъуэхэм ехъулIэныгъэфIхэр щызы­Iэ­рызыгъэхьа ди къуэшхэм, шыпхъухэм я цIэхэм ущрохьэлIэ мы махуэгъэп­сым. Дуней псом щыцIэрыIуэ цIыху­-хэм адыгэхэм щхьэкIэ жаIахэм, хэхэс шэрджэсхэм ящыщу зи цIэр жыжьэ ­Iуахэм, лъэпкъым и пщIэр зыIэта хэкурысхэм ятеухуауэ абы ит тхыгъэ кIэщIхэм ар нэхъри купщIафIэ, зыми емыщхь ящI. Аращ махуэгъэпсым щIэнгъуазэкIэ щIеджэри. 
Илъэс блэкIахэм КъАХ-м хэнейрэ къызэригъэпэщащ «Адыгэ хэхэсхэр», «Дэ куэд щIауэ шэрджэскIэ къыдоджэ» гъэлъэгъуэныгъэхэр. Ахэр Налшыки Черкесски я лъэпкъ музейхэм щагъэлъэгъуащ.
Къыхэгъэщыпхъэу къыдолъытэ: ­КъАХ-м къыхилъхьэурэ лъэпкъым и махуэшхуэ зыбжанэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм, КъБР-м и УнафэщIым зэригъэувар. Ахэр мыращ: «Адыгэ ныпым и махуэр» (2010), «Адыгэ фащэм и махуэр» (2013), «Адыгэхэм (шэрджэсхэм) я махуэр» (2014), «Адыгэшым и махуэр» (2015), «Нарт эпосым и махуэр» (2018). 
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм иригъэ­кIуэкI IуэхуфIхэм ящыщщ Кэнжэ къуа­жэм ЩэнхабзэмкIэ и унэм илъэс ет­хуанэ хъуауэ къыщызэригъэпэщ «Адыгэ­ пщащэ» республикэ зэпеуэр.  А пIалъэм къриубыдэу хъыджэбз щIы­кIафIэу 80 хуэдиз хэтащ а зэхьэзэхуэм. Пщащэхэм утыку кърахьэ къызыхэкIа лъэпкъым, унагъуэм я ехъулIэныгъэхэм, хабзэм, лъэпкъым и тхыдэм, адыгэ Iэнэм ятеухуауэ яIэ щIэныгъэр. Я акъылым и жанагъыр, я бзэм и шэры­уагъыр, я гупсысэкIэр, адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ хащIыкIыр, нэ­гъуэщIхэри абдеж наIуэ къыщохъу. ИкIи текIуа пщащэхэри, зэпеуэм хэта дэтхэнэ зыри ди гуапэу доIэт. Дызэрыт илъэсым догъэхьэзыр адыгэ щауэхэр утыку къитшэну.
Уи фIыр бгъэлъапIэмэ, лъэпкъыр бгъэгушхуэу аращ. КъАХ-м къыхилъ­хьэри, «Кабардинка» къэрал академическэ ансамблыр къызэрызэрагъэ­пэщрэ илъэс 80 щрикъум, «Адыгэ лъэп­къым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэ ­лъапIэр Дунейпсо Адыгэ Хасэм абы фIищащ. Илъэс дэкIри, апхуэдэ пщIэ лъагэ къылъысащ «Налмэс» къэрал академическэ къэфакIуэ гупым (Мейкъуа­пэ). КъАХ-м и жэрдэмкIэ 2013 - 2018 илъэсхэм Налшык щагъэ­лъэгъуащ продюсер Нэгъаплъэ Ас­кэрбий триха «Черкесия», «Черкесия. Адыгэ Хабзэ», «Черкесия. Чужбина», «Черкесия. Возвращение», «Черкешенка» документальнэ фильмхэр икIи абыхэм я пре­зентацэхэми ды­хэтащ. 
Иужьрей илъэсхэм, ДАХ-м къыддиIыгъри, дэ дгъэлъэпIащ адыгэ лите­ратурэм и классик КIыщокъуэ Алим (2014); Адыгэ, Къэбэрдей-Балъкъэр, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм я цIыхубэ тхакIуэ, СССР-м, РСФСР-м                я Къэрал саугъэтхэм я лауреат, ­Адыгейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэны­-гъэм и тхьэмадэ МэшбащIэ Исхьэкъ (2016), СССР-м и цIыхубэ артист, дирижёр цIэрыIуэ Темыркъан Юрийрэ япэ адыгэ усакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ ­Къуэдзокъуэ Лэкъумэнрэ (2018) я илъэсхэр. Иджы догъэлъапIэ Къал­мыкъ Юрий, Къэшэж Иннэ, Бэчыжь Лейлэ сымэ я илъэсхэр (2019).
КъАХ-м илэжь псори гугъущ зэ къэпсэлъэгъуэкIэ, е газет напэкIуэцIкIэ къэбгъэлъэгъуэну. «Адыгэ псалъэм» зэфIэдгъэкIа Iуэхухэм я хъыбархэр къызэрытеддзэм къыхэкIыу, ди щIэ­джы­кIакIуэхэр ди IуэхущIафэхэм щыгъуазэщ.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ

ХЬЭФIЫЦIЭ Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)