Мэкъумэш университетым и студентхэм Тыркур къапоплъэ.

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъу­мэш университетым и сату-технологие факультетым и студентхэр иджыблагъэ IущIащ Тыркум щыщ Къайсэр къалэм и лIыкIуэу Налшык щыIэ Аппоев Аслъэн.

ЗэIущIэм хэтащ факультетым и декан ЛIуп Тимур, «Сату Iуэхур зэкIэлъыгъэкIуэ­ныр, туризмэмрэ правэмрэ» кафедрэм и профессор Беслъэней Эдуард, Эрдоган Р. Т. и цIэр зезыхьэ университетым (Тыркум и Ризе къалэм дэтщ) и магистратурэм щIэс, КъБКъМУ-м и экономикэ факультетыр къэзыуха Конаковэ Зульфия, абы и адэ, Шэджэм Ищхъэрэ къуажэм и адми­нист­рацэм и Iэтащхьэ Конаков Ильяс сы­мэ.
Зэхуэсым щытепсэлъыхьащ ди мэкъу­мэш университетым и студентхэм я щIэ­ныгъэм Тыркум и еджапIэ нэхъыщхьэм щыхагъэхъуэным теухуауэ щыIэ Iэмалхэм. Эрдоган Реджеп Тайип и цIэр зезыхьэ университетымрэ КIуэкIуэ В. М. и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал ­мэкъумэш университетымрэ нэхъ пасэу зэ­ращIылIа зэгурыIуэныгъэм ди студент ­25-м Iэмал къарет я бюджетым къыхэкI мылъкукIэ я деж щеджэну.
А университетым щIэтIысхьэн щхьэкIэ студентым пщIэ щIиту тыркубзэм зы илъэскIэ а къэралым щыхуеджэн хуейщ. Ар къиуха нэужь, диплом къратыж икIи Тыркум IэнатIэ щыувыну Iэмал иIэ мэхъу, уеблэмэ зэдзэкIакIуэу лэжьэнуи хуитщ.
Университетым щIэтIысхьэну хуейм адэ­кIэ тест экзаменыр итынущ, къэп­щы­тэныгъэр балли 100-м тещIыхьауэ щытщ. ТыркубзэмкIэ балл 60 нэхърэ мынэхъ мащIэ къихьмэ, цIыхур хуитщ сыт хуэдэ IэщIагъэми бюджетым къыхэкI мылъку­кIэ хуеджэну магистратурэм щIэтIыс­хьэну. Еджэныр къиухмэ, дуней псом ­къыщалъытэ диплом къратынущ.
Илъэсым къриубыдэу тыркубзэр зыджа икIи абыкIэ итыжа экзаменымкIэ балл 98-рэ къэзыхьа Зульфия студентхэм ядэгуэшащ Тыркум щилъэгъуахэмкIэ, студентхэм я упщIэхэми жэуап иритащ.
НыбжьыщIэхэм защыхуигъазэм, Конаков Ильяс жиIащ хамэ къэрал ущеджэ­ным икъукIэ жэуаплыныгъэшхуэ зэры­пылъыр, сыту жыпIэмэ еджапIэ нэхъыщ­хьэм и мызакъуэу, республикэми, къэралми я лIы­кIуэ хуэдэу мэхъу дэтхэнэ зы ныбжьы­щIэ­ри.
Аппоев Аслъэн къыхигъэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт школхэр къыщы­зыуххэми а еджапIэ нэхъыщхьэм щIэтIыс­хьэну Iэмал зэраIэр. Республикэм и курыт школхэм щIэныгъэфI щызэзыгъэгъуэтахэр, КъБКъМУ-р ядэIэпыкъуурэ, Эрдоган и цIэр зезыхьэ университетым щIэтIыс­хьэфынущ.

КIУРАШЫН Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 09:03

КЪЭЗАН КАРАТЭМКIЭ КЪЫЩЫХОЖАНЫКI

Къэзан къалэм и «АкБарс» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Кубок АкБарс»-р каратэмкIэ къэхьыным хуэунэтIа дунейпсо зэхьэзэхуэ.

23.04.2024 - 08:21

ДОТТУЕВ АХЪМЭТ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Боксер цIэрыIуэу щыта, дунейпсо зэхьэзэхуэхэм пашэныгъэр къыщызыхьа Доттуев Ахъмэт и фэеплъ урысейпсо зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Тырныауз къалэм щекIуэкIащ.

22.04.2024 - 16:54

ЗЭХУЭСЫШХУЭМ ЗЫХУАГЪЭХЬЭЗЫР

Экономикэ