ЗэгурыIуэныгъэм псори доунэ.

Ди газетым зэрытетащи, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэр накъыгъэм и 31-м Налшык къалэ ще­кIуэ­кIащ. Къэрал концерт гъэлъэгъуапIэм щызэхуэсат КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм, КъБР-м и Правительс­т­вэм, КъБР-м и Парламентым, министерствэхэм, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм къикIа хьэ­щIэхэр КъАХ-м къалэхэм-рэ щIыналъэхэмрэ щиIэ ­къудамэхэм я лIыкIуэхэр, ха­сэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэ­хэм жы­джэру хэтхэр, адыгэ Iуэхум хуэмыщхьэххэр.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым, ­КъАХ-м и тхьэмадэ Хьэ­фIы­цIэ Мухьэмэд жиIащ апхуэдэ зэхуэсышхуэр илъэситхум зэ зэ­рырагъэкIуэкIыр, ящIахэр къы­зэрыщапщытэжыр, къы­кIэ­лъы­кIуэ пIалъэм лэжьэнухэр зэ­рыщыхахыр. Докладым щIимыдзэ щIыкIэ, Мухьэмэд я цIэ къриIуащ блэкIа илъэсхэм ­КъАХ-м хэтахэу, жыджэру къы­дэлэжьахэу дунейм ехыжахэм    я цIэхэр: Бахъсэн щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ Шапсыгъ Хьэ­сэн, Абхъазым и цIыхубэ, УФ-м щIыхь зиIэ и артист Мысостыш­хуэ Пщызэбий, ЩIДАА-м и Президент Нэхущ Iэдэм, тхакIуэ Тхьэмокъуэ Барэсбий, Дзэлы­къуэ щIыналъэ хасэм и уна-фэщI Шэру Хьэбас, КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, Налшык къалэ хасэм и тхьэмадэу щыта IутIыж Борис, дин лэжьакIуэ Пщы­хьэ­щIэ Iэнас, Джылахъстэней щIыналъэ хасэм и тхьэмадэу щы­тахэу Емкъуж Хьэсэнбийрэ ­Балъкъэр Борисрэ, егъэджа­кIуэ, усакIуэ Джэдгъэф Хъусен сымэ. Абыхэм къызэхуэсахэр дакъикъэкIэ яхуэщыгъуащ.
Зэхуэсышхуэр езыгъэкIуэкIа, УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий псалъэ иритащ КъАХ-м и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. 2013 - 2018 гъэхэм ­Хасащхьэм иригъэкIуэкIа Iуэхугъуэхэм ар зэпкърыхауэ тепсэ­лъыхьыжащ (ХьэфIыцIэм и къэпсэлъэныгъэр щхьэхуэу тыдодзэ).
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жи­Iащ илъэс куэд щIауэ Хьэ­фIыцIэ Мухьэмэд хасэ Iуэхум гурэ псэкIэ зэрыпэрытыр, и ­къару, акъыл, зэман тригъэ­кIуадэу, километр бжыгъэ        куэд зэпичу лэжьыгъэшхуэ зэрыригъэ­кIуэ­кIыр.
- Зэманым декIур лIыфIщ, жеIэ адыгэм. Апхуэдэ цIыхущ Му­хьэмэд. Хамэ къэралхэми ­гъу­нэгъу хэгъэгухэми хасэм и лэжьэкIэм и щапхъэу щыдгъэлъагъуэу апхуэдэщ Къэбэрдей Адыгэ Хасэр, - къыхигъэщащ Сэхъурокъуэм. - ЗэманкIэ узэIэбэкIыжмэ, ХьэфIыцIэр ха­сэ лэжьыгъэм щыпэрыхьам зэхъуэкIыныгъэшхуэхэр щекIуэкI лъэхъэнэт. Лъэпкъми, къэралми я пщэ къыдэхуэ къалэнхэр яубзыхун хуейт, екIуэкIхэр мыгурыIуэгъуэу щыщыт зэманти. Мис абы щыгъуэ гугъу зезыгъэхьу хасэр къызэзыгъэпэща Къалмыкъ Юрий деж щегъэ­жьауэ нобэр къыздэсым абы пэрытхэм фIыщIэшхуэ яхуэфащэщ. Мухьэмэд илъэс куэд ды­дэ щIауэ адыгэ лъэпкъым щхьэ­кIэ къимыкIуэтхэм яхы­зобжэ.
БлэкIам дерс къыхэтхыурэ ипэкIэ дыплъэн хуейщ нобэрей тхьэмадэхэри щIалэгъуалэри. Мыр жылагъуэ зэгухьэныгъэщ, лъэпкъым и къэкIуэнум телэ­жьэн хуейуэ. Иджырей зэгу­хьэныгъэхэм дазэрыдэлажьэм тепщIыхьмэ, гугъэфIхэр щыIэщ дызэгурыIуэу зы лъагъуэ хэт­шыну. ИджыпстукIэ пщтыру къыт­щыхъу щIалэхэми еущиен ­хуейуэ къыдолъытэ. 
Дызэрыт зэманым дэ зэдгъэпэщым хэпсэукIынур къы­дэкIуэтей щIэблэращ, - къыпищащ Хьэутий. - Ар зэи зыщы­дгъэгъупщэ хъунукъым. Сыт хуэдэ лъэпкъми и Iуэху зыгъэ­кIуатэр хэкупсэу щыт, мылъку къэзылэжьыф, хэлъэт зиIэ, адыгэм и пщэдейм егупсыс- хэращи, мис апхуэдэхэр хасэм нэхъыбэу къыхэшэн хуейщ. ИтIанэ ди Iуэхур нэхъ кIуэтэну къысщохъу. 
Джылахъстэней щIыналъэ хасэм и лIыкIуэ Ныбэжь Михаил тепсэлъыхьащ нобэрей адыгэ щIалэгъуалэм я шы­фэлIыфэм, хьэгъуэлIыгъуэхэр зэрырагъэ­кIуэкI щIыкIэм, анэ­дэлъхубзэр зэзымыпэсыж адэ-анэхэр зэр­ыщыIэм, нэгъуэщIхэми. Абы къыхилъхьащ адыгэбзэр зыуэ щыт къэрал экзаменхэм хагъэхьэну.
«Къуажэхэм я цIэхэр адыгэбзэкIэ щхьэ тедмытхэрэ? Щхьэ пасэм зэрахьа цIэхэр ди сабийхэм яфIэдмыщыжрэ? Адыгэ   хабзэм ди щIэблэр щхьэ щIэдмыпIыкIрэ? Ди нысашэхэр           хамэ шхапIэхэм тхьын хуей? Лъэпкъ фащэр щхьэ щIалэ­гъуалэм ящымыгърэ?» Нобэ-рей гъащIэм къигъэув Iуэху-     гъуэ щхьэпэ куэд ­къиIэтащ Ныбэ­жьым, хасэм унафэ три­щIы­хь­кIэрэ гъэзэкIуэжа зэры­хъунум шэч къытримыхьэу.
Аруан щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ КъущхьэтIу Хьэутий лъэп­къым теухуауэ зэфIагъэкI Iуэху­хэм щытепсэлъыхьым, жи­Iащ щIыналъэ администрацэ­хэм я унафэщIхэри хъарзынэу сэбэп къазэрыхуэхъур.
- Дэ сыт хуэдэ Iуэхуми ды­хуэнабдзэгубдзаплъэщ. Псом хуэмыдэу ди нэIэ щIэтщ къы­дэкIуэтей щIэблэр, ахэр зыщIэс курыт еджапIэхэр. Абы къы­хэкIыу, сыт щыгъуи мыхъу­мыщIагъэхэм гу лъыдотэ, ар зи пщэ къыдэхуэ къулыкъущIэхэм я деж ныдогъэс, егъэджа­кIуэхэм дадолажьэ, - къыхигъэщащ нэхъыжьыфIым.
Адыгэбзэм нобэ и Iуэху зыIутым, ар еджапIэхэм зэры­щрагъэдж щIыкIэм теухуауэ къэпсэлъащ егъэджакIуэ, Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэм и унафэщIым и къуэдзэ Балэ ­Людмилэ:
- ЕджапIэм сызэрыщIэсрэ «адыгэбзэр фымыдж» жаIэу зэи къытпаубыдауэ сщIэжыркъым. Абы хухэха сыхьэт бжыгъэр нэхъ мащIэ щащIаи, нэхъыбэ щыхъужаи къэхъуащ, ауэ сытым дежи курыт школхэм щрагъэдж. Пэжыр зыщ: сы-  хьэт бжыгъэр ягъэмэщIами, ­нэ­гъуэщI Iэмалхэр щыIэщ ­ады­гэ­б­зэр фIыуэ ебгъэджынумэ. Анэ­дэлъхубзэм щIэблэр деб­гъэ­хьэхын, лъэпкъ хабзэм щIэбгъэджыкIын папщIэ сабийр къыдэпхьэхын, ебгъэджыр гъэ­щIэгъуэну бгъэдэплъхьэн   хуей къудейуэ аращ.
Дакъикъэ 40-кIэ, шэч хэ­мылъу, адыгэбзэр джаи хъу-маи хъунукъым. Ар школым щекIуэкI сыт хуэдэ дерсми хэлъын хуейщ. Зи гугъу сщIым и щапхъэ дахэ куэд «Си бзэ - си псэ, си дуней» республикэпсо фестиваль-зэпеуэм щагъэ­лъэгъуащ, физикэри, математикэри, нэгъуэщI предметхэри адыгэбзэкIэ ятурэ. Мис апхуэ­дэурэ адыгэбзэр предмет псоми къыщыгъэсэбэпа хъумэ, цIыкIухэри нэхъ дебгъэхьэ­хы­фынущ. Тхыдэр щаджкIэ, псалъэм къыдэкIуэу жыпIэмэ, а бджы лъэхъэнэм теухуа уэрэ­дыжь, хъыбар къыхэп­лъхьэ­фы­нущ, иджырей технологиещIэ­хэр здынэсар къэплъытэмэ, езы сабийхэми къебгъэгъуэтыфынущ гъэщIэгъуэн гуэрхэр. Мэртэзей къуажэм дэс лIыжьхэм я деж яшэурэ хъыбархэм зэры­щIагъэдэIур слъэгъуащ сэ, тхы­дэ дерсхэм хэту.
Псори зэлъытар методикэ-ращ - егъэджэкIэрщ. А методикэр сэ къыхуэзгупсысрэ егъэджакIуэм и пащхьэ ислъхьэкIэ, сэбэп хъунукъым, езым апхуэдэ зэчийрэ жэрдэмрэ бгъэдэ­мылъмэ, цIыкIухэр къызэрыдихьэхын Iэмалхэр къигупсы­сыным хуэмыжыджэрмэ. Сы­хьэт бжыгъэ къуаткIи, дакъикъэ бжыгъэ пхухахкIи, адыгэбзэр пхуэхъумэнукъым, уэ езым уи къару, акъыл, зэчий иумы­хьэ­лIэмэ. Мис абы и лъэныкъуэкIэ егъэджакIуэм къалэнышхуэ и пщэ къыдохуэ. Фи фIэщ фщIы, дерсым нэхъыбэрэ адыгэбзэ­-кIэ ущыпсалъэ щхьэкIэ, Москва ­къикIыу тезыр къыптрамы­лъ­хьэну. Дерс гъущэ щату щытар щыIэжкъым, иджы зэхэухуэнауэщ псори зэрырагъэкIуэкIыр. АтIэ щхьэ ар къэдгъэсэбэп мыхъурэ ди лъэпкъым, ди анэдэлъ­хубзэм ифI едгъэкIыу?!
Людмилэ жиIащ Кэнжэ ЩэнхабзэмкIэ и унэр Къэбэрдей Адыгэ Хасэм жыджэру зэры­дэ­лажьэр, проект гъэщIэгъуэнхэр зэрызэдащIэр. «Лъэпкъым и Iуэху дэгъэкIынымкIэ, бзэмрэ хабзэмрэ хъумэнымкIэ сыт ­хуэ­дэ Iуэхуми дыхуэхьэзырщ,ди бжэхэр зэIухащ», - пищащ абы.
КъБР-м щыIэ Адыгэ жыла­гъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу советым и унафэщI Къалмыкъ Жылэбий къытеувыIащ зы Iуэху зэрызэ­дащIэм и фIыгъэкIэ Мухьэмэд-рэ абырэ куэдрэ зэрызэхуэзэр, илъэс Iэджэ щIауэ зэрызэныбжьэгъур.
- Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу зэрылажьэрэ куэд хузэфIэкIащ ХьэфIыцIэм, - къыхигъэщащ Жылэбий. - Абы щытхъуи, ар зыуби щыIэщ. Ауэ        сэ сызэреплъращ: Мухьэмэд ищIэм пылъ сэбэпынагъыр ­къэ­двгъэлъыти, хузэ­фIэ­мы­кIым­кIэ зыщIэдвгъэгъакъуэ, ар куэдкIэ нэхъ щхьэпэщ.
Хасэр къыщежьам щыгъуэ щэнхабзэ Iуэху фIэкIа зетхуэнукъым жаIэу щытащ, ауэ нобэ ар лъэныкъуэ псоми жьэхоуэ. Жылагъуэ зэгухьэныгъэ жыпIэ щхьэкIэ, мы Iуэхур политикэм пымыщIауэ щыткъым. Бзэр ­хъума хъун къудейр епхащ по­литикэм. Мухьэмэд сэрэ ди Iэ зыщIэлъ тхылъкIэ, джэпсалъэкIэ, лъэIукIэ Урысей Федерацэми Къэбэрдей-Балъкъэрми я унафэщIхэм куэдрэ заху­догъазэ. Зэи къэхъуакъым ­Хьэ­фIы­цIэр икIуэту, шынэу. Лъэп­къым ифI зыхэлъ сыт хуэ-дэ Iуэху къепхьэжьэми, япэу къыпкъуэувэнухэм ящыщщ ар. Нобэ зи гугъу тщIы Iуэхухэм, ­дигу зэрыгъу ныкъусаныгъэхэм теухуауэ ХьэфIыцIэр зи редактор нэхъыщхьэ «Адыгэ псалъэ» газетми къалэнышхуэ егъэзащIэ. Ар хуабжьу Iэрыхуэу къегъэсэбэп Мухьэмэд.
Зэхьэзэхуэр мэунэри, зэижитIыр мэунэхъу, жи адыгэм. Ди цIыхубэр, жылагъуэр Iэмал имыIэу властым гурыIуэн, дэ­лэжьэн хуейщ. ДызэпэщIэувэкIэ, зыри къэтхьынукъым, ди къару зэхэтлъхьэмэ, ехъулIэныгъэ  нэхъыбэ диIэну аращ, - ап­хуэдэу иухащ и къэпсэлъыныгъэр Къалмыкъ Жылэбий.
КъБР-м и Правительствэм        и УнафэщIым и къуэдзэ Къардэн Мурат жиIащ, сыт хуэдэ ­къулыкъу пэрытри гукIэ псэкIэ адыгэмэ, ар сыт щыгъуи лъэп­къым сэбэп зэрыхуэхъуфынур. «Мухьэмэд хуабжьу лэжьыгъэшхуэ ирегъэкIуэкI. Ар зэры­мытыншыр псоми къыдгуроIуэ, сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, цIыхубэ гумызагъэмрэ къулыкъущIэ гумызагъэхэмрэ я зэхуаку удэ-ту улэжьэныр гугъу дыдэщ. Мис ахэр зэгурыгъэIуэныр фIыуэ ­къохъулIэ ХьэфIыцIэм. Ар къагъэлъэгъуащ блэкIа илъэсхэм», - игъэбелджылащ Къардэным.
- ХьэфIыцIэм  адыгэм  хуи­щIам хуэдиз зыщIаи дяпэкIэ зы­щIэ­фыни куэд диIэу слъа­гъур-къым, - жиIащ УФ-м и Жыла­гъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий. - Сэ къэрал къулыкъу сы­щыпэрытами, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэу сы­щы­щы­тами, куэд къызэдэткIухьащ абырэ сэрэ, Iуэху куэд зэ­дэтщIащ. Абы лъандэрэ блэ-    кIа илъэсхэм Мухьэмэд зихъуэжакъым, нэхъ гуащIэмащIи ­хъуа­къым. Тхьэм узыншэу куэд­рэ игъэлажьэ.
КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI политикэмкIэ и управленэм и уна­фэщI Къуэжей Артём жиIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд зыпэрыт IуэхумкIэ и пщэм къыдэхуэ ­псори зыхуей хуэзэу зэригъэ­защIэр.
- Нобэ Хасэм и лэжьыгъэм и гугъу щащIым, бзэр, хабзэр, щэнхабзэр хъума зэрыхъунум куэд тепсэлъыхьащ. Анэдэлъ­хубзэр кIуэдынущ, илъэс 20 - 30 дэкIмэ, щыIэжынукъым жаIэуи зэхызох. «Адыгэбзэр кIуэдынущ» жытIэн хуейуэ аракъым, атIэ «адыгэбзэр дгъэкIуэды-жынкъым» жытIэурэ, щхьэж хузэ­фIэкI абы етхьэлIэн хуейуэ аращ. Унагъуэм щIэс адэ-анэр, сабий гъэсапIэм щыIэ гъэса­кIуэр, еджапIэм щылажьэ егъэджакIуэр егугъумэ, Хасэм къы­зэригъэпэщыпхъэхэр екIуэкIмэ, си фIэщ мэхъу гугъуехь дызэ­римыIэнур, - къыхигъэщащ ­Къуэжейм.
- Пэжщ, къулыкъущIэхэм но-бэ куэд яхуошхыдэ, уеблэмэ, диIэщ къулыкъу пэрытхэр мы­адыгэу, адыгэнуи хуэмейуэ щыту къызыщыхъу щIалэ­гъуа­лэ, - къыпищащ Артём. - Дуней­п­со Адыгэ Хасэм и хэщIапIэм зэIущIэ щекIуэкIыу, а щIалэ­гъуалэ зэгухьэныгъэхэм ящыщ зым и пашэ щIалэм сеупщIащ: «СыткIэ уэ, адыгэ щIалэр, къэрал къулыкъу пэрыт адыгэ щIалэм укъызэрыщ­хьэ­щы­кIыр?» Жэуап къызитыфакъым. Зыщ къызэрыщ­хьэ­щы­кIыр: адыгэ зэгухьэныгъэм и ­пашэ щIалэр и лъэпкъым и закъуэщ зыхуэлажьэр, къу­лыкъу гуэр пэрытыр респуб­ликэм лъэп­къыу исым яхуэ­лэжьэн,ахэр зэгурыгъэIуэным и гуащIэ ­хилъхьэн хуейщ.
Хасэ Iуэхум пэрыт нэхъы­жьыIуэхэми адрейхэми ящIэ иджыпсту республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ игъэзэщIэну къытхуагъэкIуэжа КIуэкIуэ Казбек цIыхухэм нэхъ гъунэгъуу ябгъэдэтын, мып­хуэдэ жылагъуэ зэгухьэныгъэ­хэм жаIэхэм едэIуэн, псэукIэр иригъэфIэкIуэн, лъэпкъхэм я Iуэхухэр ядиIыгъын мурадхэр зэриIэр. Псори фыкъыхузоджэ абы дыкъуэувэну, дифI зыхэлъ Iуэхухэр зэгъусэу зэдэтщIэну.
Ди лъэпкъым, зэгурыIуэ ­къудеймэ, шэч хэлъкъым адэкIэ зэрызиужьынум. ДызэпэщIэувэжкIэ зыри къикIынукъым. Езыхэр зэгурыIуэмэщ сыт хуэдэ лъэпкъми пщIэ щиIэнур, и Iуэху щыдэкIынур, къэралым мамырыгъэ щилъынур. Ар къыдэхъулIэнращ зытелажьэр Къэ­бэрдей Адыгэ Хасэри къэрал къулыкъущIапIэхэри.
Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэм Дунейпсо Адыгэ Хасэм и щIыхь дамыгъэмрэ щIыхь тхылъымрэ Сэхъурокъуэ Хьэутий щритащ КъАХ-м и ­къудамэхэм жыджэру щы­ла­жьэ, зи ныбжьыр илъэс 80 ирикъуа КъущхьэтIу Хьэутийрэ (Аруан щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ) Ахъсор Хьэлымрэ (Джы­лахъстэней щIыналъэ хасэм и тхьэмадэ). Апхуэдэуи ДАХ-м, КъАХ-м я тхьэмадэхэм я къуэ­дзэ Щоджэн Iэминат и ныбжьыр илъэс бжыгъэ дахэ зэрыри­къуам и щIыхькIэ тыгъэ лъапIэр хуагъэфэщащ.
АдэкIэ IэIэткIэ хахащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр, КъАХ-м и Хасащхьэм, Гъэзэ­щIакIуэ гупым, Къэзыпщытэ-къэзыбж гупым щылэжьэну-хэр

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.