УФ-м цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и министрым и къуэдзэ Николаев Андрей мэкъуауэгъуэм и 6-м ди республикэм и къалащхьэм щригъэкIуэкIа зэIущIэм щытепсэлъыхьащ Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэм хыхьэ хэгъэгухэм егъэджэныгъэм и IэнатIэм зыщегъэужьыным егъэщIылIа Iуэхухэм.
Зи гугъу тщIы министерствэм мылъкур зэгъэзэхуэнымкIэ и департаментым и унафэщI Петрунинэ Иринэ, КъБР-м и Премьер-министр Мусуков Алий, республикэм цIыхухэм щIэныгъэ егъэгъуэтынымкIэ и IэнатIэхэм щылажьэ къулыкъущIэхэр, нэгъуэщIхэри зыхэта зэхыхьэм нэхъыбэу зи гугъу щащIар зи школ кIуэгъуэ мыхъуа сабийхэр щаIыгъ IуэхущIапIэхэм зегъэубгъунымрэ КИФЩI-м и курыт школхэм ещанэ сменэр щыгъэкIуэдыжынымкIэ зэфIэгъэкIыпхъэу къалъытэхэрщ.
Николаев Андрей зэрыжиIамкIэ, зи гугъу ящIа къалэнхэр зэгъэхъулIэным, IэнатIэ щхьэхуэхэм ятегъэщIа лъэпкъ проектхэм текIуэдэнухэри хэту, яхуэгъэзауэ федеральнэ бюджетым къиутIыпщ ахъшэм хигъэхъуащ. Псалъэм папщIэ, «Демографие» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ, 2019 гъэм КИФЩI-м и сабий садхэм зегъэубгъуным сом мелард 11,7-рэ хухахащ.
- Апхуэдэуи, 2024 гъэ пщIондэ, Кавказ Ищхъэрэм и сабийхэм ящыщу иджыри мин 35-м садхэм кIуэну Iэмал яIэнущ. Зэрытлъагъущи, цIыкIухэм я школ кIуэгъуэр къэмыс щIыкIэ, щIэныгъэ ирагъэгъуэтынымкIэ щыIэ хэкIыпIэхэм зрагъэубгъу, - къыхигъэщащ Николаевым. - Ауэ, итIани, ди жагъуэ зэрыхъунщи, зи гугъу тщIы илъэсыр къэсыху КИФЩI-м щызэфIагъэувэн хуейуэ мылъку зыхуаутIыпща ухуэныгъэхэм ящыщу 32-м «гъунэ иралъакъым», нэгъуэщIу жытIэмэ, иджыри къыздэсым елэжьын щIадзакъым. ЗэрыгурыIуэгъуэщи, апхуэдэхэм хухахауэ щыта ахъшэм къегъэгъэзэжын икIи ар мыдрейхэм ятегуэшэжын хуейщ. Дызыщыгъуазэр аращи, а Iуэхум теухуа унафэ куэд мыщIэу къыдэкIынущ. Сыти жыIи, УФ-р зэрыщыту къэтщтэнщи, щIыналъэ 16-м хъыбар дагъэщIащ зи гугъу тщIы унэтIыныгъэхэм яхуэгъэзауэ хухаха ахъшэ псори къазэрыхуэмыгъэсэбэпымкIэ.
Петрунинэ Иринэ зэрыжиIэмкIэ, сабий садхэмрэ курыт еджапIэхэмрэ зыщрагъэубгъукIэ, щIэхэр щаухуэкIэ, абыхэм елэжьхэм зэ еплъыгъуэкIэ ныкъусаныгъэшхуэу къащымыхъу щыщIагъэхэр зыIэщIагъэкI. Псалъэм папщIэ, зыпащIыхь IуэхущIапIэхэми щIэуэ яухуэхэми видео-кIэлъыплъыныгъэхэр къахузэзыгъэпэщ Iэмэпсымэхэр хагъэувэркъым.
- АтIэми, «Демография» лъэпкъ проектым хыхьэу, КИФЩI-м и щIыналъэхэм 2019 гъэм къриубыдэу сабий садыщIэу 89-рэ щаухуэн хуейщ, абыхэм ирашалIэ цIыкIухэм я бжыгъэр 8715-кIэ нэхъыбэ хъунущ, - къыхигъэщащ Петрунинэ Иринэ.
КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий къызэхуэсахэм гу лъаригъэтащ демографиемрэ егъэджэныгъэмкIэ лъэпкъ проектхэр ди республикэм зэрыщагъэзащIэм ди цIыхухэм я гъащIэр нэхъри зэрыригъэфIакIуэр, еджэныгъэ IэнатIэм зэрызыщиузэщIыр, абы къыхэкIыуи, ахэр щIыналъэм шэщIауэ зиужьынымкIэ япэ игъэщыпхъэ унэтIыныгъэхэм зэрыхалъытэр.