Анэдэлъхубзэрщ зэрыгупсысэр.

Быным адэ-анэм хуаIэ гурыщIэхэр къа­Iуэтэну адыгэ хабзэм къызэремызэгъым къыхэкIыу, сэри си адэм сытепсэлъыхьыну мащIэу соукIытэ. Шэч хэмылъу, сэ срогушхуэ ХьэIупэ лъэпкъым сызэрыщыщым, а гушхуэныгъэри нэхъыбэу зи фIыщIэр си адэращ. Апхуэдэу щыхъукIи, сэ фIыуэ къызгуроIуэ ар ди унагъуэм, ХьэIупэ лIакъуэм я мызакъуэу, адыгэ лъэпкъым ейуэ зэрыщытыр. Си адэм и гъащIэри и гуащIэри и лъэпкъращ зыт­риухуар, абы и щэнхабзэм хуэлэжьащ, нобэми хуолажьэ. Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ си адэм хуэдэу адыгэбзэ къабзэ, пасэрей адыгэбзэжь сIурылъкъым, ар зэрыгуп­сысэри зэрыпсэури и анэдэлъхубзэрщ, псэущхьэхэм нэгъунэ адыгэбзэщ зэрепсалъэр. Псом хуэмыдэу сабийхэр фIыуэ елъагъу си адэм, гулъытэ хуимыщIу зыри блэкIынукъым, арагъэнщ абы цIыкIухэм папщIэ уэрэд тхылъитI щIыхуэтхари. Езым и сабиигъуэм, ди адэшхуэм, гъащIэм теухуауэ жиIэж хъыбархэм зэманыр зэрыкIуэр къыумыщIэу уедэIуэфынущ, зым хуэдэжкъым абы хэкум, лъэпкъым теухуа и усэхэр. Узыншагъэ и бэу, гукъыдэжрэ дэрэжэ­гъуэрэ щымыщIэу фIыуэ илъагъу и лъэп­къым иджыри илъэс куэдкIэ хуэлэжьэну Тхьэм жиIэ! Адыгэ композиторхэр (ижьымкIэ къыщыщIэдзауэ): ХьэIупэ ДжэбрэIил, Темыркъан Борис, Молэ Владимир, ХьэхъупащIэ Хьэжбэчыр, Къардэн Хьэсэн, Къэзан Аслъэнджэрий. 1996 гъэ

ХьэIупэ Анзор.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.