Хасэм и лэжьыгъэр къепщытэж

Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и X зэхуэсышхуэр дыгъуасэ кIуам Налшык къалэ ще­кIуэ­кIащ. КъАХ-м къалэмрэ щIыналъэхэмрэ щиIэ къудамэхэм я лIы­кIуэу 200-м нэблагъэ хэтащ зэхуэсышхуэм.

Абы и Iуэхум хэлэжьы­хьащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и управ­ленэм и унафэщI Къуэжей Артём, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ Къардэн Мурат, ­КъБР-м Граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэ­жьэ­нымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гергоков Джамбулат, КъБР-м и Парламентым и комитетым и унафэщI Пащты Борис, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэу­тий, КъБР-м и Адыгэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу со­ве­тым и унафэщI Къал­мыкъ Жылэбий, КъБР-м и Жылагъуэ палатэм и уна­фэщI Берд Хьэзрэтатлий сымэ. ЗэIущIэр иригъэ­кIуэ­кIащ УФ-м и Жылагъуэ палатэм хэт Нэхущ Заурбий. Зэхуэсышхуэр зэрекIуэкIы-ну жыпхъэхэр яубзыхуа нэужь, къызэхуэсахэр яхуэ­щы­гъуащ КъАХ-м блэкIа илъэсхэм жыджэру хэлэ­жьы­хьа, дунейм ехыжа нэхъыжьыфIхэм. Япэу псалъэ зрата, Къэбэрдей Адыгэ Ха­сэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Му­хьэмэд убгъуауэ тепс­э­лъы­хьащ Хасэм 2013 - 2018 гъэхэм иригъэкIуэкIа лэ­жьыгъэм, зыхэта Iуэху­гъуэхэм, нобэ зи ужь итхэм. КъАХ-р Дунейпсо Адыгэ Хасэм зэ­ры­дэлажьэм, ири­гъэ­кIуэкI Iуэхухэм я мы­хьэнэм тепсэлъыхьащ ДАХ-м и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Апхуэдэуи зэIущIэм къы­щыпсэлъащ Къущ­хьэтIу ­Хьэутий, Балэ Людмилэ, Къалмыкъ Жылэбий, Къардэн Мурат, Къуэжей Артём сымэ, нэгъуэщIхэри.
АдэкIэ зэ­хуэсышхуэм и къалэн нэхъыщхьэр арати, абы Iэ IэткIэ щыхахащ Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэр, абы и ­къуэдзэхэр, КъАХ-м и Президиумым, Советым, Къэ­зыпщытэ-къэзыбж комиссэм къэкIуэну илъэситхум хэты­нухэр. КъАХ-м и тхьэмадэу къыкIэлъыкIуэ пIалъэми лэ­­жьэну, псори зэ­дэ­а­рэ­зыуэ хахыжащ Хьэ­фIыцIэ Му­хьэмэд. Къэ­бэр­дей Адыгэ Хасэм и X зэ­хуэ­сыш­хуэр зэрекIуэкIам теухуа тхыгъэ убгъуа ди газетым         и къыкIэлъыкIуэ къы­дэ­кIы­гъуэ­хэм ящыщ зым тетынущ. 
 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.