Дунейпсо Адыгэ Хасэм и нэIэ щIэту Налшык къалэ щекIуэкIащ адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэм щытепсэлъыхьа дунейпсо щIэныгъэ зэхуэс. Абы хэтащ КъБР-м цIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министр Къумыкъу Iэуес, КъБР-м граждан жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ, «Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд, АР-м и Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ЛIымыщэкъуэ Рэмэзан, КъБР-м, КъШР-м, АР-м, Тыркум, Иорданием къикIа щIэныгъэлIхэр, жылагъуэ лэжьакIуэхэр, ди республикэм адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и егъэджакIуэхэр, ДАХ-м и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтхэр.
ЗэIущIэр къызэIуихащ икIи иригъэкIуэкIащ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд. Абы къыхигъэщащ нобэ къаIэта Iуэхум мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Анэдэлъхубзэр цIыхум езым и фIэфIыныгъэкIэ иджыну хуиту Урысейм къыщащта унафэм лъэпкъ куэд игъэпIейтеящ, адыгэри яхэту. Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэр гузавэу къыкIэлъыплъащ ди къэралым къыщрахьэжьа Iуэхум. Ар зы гуныкъуэгъуэу нобэ къытлъыкъуэкIащ. ЕтIуанэу бзэм ехьэлIауэ нэхъ дызытепсэлъыхьыр зы адыгэ тхыбзэ зэхэлъхьэныр аращ. Адыгей диалектымрэ къэбэрдей диалектымрэ зэгъусэу куэд щIауэ къогъуэгурыкIуэ, зы литературэбзэ дыхуейщ жытIэу нэгъуэщI бзэ къыщIэдгъэщIын щыIэкъым. Ауэ зэпэ-гъунэгъу тщIыну дыхуеймэ, абы и Iуэхур щхьэхуэщ. А псори зэпкърытхыу зы гупсысэ пыухыкIа дыхуэкIуэну, лъэпкъым къытхуэщхьэпэн унафэ къэтщтэну си гуапэщ, - жиIащ ХьэфIыцIэм.
Къумыкъу Iэуес и псалъэм къыхигъэщащ бзэр хъумэнри абы зегъэужьынри ар зи анэдэлъхубзэу щыт лъэпкъым куэдкIэ зэрелъытар.
- Дэ къыдгуроIуэ къэралыр къыдэмыIэпыкъумэ, бзэр зэрыужьыхыр. Абы трищIыхьу, республикэм ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм Iуэху пыухыкIахэр ирегъэкIуэкI лъэпкъыбзэхэр курыт еджапIэхэм щегъэджыным, методикэ Iэмалхэр къызэгъэпэщыным, нэгъуэщIхэми ятеухуауэ, - къыпищащ Къумыкъум. - А къалэн нэхъыщхьэ псоми къадэкIуэу, бзэм къылъыкъуэкI гугъуехьхэр гулъытэншэу къэдгъэнэнукъым икIи сытым дежи ди нэIэ тетынущ. Си фIэщ мэхъу нобэрей зэIущIэм хэтынухэм министерствэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм хуэщхьэпэн къызэрыхалъхьэнур, хэкIыпIэхэри зэраубзыхунур.
КIурашын Анзор къыхигъэщащ къаIэта Iуэхур лъэпкъым дежкIэ зэрысэбэпыр. «Ди министерствэм илъэс зыбжанэ хъуауэ къызэрегъэпэщ хамэ къэралхэмрэ ди къуэш республикэхэмрэ ящыщ сабийхэр ди щIыналъэм къэтшэныр, зыщегъэгъэпсэхуныр. А ныбжьыщIэхэм ядыдолъагъу адыгэбзэм и диалектхэм гугъу зэрырагъэхьыр, тэрмэш яIэн хуей зэрыхъур. Абы ипкъ иткIэ, си щхьэкIэ сфIэкъабылщ ди бзэхэр нэхъ зэпэгъунэгъу хъуным ди щIэныгъэлIхэмрэ ар зи IэщIагъэхэмрэ елэжьыну, щIыналъэкIэ зэбгрыдзами, бзэрэ гукIэ зэпэгъунэгъуу ди лъэпкъэгъухэр къызэдекIуэкIыну», - жиIащ КIурашыным.
Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ иужьрей зэманым бзэм теухуауэ къекIуэкI псалъэмакъхэм дэнэ щыпсэу адыгэри къызэрызэщIиIэтар, уеблэмэ абы нэхъ дызэрызэрипхыжар.
- Сыт хуэдэ лъэпкъ ирехъуи, и бзэр имыIэжмэ, ар дунейм темытыжу къэплъытэ хъунущ. Ди бзэр хъума хъун пап-щIэ ди щIэблэм яIурытлъхьэу дыкъекIуэкIын хуейуэ аращи, фIыщIэ яхуэсщIыну сыхуейщ махуэ къэс сабийхэм ядэлажьэ егъэджакIуэхэм. Къэралым сыт хуэдэ унафэ къимыщтэми, къэрал къулыкъущIапIэхэм сыт япэ ирамыгъэщми, анэдэлъхубзэмкIэ егъэджакIуэр сыт щыгъуи зытелажьэр лъэпкъым къыщIэхъуэ щIэблэм и бзэр игъэбзэрабзэу къэгъэхъунырщ. Ахэращ а бзэм и хъумакIуэ нэхъыщхьэу къэплъытэ хъунури, - жиIащ Хьэутий.
Тхьэмадэр убгъуауэ тепсэлъыхьащ бзэм теухуауэ щыIэ гугъуехьхэм я хэкIыпIэ хъуну къилъытэхэм, а Iуэхум ехьэлIауэ зэфIэгъэкIыпхъэу къагъэувхэм ДАХ-р иужь зэритынур, щIэныгъэлIхэм къаIэт Iуэхухэр зэрыдаIыгъынур, ар республикэхэм я унафэщIхэм я пащхьэ илъхьэнымкIэ Хасэшхуэр дэIэпыкъуэгъу зэрыхъунур.
Адыгэбзэм и тхыбзэ хабзэхэмрэ пэжырытхэхэмрэ зэтегъэхуэным, зы адыгэ тхыбзэ зэфIэгъэувэным, бзэм зэрызрагъэужь Iэмалхэм, хамэщI щыпсэу адыгэхэм адыгэбзэр зэрегъэджыпхъэм, IэщIагъэ щызрагъэгъуэт еджапIэхэм адыгэбзэр щегъэджыным, нэгъуэщIхэми тепсэлъыхьащ филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым адыгэбзэмкIэ и къудамэм и унафэщI БищIо Борис, КъБКъУ-м адыгэбзэмрэ литературэмкIэ и кафедрэм и доцент Къардэн Мусэдин, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и унафэщI ТIымыжь Хьэмыщэ, филологие щIэныгъэхэм я доктор, профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым Къэбэрдей-шэрджэс литературэмкIэ и къудамэм и лэжьакIуэ пашэ БакIуу Хъанджэрий, КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэнымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и министерствэм лъэпкъ щIэныгъэхэмкIэ и къудамэм и унафэщI Табыщ Мурат, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, профессор, КъШР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжь, Къайсэр университетым (Тырку) щезыгъаджэ Иуан Зэуал, филологие щIэныгъэхэм я кандидат, АР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и институтым БзэщIэныгъэмкIэ и къудамэм и унафэщI Ансыкъуэ Сурэт, ДАХ-м хэт МэшхуэфI Нэждэт сымэ, нэгъуэщIхэри.
Адыгэбзэр хъумэным, зегъэужьыным ехьэлIа Iуэхугъуэхэр щызэпкъраха дунейпсо щIэныгъэ зэхуэсыр махуэ псом екIуэкIащ, пэублэ зэIущIэр зэфIэкIа нэужь, IэщIагъэлIхэм гупитIу загуэшри, Iуэхугъуэ пыухыкIахэм тепсэлъыхьащ.
НэщIэпыджэ Замирэ.