КЪУЩХЬЭ Надим: Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ.

Къущхьэ Надим ди лъэп­къэгъу куэдым яцIыху, фIыуэ ялъагъу. Ар егъэджакIуэщ, усакIуэщ, журналистщ, къэрал, жы­ла­гъуэ лэжьакIуэщ. Сирием щекIуэкIа зауэр къэхъеин ипэкIэ Адыгэ Хасэм и унафэщIу лэжьащ. Ар псоми зэрацIыхур гущабэрэ хьэлэлу, адыгэ Iуэхум гууз-лыуз иIэу бгъэдэтущ. ГъащIэ зыгъэунэхуа тхьэма­дэр 2013 гъэм и унагъуэр щIы­гъуу, Си­рием къиIэп­хъу­кIыжри,  Хэкум къи­тIыс­хьэжащ.

Къущхьэ Надим и адэш­хуэ Мыхьэмэтмырзэ Кавказ зауэм и зэманым хэкум ­ира­хуахэм языхэзщ, Абей­къуажэ (Урожайнэм) къы­дэкIащ. Абы и щIалищыр щIыгъуу япэу тIысыпIэ хуэ­хъуа Тырку Анэдолэм иIэп­хъу­кIыжри, Джоланым хы­хьэ Хъышние къуа­жэм дэ­тIысхьащ 1897 гъэм. Абы къыщы­хъуащ Надими. Ди лъэпкъым и щхьэ лIэ­щIы­гъуэ-лIэщIыгъуэкIэ кърикIуа зауэ къо­мыр я нэгу щIэкIащ Къущхьэхэ я унагъуэм: Япэ, ЕтIуанэ дунейпсо зауэш­хуэ­хэри, 1946 гъэм щыIа Па­лестинэ зауэри, 1967 гъэм адыгэ къуажэ къомыр щы­зэтра­къутэу ди лъэпкъэ­гъухэр аргуэру я псэупIэхэм къи­зыхуа, Джолан лъагапIэхэм щекIуэкIа зауэри, иужьрейуэ Сирием къыщыхъея зауэри. 
Адыгэм и лIыгъэр къигъэлъэгъуэнкIэ зэи хуэмы­хуакъым. Ауэ, Сирием ще­кIуэкIа зауэм щызэпэщIэтхэр мыIупщIу езы къэрал кIуэ­цIым щекIуэкIырти, лIыгъэ къыщыбгъэлъэгъуэну Iэмали щыIэтэкъым. А хьэ­лэ­бэлыкъыр щхьэусыгъуэ хуэхъуащ иужьрей зэманым Сирием ди лъэпкъэгъу куэд къызэрикIыжам. Надим игу къоуэ иужьрей илъэс тIо-щIитIым адыгэр мамыру, зыхэсым фIыуэ къалъагъуу зэрыса щIыналъэхэр ябгы­нэн хуей зэрыхъуар, абы ­къина ди лъэпкъэгъухэр къэ­рал зэхэкъутам щекIуэкI Iуэху мыщхьэпэхэм, хуей-хуэмейми, хэша зэрыхъур. 
Апхуэдэу ар ирогуфIэ хэкум къэзыгъэзэжахэм щхьэх ямыщIэу я псэуныгъэр зэ­рызэтраублэм. Пэжщ, уи Хэкум и IэплIэ ­хуабэм зыкъыбодзэри, гугъуехьри нэхъ гъэкIуэгъуафIэщ. Апхуэдэу щытми, цIыхур зы къуажэ, е зы унэ къыщIэкIыу нэгъуэщI унэ щIэтIысхьэным гугъуехь Iэджэ пылъщ. Абыхэм пэ­лъэ­­щынымкIэ хэкурысхэр къа­зэрыдэIэпыкъуам мы­хьэ­нэшхуэ зэриIэр, псом хуэмыдэу езым и лъэпкъэ­гъухэм, ­Къущхьэхэ, гуапагъэрэ гулъытэу ядилъэ­гъуар игу къегъэкIыж Надим. 
- КъэкIуэжахэм я унэцIэ-хэр «Адыгэ псалъэ» газе-тым къыщытрадзэм, сыкъагъуэтащ. КъакIуэхэри: «Уэ удикъуэшщ, укъы­зэры­кIуэ­жам дыщогуфIыкI. Нобэ гузэвэ­гъуэм укъыхэкIащи, дыбдэIэпыкъуну ды­хуейт, сыт нэхъ ухуэныкъуэ?» - жаIащ. Си гур къилъэ­ты­-ным хуэдэу сыгуфIащ, зеин­шэ къабзэу сызэ­ры­щы­мытыр зыхэсщIащ. Лъэпкъ сиIэщ, абы сыкъыхыхьэжащ, жыс­Iэри сыгушхуащ. Дызэрыпсэун къыдатурэ илъэсым нэблагъэ дэкIащ. Унэ зимыIэм ­лъапсэ иIэкъым, - жаIэ. Лъапсэ къэдугъуейри Дунейпсо Адыгэ Хасэм къыдита мелуан ныкъуэмкIэ унэшхуэ Нартан деж къы­щызэфIэдгъэуващ, и щхьэр си къуэшхэм схут­ралъхьэри, зыхуеин къыхуэ­мыту яухри, иджы дыдэ дыщIэтIысхьэжащ. ЩIалэ нэ­хъыщIэм и унагъуэм щIыгъуу дыщопсэу. Хэкум дыкъызэрыкIуэжрэ цIыхуу ­дыз­рихьэлIам я процент ­90-р гуапагъэ къы­зыпыкIщ. Сирием щекIуэкIа зауэм хэкIыу ­нэгъуэщI къэрал Iэпхъуа си лъэпкъэ­гъу­хэм­рэ хэкум къэзыгъэзэжахэмрэ зэп­лъытмэ, дэ дынэхъ на­сыпыфIэщ куэдкIэ. Ап­хуэ­дэу къэтлъытэным и щхьэ­усыгъуэ нэхъы­щхьэр ди цIыхухэм ягурэ я псэрэ зэIухауэ дыкъы­зэрыра­гъэблэ­гъэжарщ. Хэкур сыт? Хэкур цIыхуу исхэращ, абы хуабагъэу, дахагъэу щыплъагъуращ. Сэ ахэращ щыслъэ­гъуар.
Къущхьэ Надим и щIалэгъуэм къыщIи­дзауэ Адыгэ Хасэхэм я лэжьыгъэм жы­джэру хэтщ. Сирием и Чэнджэщэгъу Хасэм и унафэщIу лэжьащ, илъэсипщIым нэб­лагъэкIэ Къуцея жылэм и Хасэм и тхьэмадащ, Хэкум къызэригъэзэжрэ Дунейпсо Адыгэ Хасэм и ГъэзэщIакIуэ гупым хэтщ. ДАХ-м щыхэ­лэжьыхьа лъэхъэнэм теухуа и гуп­сысэхэмкIэ къыддо­гуашэ тхьэмадэр:
- Хасэм и лэжьыгъэм тегъэщIапIэ хуэхъу и Хабзэ ­(устав) диIэжщ. Абы Гъэзэ­щIа­кIуэ гупыр хэлэжьы­хьыж­ри къащтащ, дызы­щыпсэу ­къэ­ралыгъуэшхуэм щекIуэкI хабзэхэм пэщIэу-вэу зы Iыхьэ хэмыту. Ди лъэпкъыр къэтхъумэнумэ, адыгэм фIы хуэтщIэнумэ, а уставым ­де­мыбакъуэу ды­лэжьэн х­уейщ. Хасэм хэт-хэм лъэп­къым папщIэ ялэ­жьыр Тхьэм псапэу, насыпу къаритыж. Щызэхэсх щы-Iэщ Хасэм и лэжьэкIэр цIыхухэм яубу. Лэжьам и фIыщIэ зыгъэкIуэдхэм гуэ­ныхь къахь. Хасэм и лэжьыгъэм ­гъунэгъу зыхуэпщIу плъэкI хэплъ­хьэ­ным и пIэ-кIэ, жы­жьэу укъы­щыту уш­хыдэ нэужь, лъэп­къым уи зэран къокI.
Ди хэку къызэрыдгъэ­зэж­рэ гу лъыстакъым ди хабзэ зетхьэжыну зыми къытпиубыду, е ди бын анэдэлъхубзэ едгъэщIэну зэран къытхуэхъуIауэ. Апхуэдэщ нэ­гъуэщI къэралхэм щыпсэу адыгэхэри - а зи гугъу сщIахэмкIэ зыри дауэгъу къахуэхъуркъым. Апхуэдэу щы­щыткIэ, дэ ди зэран зэ­кIыжын хуейкъым, къэ­рал­хэм я хабзэхэм дытету ди псэуныгъэр, лэжьыгъэр зэ­тедублэн хуейщ. ДАХ-р зыкъутэну яужь ­къихьэр      адыгэ лъэпкъым епцIыжауэ собж сэ. Хасэр димыIэу зэ­рымыхъунур хьэкъыу ди фIэщ хъуауэ щытын ­хуейщ, псом хуэмыдэу хэхэс адыгэ­хэм. Анэ бгъэ хуабэу, хэкум дыщызэхуишэсу илъэс 25-м щIигъуауэ диIэщ Хасэр. ДэнэкIэ щыIэ ады­гэри зы Iэрэ зыгуу ДАХ-м дыгуэувэн ­хуейуэ соплъ. 
Бзэм теухуауэ. Мы Гъэзэ­щIакIуэ гупым сызэрыхэта лъэхъэнэм къриубыдэу Ха­сэм и зы зэхуэс блэкIакъым, псом япэ иригъэщу бзэм темыпсэлъыхьу. Бзэр хъу­мэнымкIэ ­комитетым ирихьэкIа лэжьыгъэр нэры­­-     лъа­гъущ, абы къызэщIиубыдащ хэкуры­с­хэри, дэнэкIэ щыпсэу ди лъэпкъэгъухэри. Абы и щыхьэтщ иджыбла-гъэ комитетым Налшык щригъэкIуэкIа Дунейпсо щIэ­ныгъэ конференцыр, абы къыщаIэта Iуэхугъуэхэр. Шэч хэлъкъым а зэхуэсым къыщащта унафэхэр къэ­кIуэну щIэблэхэм зэрахуэ­щхьэпэнум.
Мы комитетым и жэр­дэмкIэ едгъэжьауэ, ДАХ-м и архив щыIэну зэхэубла хъуа Iуэху­гъуэри икъукIэ ехъу­лIэ­ныгъэшхуэу къызолъытэ. СытыбзэкIи къыдэкIауэ, дэнэ щIыпIэ щытрадзами, адыгэхэм ятеухуауэ журнал, газет жыпIэми, ди лъэпкъэгъухэм я IэдакъэщIэкIыу тхылъ, сурэт хъуми - псори щызэхуэтхьэсынущ мы архивым. Ди щIэ­блэм и тхы-дэр ищIэнымкIэ, адыгэ дунейм нэхъыфIу щыгъуазэу къэ­хъунымкIэ мыхьэнэшхуэ иIэнущ, а архивыр тэрэзу тхуэгъэлажьэмэ. 
Дуней псом щикъухьауэ щыпсэу адыгэхэм мылъкушхуэ зиIэ куэд яхэтщ. Дауи, щIэныгъэшхуи ябгъэ­дэлъщ я нэхъыбэм. Сыту дэгъуэ хъунт апхуэдэхэм я мылъку халъхьэрэ хэкум къэзыгъэзэжыну зи мурадхэм ядэ­Iэпыкъуу зы фонд къызэрагъэпэщатэ­мэ. Е, къэзыгъэзэжахэм сэбэп яхуэ­хъуну проект гуэрхэр ­хэкум щызэхаублатэмэ. Дуней псом апхуэдэ щапхъэ куэд щызокIуэ икIи абы-    хэм сэбэпынагъыу къа-  хьым ­ды­щыгъуазэщ. Мис апхуэдэу пщIэ зиIэ Iуэху гуэрхэращ ди лъэп­къыр ­нэхъыбэу зы­хуэны­къуэр. АтIэ мы­хьэнэ зимыIэ псалъэмакъ мышыу къе­зы­хьэкIхэм зыри сэбэ­пынагъ къапыкIыркъым. 
Дунейпсо Адыгэ Хасэм илэжьу фIыгъэшхуэ къы­зыпыкIыу сэ сызыхэплъа-хэм ящыщщ ди щIэблэр зэрыгъэлъагъуным, къэрал щхьэ­хуэхэм щыпсэу ди ныбжьыщIэ цIыкIухэм хэкур егъэцIыхуным ехьэлIауэ ири­хьэкI лэжьыгъэр. Абы ­теухуауэ илъэсым и кIы­хьагъ­кIэ екIуэкI Iуэхугъуэхэм ­хэкурысри хэхэсри дыщы­гъуазэщ: гъэмахуэ зыгъэ­псэхугъуэм сабий гупыш­хуэ­хэр хэкум щохьэщIэ, зыщап­лъыхь, адыгэбзэ щрагъа­джэ. Апхуэдэу къэфакIуэ, артист ныбжьыщIэхэр сыт зэмани ди лъэпкъэгъухэм ирагъэблагъэри, къэрал зэ­мылIэужьыгъуэхэм фестивалхэм зыкъыщагъэлъа­гъуэ. Аращи, ди щIэблэр ­хэкупсэу къэгъэхъуным ехьэ­лIа лэжьыгъэр зэи зэ­пыуркъым. 
Адыгэр зыхэс лъэпкъхэм фIыуэ къа­лъагъу. Ди щэнхабзэр дахэщ, ди Iуэху зехьэкIэр екIущ. Апхуэдэу, Урысейм пщIэшхуэ щиIэщ ДАХ-м, абы и тхьэмадэ Сэхъурокъуэ Хьэутий. Сыт хуэдэ Iуэхугъуэ Хасэм къимыIэтми, дахэу гъэпсауэ, гупсысэ хэлъу ирегъэкIуэкI. Пэжщ, Хасэм хэтхэр баш цIыкIукIэ Iэнэм теуIуэмэ, зыхуей псор къэхутэну-къым. «Дунейпсо Адыгэ Хасэм и лэжьыгъэщ, абы и къалэнщ», - жамыIэу, хэти лъэ­кIыр къыхилъхьэу дэ­нэкIэ щыIэ адыгэри дэIэ­-пык­ъуэгъу хъун хуейщ. ДызэгурыIуэмэ, дызэкъуэувэмэ, дяпэкIи ди Iуэхур зэ­-ре­фIэ­кIуэнум шэч къытесхьэркъым. 
Къущхьэ Надим и Iэзагъри, и Iуэху еплъыкIэ узын­шэри, хэкум хуиIэ лъагъуныгъэри къызыхыхьэжа и лъэпкъэгъухэм яхуэсэбэпу, узыншэу куэдрэ ди япэ итыну ди гуапэщ.
 

Щоджэн Iэминат.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

20.04.2024 - 12:25

АЖЭГЪУЭМЭ - УЭСХЭКIЫКI - УЭСЧЭСЕЙ

Къэрал куэдым мэлыжьыхьым и 19-р «Ажэгъуэмэм и махуэу» щагъэлъапIэ. Абы гулъытэ хэIэтыкIа хуэщIыпхъэу къалъытэу, япэ дыдэу, I984 гъэм, Iуэхур къыщрахьэжьар Инджылыз къэралыгъуэрщ.    

20.04.2024 - 09:03

ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ КЪЭРАЛ 50-М ЩIИГЪУ ХЭТЫНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм мы гъэм еханэу щекIуэкIынущ «ТекIуэныгъэм и диктанткIэ» зэджэ, гъэсэныгъэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхугъуэ щхьэпэр.

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж