Адыгэ жылагъуэр зыгъэпIейтей Iуэхухэр къаIэт

Къэбэрдей-Балъкъэрым, Адыгейм, Къэрэшей-Шэрджэсым къыщыдэкI «Адыгэ псалъэ», «Адыгэ макъ», «Черкес хэку» газетхэм я редакцэхэм зэ­гъусэу къызэрагъэпэщ зэIущIэм и зи чэзу зэхыхьэр мызыгъуэгум Черкесск къалэм щекIуэкIащ. «Черкес хэкум» и редактор нэхъыщхьэ Абидокъуэ Люсанэ зэхуишэсащ хъыбарегъащIэ IэнатIэм, бзэм, литературэм хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр.

Зэхуэсахэр, газет Iуэхум и мыза­къуэу, лъэпкъыр мы зэманым зыIууэ гугъуехь­хэм, абыхэм я хэкIыпIэу къалъытэхэм, анэдэлъхубзэм и къэкIуэнум, литерату­рэм и зыужьыкIэм, лъэпкъ ­хъугъуэфIыгъуэхэр хъума хъуным, нэ­гъуэщIхэми тепсэлъыхьащ. Апхуэдэуи ахэр газет ­напэкIуэцIхэм къызэрыщыгъэлъэгъуапхъэр къыхагъэщащ.

Нэхъыщхьэрати, адыгэ газетищым зэгъусэу къыдагъэкI номерхэр зытеухуауэ щытыну Iуэхугъуэхэр яубзыхуащ. Псом япэ ирагъэщащ зи хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр щагъэлъапIэ шыщхьэуIу мазэм ирихьэлIэу зы къыдэкIыгъуэ ягъэ­хьэзырыну, адэжь лъахэм изэгъэжа ди лъэпкъэгъухэм я щыIэкIэ-псэукIэм теухуауэ. Абы къыкIэлъыкIуэнущ ди зэманым адыгэ жылагъуэр зыгъэпIейтейм, Урысей Федерацэм и Къэрал Думэм и депутат гупым лъэпкъыбзэхэр зэраджыну жыпхъэм теухуауэ къыхалъхьа законопроектыр къащтэмэ, дызыхуишэнкIэ ­хъунум, ар къамыщтэн папщIэ ящIэм, адыгэшым, адыгэ Iэщэ-фащэм, адыгэ литературэм хухэха къыдэкIыгъуэ зэгуэтхэр.

«Адыгэ псалъэ«, «Адыгэ макъ« газетхэм я редактор нэхъыщхьэхэу ХьэфIыцIэ Мухьэмэдрэ Дербэ Тимуррэ «Черкес ­хэкум« и редактору иджыблагъэ ягъэува Абидокъуэ Люсанэ ехъуэхъуащ и щIэныгъэмрэ зэфIэкIымрэ ирихьэлIэу адыгэ газетым куэдрэ хуэлэжьэну.

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)