ПсэупIэхэр зэрырагъэфIакIуэ щIыкIэр

КъБР-м и Парламентым, «Правитель­ствэм хухах сыхьэтым» хыхьэу, депу­-тат­хэр щытепсэлъыхьащ Къэбэрдей-­Балъкъэрым исхэм я псэукIэмрэ абыхэм хуащIэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэхэмрэ ирагъэфIэкIуэным теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм.

КъБР-м инфраструктурэмрэ бжыгъэ­хэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министрым и къуэдзэ - псэупIэ-коммуналь­нэ департаментым и унафэщI Гъэсашэ Жамболэт жиIащ, КъБР-м Ухуэныгъэмрэ гъуэгу IэнатIэмкIэ и министерствэр я ­гъусэу, «ПсэупIэ», «Къалэхэр зэIузэпэщ щIын», «Жьы хъуа унэхэр гъэмэщIэн» фе­деральнэ проектхэмрэ «ПсэупIэмрэ къалэмрэ» лъэпкъ Iуэхумрэ зэрелэжьыр.
- 2019 гъэм «Къалэхэр зэIузэпэщ щIын» проектым Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ щIыналъэу 32-рэ хыхьащ. Псори зэхэту мы гъэм фэтэр куэду зэхэт унэхэм я пщIантIи 145-рэ цIыху куэд щызэхуэс щIыпIэу 26-рэ зыхуей хуэдгъэ­зэнущ. 2018 гъэм апхуэдэ пщIантIэ 90-мрэ зэхуэсыпIэ 25-мрэ я теплъэр едгъэ­фIэкIуащ. Мы Iуэхухэм 2019 гъэм хухахынущ сом мелуан 267,3-рэ, - жиIащ къэп­сэлъам.
Ущыпсэу мыхъужыну унэхэм я гугъу щищIым, Гъэсашэм къыхигъэщащ, «Реформа ЖКХ» АИС-м къызэрипщытамкIэ, республикэм апхуэдэ псэупIэу метр ­зэбгъузэнатIэ мин 20,76-рэ зэрыщыIэр. Щы­тыкIэр ирагъэфIэкIуэн папщIэ, республикэм щаубзыхуащ «2019 - 2025 гъэ­хэм ­къриубыдэу КъБР-м жьы хъуа унэхэм цIыхухэр къыщыщIэгъэIэпхъукIын» программэр.
Мы зэманым Къэбэрдей-Балъкъэрым общежит 51-рэ щыIэщ, метр зэбгъу­зэнатIэ мини 130-рэ къызэщIаубыдэу. Абыхэм цIыху мини 8-рэ 981-рэ щопсэу. «Къэбэрдей-Балъкъэрым щыпсэухэр псэу­пIэрэ коммунальнэ Iуэхутхьэбзэ- хэмкIэ къы­зэгъэпэщын» къэрал програм­мэм хыхьэу, мы гъэм ди мурадщ общежит уни­щым щIэсхэм я псэукIэр едгъэ­фIэ­кIуэным сом мелуани 132,671-рэ тедгъэ­кIуэдэну. Ахэр щIыпIэкIэ хуозэ: Налшык къалэ - Кадыровым и уэрам, 15 «б», Калининградскэ, 3 «а», ПсыкIэху ­къуажэ - Лениным и уэрам, 16. 
Гъэсашэм жиIащ «ПсэупIэ» щIыналъэ проектым и къалэн нэхъыщхьэр 2024 гъэ пщIондэ унэу яухуэм метр зэбгъу­зэнатIэ мин 647-м нэхърэ мынэхъ мащIэу хэгъэхъуэныр зэрыарар. 2018 гъэм ап­хуэдэу метр зэбгъузэнатIэ мин 435,7-рэ яухуащ, фэтэр куэду зэхэт унэщIэ 49-рэ ящIащ (псоми зэхэту метр зэбгъузэнатIэ мин 91,7-рэ къызэщIаубыдэ). 2019 гъэм метр зэбгъузэнатIэ мин 474-рэ яухуэну я мурадщ.
- УнагъуэщIэхэм я псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэным 2019 гъэм бюджет ахъшэу сом мелуан 59,4-рэ хуаутIыпщынущ. Абы щыщу сом мелуан 39,9-р федеральнэ ахъ­шэщ, сом мелуани 3-р республикэм и мылъкущ, сом мелуан 16,5-р муници­пальнэ щIыналъэхэм ейщ. ПсэупIэ къращэхун (е яухуэн) папщIэ, унагъуэщIэ 90-м социальнэ ахъшэкIэ зэрадэIэпыкъу дэф­тэрхэр иратащ, ахэр зэрагъэзэщIэнум яужь итщ мы зэманым, - жиIащ Гъэсашэм.
«Псы къабзэ» федеральнэ проектым хыхьэ «Экология» лъэпкъ Iуэхум къыщыгъэлъэгъуахэр 2019 - 2021 гъэхэм ягъэ­зэщIэн папщIэ, республикэм сом мелуан 83,3-рэ къыхуаутIыпщащ. «Мы гъэм ­Дальнее жылагъуэм Ленинымрэ Чапаевымрэ я цIэхэр зезыхьэ уэрамхэм ­псыжапIэхэр щыухуэным сом мелуани 10,02-рэ (километр 1,86-рэ къызэщIаубыдэу) трагъэкIуэдэнущ, апхуэдэуи ­Белоглинскэ къуажэм псы бжьамийуэ щаукъуэдиинущ километри 4,9-рэ», - дыщIигъуащ къэпсэлъам.
Гъэсашэм жиIащ коммунальнэ кIэрыху­бжьэрыхухэр дэшынымрэ ахэр гъэсеи­жынымрэ зи къалэну щыт «Экологистикэ» ООО-м и лэжьыгъэр 2018 гъэм и мэлыжьыхьым республикэм зэрыщы­зэтраублар икIи иригъэкIуэкI Iуэхухэм ­теухуа хъыбархэр, цIыхухэр нэхъыбэу зы­щIэупщIэхэм я жэуапхэр зэпымыууэ социальнэ сетхэм къыщызэIуаха напэ­кIуэцIхэм къызэрыралъхьэр.
- Унащхьэхэмрэ унэ щIыбхэмрэ, ап­хуэ­дэуи инженернэ системэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ, фэтэр куэду зэхэт унэ 36-м я лифтхэр зэхъуэкIынымкIэ 2018 гъэм яубзыхуа лэжьыгъэ псори къызыхуэ­тыншэу зэфIэкIащ. Мы гъэми фэтэр куэду зэхэт унэ 58-м зэгъэпэщыжыныгъэ лэжьыгъэ щекIуэкIынущ, сом мелуан  221-рэ текIуадэу, - жиIащ къэпсэлъам.
КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэ АфэщIагъуэ Михаил щIэуп­щIащ общежитхэм къыщIагъэIэпхъукI­хэм я Iуэхур здынэсам.
Гъэсашэм жиIащ Налшык къалэм Кадыровым и уэрамым тет унэ №15-м щIэса унагъуэ 58-р къыщIэгъэIэпхъукIы­ным 2018 гъэм сом мелуан 96-рэ зэрыт­рагъэкIуэдар. «Унагъуэ 46-рэ мы гъэм дгъэ­Iэпхъуэнущ. Зэман гъунэгъум дгъэ­Iэп­хъуэну ди мурадщ ПсыкIэху къуажэм дэт апхуэдэ унэм щIэс унагъуэ 15-мрэ ­Налшык къалэм и Калининградскэ уэрамым тетым щIэсхэмрэ. Министерствэр мы зэманым йолэжь абыхэм субсидие зэрыратынум теухуа унафэр гъэхьэ­зы­рыным», - пищащ Гъэсашэм.
КъБР-м и Парламентым Мэкъумэш политикэмкIэ, щIыуэпсыр хъумэнымрэ ар къэгъэсэбэпынымкIэ, щIы IуэхухэмкIэ и комитетым и унафэщI Мокаев Кемал щIэупщIащ 2019 гъэм и япэ мазищым ­къуажэхэм кIэрыхубжьэрыхухэр къызэ­рыдашам и пщIэр къызэрыхэкIам. 
- ЩIышылэ мазэм абы и уасэу республикэ псом къыхэкIар проценти 5 ­хъуауэ аращ. Ауэ мэлыжьыхьым ирихьэлIэу щIыналъэ операторым хузэ­фIэ­кIащ а бжыгъэр процент 39,9-м нигъэ­сын. Апхуэдэурэ екIуэкIмэ, Iуэхур зэтеувэнущ, - жиIащ Гъэсашэм.
Абы дыщIигъуащ мы зэманым «Эко­логистикэ» ООО-м и Iуэхутхьэбзэхэр зыхуищIэхэр процент 85-рэ зэрыхъур, республикэм щылажьэ IуэхущIапIэхэм я процент 20-ми ар зэрадэлажьэр. Республикэ псом къыхаш кIэрыхубжьэрыху­хэр Аруан, Прохладнэ щIыналъэхэм щыIэ полигонхэм ирашалIэ.
ЗэIущIэм депутатхэр щытепсэлъыхьащ республикэм и район щхьэхуэхэм псыр тэмэму зэращыIэрымыхьэм, нэгъуэщI Iуэхухэми.

КъБР-м и Парламентым и пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.