Бзылъхугъэ щыпкъэм и щапхъэСэрмакъ къуажэ щыщ Дау КIулэ Хьэмац и пхъум и ныбжьыр илъэси 104-рэ ирикъуащ. Абы и унэм кIуэри ехъуэхъуащ, тыгъэ гуэрхэри хуащIащ Дзэлыкъуэ щIыналъэ администрацэм и унафэщI Джатэ Русланрэ къыдэлажьэхэмрэ. Iуэхугъуэ дахэкIэ икIи гугъукIэ гъэнщIа гъащIэ кIыхь къигъэщIащ Дау КIулэ. Ар 1915 гъэм накъыгъэм и 15-м Сэрмакъ къуажэм щыщ ХьэIупщы Хьэмацрэ Хужьрэ я унагъуэм къыщалъхуащ. Езым и къуажэгъу Дау Хьэлий и гъусэу унагъуэ иухуащ. Ахэр колхозым хэтащ, Хьэлий бригадиру, езыр звеном и пашэу. А зэманым хиубыда дэтхэнэ зыми ещхьу, зэщхьэгъусэхэр зауэ нэужь лъэхъэнэ гугъум лэжьащ я псэ емыблэжу, аращ фIыщIэ папщIэу тIэунейрэ ВДНХ-м щIагъэкIуар.
Поделиться: ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:
|